Жылагъуэр зэкъуэтмэ, къэралыр лъэщщ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэм ­къы­тIущIащ республикэм и Правительствэм и Унафэ­щIым и къуэдзэ Къуэшы­рокъуэ Залым, лъэпкъ Iуэхухэмрэ щIалэгъуалэ проектхэмкIэ и министр КIурашын Анзор, абы и ­къуэдзэ Гергоков Джамболэт, Урысей Федерацэм и Президентым деж щызэхаша, Лъэпкъ зэхущытыкIэ­хэмкIэ советым хэт, Урысейм ис лъэпкъхэм я ассам­блеем Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ къудамэм и унафэщI, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, КъБР-м и Жылагъуэ палатэм хэт Сэхъурокъуэ Хьэутий сымэ. 

УпщIэрэ жэуапу къызэ­рагъэпэща зэхыхьэм пэублэ псалъэ щыжиIащ Къуэшы­рокъуэ Залым.
- Хабзэ зэрытхуэхъуауэ, Уры­сей Федерацэм и зэ­къуэтыныгъэм и махуэм иредгъэхьэлIэу ди щIыналъэм, гъэ къэси хуэдэу, щыдоублэ «Этнографие диктантышхуэ» зыфIаща пэ­хуэ­щIэм и пэщIэдзэ Iуэхугъуэ­хэр. Зи гугъу тщIы диктантыр ди республикэм къызэрыщетхьэжьэрэ мы гъэм илъэсипщI ирокъу. Иджы, зэ­рытщIэщи, ар ирихьэлIащ Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ къызэрыщытхьрэ илъэс 80 зэрырикъумрэ 2025 гъэр Хэкум и хъумакIуэм и илъэсу зэрагъэувамрэ. 
«Этнографие диктантыш­хуэ» зыфIаща урысейпсо Iуэху­гъуэр, гъащIэм къызэ­ригъэлъэгъуауэ, къэралпсо жылагъуэр зэкъуэзыгъэувэ бгъэдыхьэкIэ нэхъыфIхэм ящыщ зыщ. Сыту жытIэмэ, ар зытелажьэр УФ-м ис лъэпкъхэм ижькIэрэ къадекIуэкI, купщIэшхуэ зыхэлъ дуней еплъыкIэхэр, псэкупсэ-гъэсэныгъэ екIум и «телъхьэ» зэхущытыкIэ дахэхэр утыку къихьэнырщ, къытщIэхъуэ щIэблэм абы­хэм гу лъегъэтэнырщ. 
Дэ куэдрэ дытопсэлъыхь, зэрыщыту къатщтэмэ, ди къэралми республикэми ис лъэпкъхэм къыддекIуэкIа тхыдэм и зы Iыхьэшхуэу къэлъытапхъэ, СССР-р щы­щыIа лъэхъэнэми абы иужь ита илъэсхэми къыщызэднэкIа гугъуехьхэмрэ ехъу­лIэныгъэхэмрэ дызэры­зэ­рип­хам. Къыхэгъэщыпхъэщ: УФ-м и политикхэм дызэрыт зэманми къытрагъэзэжурэ жаIэ дэтхэнэ лъэпкъми тегъэщIапIэ лъэщу диIэ, дызэрыгушхуэ ­хъун, псэкупсэ-гъэсэныгъэ екIум ехьэлIа, цIыхугъэ нэсыр зи джэлэс хъуэпсапIэхэр зэрыдиIэр. Шэч хэлъкъым, ахэр ди лъабжьэу, зэхущытыкIэ дахэхэм адэкIи дызэрыхуэ­кIуэфынум, ди блэкIар зэ­блэ­зышыну, и пэжыпIэр зэ­зыхъуэкIыну хущIэкъу ди жагъуэгъухэм дазэрыпэщIэ­ты­фынум. 
Дауи, абы ехьэлIауэ гу­рыIуэгъуэщ, блэкIар щIэзыхъумэу, къызэрекIуэкIар нэгъуэщIу къыщIезыгъэдзы­жыну пылъхэр зи яужь итыр, я нэхъ мащIэрауэ, ди цIыху­хэм я гупсысэкIэр зэблэ­шынырщ, тхыдэм фIыуэ щы­мыгъуазэхэр, псом япэ­рауэ, ди щIалэгъуалэр, ­гъуэгу пхэнж тешэнырщ, а «уз зэрыцIалэм» кIуэ пэтми зэ­рызрагъэубгъунырщ. Къи­­мыдэкIэ, ди пэщIэуэгъу­хэр зыхуейр Урысей Федерацэр, и хэгъэгу ухуэкIэмкIи щыпсэу лъэпкъхэм я зэб­гъэдэтыкIэ-зэхущыты­кIэ­хэм­кIи дуней псом тет къэ­ралхэм я нэхъ телъыджэ дыдэу зэрыщытым драмыгъэгупсысынырщ.     
Ди ныкъуэкъуэгъухэр зи яужь ит Iуэхугъуэ мыфэ­мыц­хэм ящыщу мыри къыхэгъэщыпхъэщ. Ар сыт жытIэмэ, Урысей Федерацэм ис лъэпкъхэм ижькIэ­рэ дызыгъэдахэу къыд­де­­кIуэкI ди хабзэ-бзыпхъэ зэмыщхь­хэр къызэднэкIыу, псоми ди гупсысэкIэ-дуней тетыкIэр, псынщIэ-псын­щIэу, зым хуэтшэжу зэфэ­зэщ зэрыт­щIыным (глобализацэ) ды­хущIэкъунырщ. АтIэми, зэ­ры­нэрылъагъущи, дызэрыапхуэмыдэм, ди къэралым зэхущытыкIэ дахэхэр, хабзэ-бзыпхъэ къе­кIухэр къызэ­-ры­щызэтедгъэнэным ды­-  ­зэ­ре­лIалIэм ди ныкъуэ­­къуэгъу­хэр зэгуегъэп. 
ГъэщIэгъуэнщ, ауэ Къухьэ­пIэ къэралхэм гупсысэр япэ изыгъэщу, гъащIэм зэхэ­тыкIэ дахэ, къекIу къыщы­зылъыхъуэу щыпсэу цIыху нэхъ губзыгъэхэр нэхъри ­нэхъ къызыхуеплъэкI хэгъэгухэм Урысей Федерацэри ящыщщ. Ар къызыхэкIыр сыт жытIэмэ, езыхэм алъандэрэ зэхуаIа зэхущытыкIэ зэгъхэр IэщIыб езыгъэщIыжа «гъэпцIакIуэхэм» я зэранкIэ, я жылагъуэр хабзи нэмыси зыдамылъэгъуэж, зэ­фэзэщ-зэщыщхъу щы­ты­кIэ къемызэгъым зэрыхуэ­кIуарщ, нэхъри зэрыхуэ­кIуэрщ. Арагъэнущ щхьэу­сыгъуэ хуэхъури зи гугъу тщIы хэкухэм къыщыхъуа куэдым щыпсэуну ди къэралыр къыщIыхахым. А псом дэгъуэгурыкIуэуи дыхуейт мы махуэхэм къетхьэжьэ «Этнографие диктантыш­хуэм» упщIэ, дерс зэмы­лIэужьыгъуэ хуэзыгъэхьэ­зырхэми абы къекIуэлIэнухэми, зэрыжытIащи, псом япэрауэ, ди лъэпкъхэм ижькIэрэ къыддекIуэкIа хабзэ-бзыпхъэ дахэхэм ящыщу ди нобэрей гъащIэм къытхуэхьэсахэми абы ипэкIэ дызэрыщытахэми я егупсы­сыкIэ-бгъэдыхьэкIэр траухуэну.  
Мыри къыхэзгъэщынут. Мы зэIущIэм ипэ къихуэу дэ, КъБР-м и Парламентым и жэрдэмкIэ, къызэIутхащ дзэ Iуэху хэхам хэт ди щIалэхэр зыпэщIэхуэ-зыхэт гугъуехьым, апхуэдэуи а лъэны­къуэмкIэ къыщытпэщIэувахэм Донбассым щызэрахьа хьэ­кIэкхъуэкIагъэр зыхуэдэр къы­зыхэщыж сурэтхэмкIэ зэ­хагъэува гъэлъэгъуэныгъэр. Украинэм и националистхэм я бзаджэнаджа­гъэр зыкIэлъызэрахьар, псом япэрауэ, а щIыналъэхэм щыпсэухэрщ. Сыт атIэ ап­хуэдэ гузэвэгъуэр къыщIэ­хъуар? Дэ дызэреплъымкIэ, националистхэм а хьэкIэ­кхъуэкIагъэр щызэ­рахьэм, Украинэм щыпсэу­хэм я нэхъыбэр гухэщ­тын­шэу зэры­щытарщ. Дызы­щы­гъуа­зэ а Iуэхум, псом япэрауэ, дызригъэгупсысыр жы­ла­­гъуэр гулъы­тэншэу щыт зэрымыхъунурщ. ­Аращ нэхъыбэу зыхуэгъэзар лъэпкъ зэхущы­тыкIэ­хэм ­ятеу­хуауэ ди къэралым къыщ­рахьэ­жьэ пэхуэ­щIэхэм я нэхъы­бэр, - жиIащ Къуэ­шыро­къуэм.
«Этнографие диктантышхуэ» зыфIащам и мыгъэрей Iыхьэм и зэхэгъэувэкIэ-къызэгъэпэщыкIэм, щрагъэкIуэкIыну щIыпIэхэм тепсэлъыхьащ, журналистхэм ди упщIэхэми жэуап ­къратащ зэIущIэм и жьантIэм дэсахэм.
Тхыгъэри  сурэтри  КЪУМАХУЭ  Аслъэн  ейщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

11.08.2026 - 14:52

Бзур зыIэтыр дамэщ, цIыхур зыIэтыр акъылщ

Журт Хьэсэн 1961 гъэм Зэрэгъыж къуажэм къыщалъхуащ. Курыт школыр къиуха нэужь, КъБКъУ-м и математикэ факультетым щеджащ. Хъы­барегъащIэ IэмалхэмкIэ IуэхущIапIэ зыбжанэм Iутащ.

11.08.2026 - 10:45

Дэрэжэгъуэр хьэщIэхэм къызэпаудащ

«Спартак-Налшык» (На­л­шык) - «Ростов-2» (Дон Iус Ростов) - 0:3 (0:1). Налшык. «Спартак» республикэ стадион. ШыщхьэуIум и 8-м. ЦIыху 648-рэ еп­лъащ. 

11.08.2026 - 09:57

ХэкIыпIэхэмрэ Iэмалхэмрэ яубзыху

КъБКъУ-м и медицинэ академием щекIуэкIащ лышх узыфэм, ар зыпкърыт сымаджэхэм ягъуэтын хуей дэIэпыкъуныгъэм теухуа япэ щIыналъэзэхуаку щIэ­ныгъэ-практикэ конференцэ.

10.08.2026 - 14:25

Темыркъаным и пшыхьхэр

КъБР-м и Музыкэ къэрал театрым мы махуэхэм щызэхуащIыжащ симфоние музыкэмкIэ «Темыркъаным и пшыхьхэр» фестивалыр.

10.08.2026 - 10:57

ХъугъуэфIыгъуэ куэ­дым я гъэтIылъыпIэ

Ди фIыр дымыгъэпудыну, ди Iейр дымыгъэпщкIуну илъэс пщIы бжыгъэ зыбжанэ хъуауэ дыкъыхуезыджэ икIи къыдэущие «Адыгэ псалъэ» газетым и мин 25-нэ къыдэкIыгъуэр ­дунейм къытехьакIэщ.