|
|
Марьяш Иринэ куэдым щIоупщIэ.
2 декабря, 2019 - 06:57
Къэрал Думэм и депутатхэм щIыналъэхэм щрагъэкIуэкI тхьэмахуэ лэжьыгъэм хиубыдэу «Урысей зэкъуэт» фракцэм хэт Марьяш Иринэ Iуащхьэмахуэ районым щыIащ икIи Былым, Бедыдж, ЛашкIутIэ къуажэхэм ящыщу зи щхьэ IуэхукIэ къекIуэлIахэм яхуэзащ.
Тхьэусыхафэ, лъэIу зэмылIэужьыгъуэхэр яIэу а махуэм депутатым зыкъыхуагъэзащ цIыху 13-м. Абыхэм нэхъыбэу къаIэтар бынищ, нэхъыбэ зиIэ унагъуэхэм я псэупIэхэр егъэфIэкIуэнырщ, унэхэр зращIыхьын щIапIэхэр яхухэхынырщ.
«Унэхэр ящIын папщIэ цIыхухэм щIы Iыхьэхэр епткIэ зэфIэкIынукъым, щIапIэхэр зыхуеину инфраструктурэмкIэ къызэгъэпэщын хуейщ. Абы къыхэкIыу мы Iуэхур тэмэму дэкIын папщIэ зыхуэфащэ комплекс бгъэдыхьэкIэ къыхуэгъуэтыпхъэщ», - жиIащ Марьяш Иринэ.
Депутатыр иужькIэ еплъащ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм физкультурэмрэ спортымрэ зыщегъэужьыныр» къэрал программэм ипкъ иткIэ Былым къуажэм дащIыхь футбол джэгупIэм. Ар къуажэкум щаухуэ, футболым дихьэххэм я щысыпIэхэр иIэу, гъуэр футбол джэгупIэм и мардэхэм къитIасэу.
|
|
08.10.2026 - 09:03 Хабзэ зэрыхъуауэ, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Къэбэрдей-Балъкъэрым и егъэджакIуэхэмрэ гъэсакIуэхэмрэ яхуэзащ. |
|
|
08.10.2026 - 09:02 Къэбэрдей-Балъкъэрыр илъэси 100 зэрырикъум и цIэр зезыхьэ паркым ит галереем мы махуэхэм щагъэлъагъуэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ сурэтыщI, ХудожествэхэмкIэ Урысей академием и академик, философ |
|
|
08.10.2026 - 09:00 Лъэпкъ библиотекэм и лъахэхутэ къудамэм щекIуэкIащ КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ, тхакIуэ ЩоджэнцIыкIу Iэдэм къызэралъхурэ мы гъэм илъэси 100 зэрырикъум теухуа пшыхь. |
|
|
07.10.2026 - 09:03 Бзылъхугъэ гуащIафIэ, илъэс 45-м нэблэгъауэ химиемрэ биологиемкIэ егъэджакIуэ, Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Кыщпэк (Тыжьей) къуажэм къыщалъхуа, республикэм ЕгъэджэныгъэмкIэ и министерствэм |
|
|
07.10.2026 - 09:03 Зи гуащIэдэкIым щыгуфIыкI цIыхум и насыпщ. |
|