«Егъэджэныгъэ» лъэпкъ проектыр мэлажьэ.

Ди республикэм и къалащхьэ Налшык иджыблагъэ къыщызэрагъэпэщащ пэ­щIэдзэ классхэм щезыгъаджэхэм ябгъэдэлъ щIэныгъэм хэзыгъахъуэ «Бжыгъэр зи лъабжьэ егъэджэныгъэ Iэмалхэр, «Яндекс. Учебник»-м тету» курсхэр. Егъэджэныгъэхэм хэтащ ди щIыналъэм и егъэджакIуэ 400-м щIигъу.
Курсхэр къыщызэIуахым, абы къе­кIуэлIахэм захуигъэзащ КъБР-м цIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэ­гъуалэм я IуэхухэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Къумыкъу Iэуес. Ар тепсэлъыхьащ бжыгъэр зи лъабжьэ егъэджэныгъэм щIыналъэм хэпщIыкIыу зыщегъэужьын зэрыхуейм.
-Нобэрей егъэджакIуэм щIэныгъэ куу бгъэдэлъыпхъэщ иджырей технологие пэрытхэм ехьэлIауэ. Егъэджэныгъэм хэлъ апхуэдэ дызыгъэпIейтей Iуэхугъуэ­хэм хуэгъэпсауэ ди деж илъэс зыбжанэ лъандэрэ шэщIауэ щолажьэ УФ-м и Президент Путин Владимир къыхилъхьауэ щыта «Егъэджэныгъэ» лъэпкъ проектыр, - къыхигъэщащ Къумыкъум. - ЩIыналъэ егъэджэныгъэ IэнатIэм зыIэригъэхьа ­ехъулIэныгъэ куэдым шэсыпIэ яхуэхъуа а жэрдэм гъуэзэджэр здынэмыс унэтIыныгъэ щымыIэми ярейщ. Абыхэм языхэзщ нобэ къызэIутх курсхэр.
«Яндекс.Учебник» Iэмалыр «Бжыгъэр зи лъабжьэ егъэджэныгъэ» проектым епхахэм ящыщщ. Абы и фIыгъэкIэ егъэджакIуэхэм щыгъуазэ зыхуащIыфынущ электрон егъэджэныгъэ программэхэм, технологиещIэхэм, школ лэжьакIуэхэм яхэлъ Iэзагъым, творчествэм хигъа­хъуэу. ЩIыналъэхэм щылэжьэну а проектым и пашэ Корзеев Артём зэрыжиIамкIэ, «Яндекс.Учебник»-р егъэджакIуэм дерсхэм къыщигъэсэбэп хъунущ, хабзэ хъуауэ зэрылажьэ адрей методикэхэми ящIыгъуу. А Iэмалыр къагъэсэбэпурэ ягъэзэщIэфын унэ лэжьыгъэхэм школакIуэхэр дегъэхьэхынри ехъулIэныгъэ къызыпэкIуэн Iуэхугъуэщ. Математикэмрэ урысыбзэмрэ хуэщIа апхуэдэ лэжьыгъэхэр гъунэжу пщIэншэу щыбгъуэтынущ «Яндекс.Учебник»-м.

Къардэн Ритэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

08.10.2026 - 09:03

Зэи мыкIуэдыжыну IэщIагъэ

Хабзэ зэрыхъуауэ, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Къэбэрдей-Балъкъэрым и егъэджакIуэхэмрэ гъэсакIуэхэмрэ яхуэзащ. 

08.10.2026 - 09:02

Дыгъэм кърегъэгъэзэж

Къэбэрдей-Балъкъэрыр илъэси 100 зэрырикъум и цIэр зезыхьэ паркым ит галереем мы махуэхэм щагъэлъагъуэ Къэбэрдей-­Балъкъэрым и цIыхубэ сурэтыщI, ХудожествэхэмкIэ Урысей академием и академик, философ

08.10.2026 - 09:00

И тхыгъэхэр къэцIыхугъуафIэт

Лъэпкъ библиотекэм и лъахэхутэ къудамэм щекIуэкIащ КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ, тхакIуэ ЩоджэнцIыкIу Iэдэм къы­зэралъхурэ мы гъэм илъэси 100 зэ­ры­рикъум теухуа пшыхь.

07.10.2026 - 09:03

ФIым ухуэлъащэмэ, фIым ухуэкIуэнщ

Бзылъхугъэ гуащIафIэ, илъэс 45-м нэблэгъауэ ­химиемрэ биологиемкIэ ­егъэ­джакIуэ, Бахъсэн ­щIыналъэм хыхьэ Кыщпэк ­(Ты­жьей) къуажэм  ­къы­­­щалъхуа, республикэм Егъэ­­джэныгъэмкIэ и министерствэм

07.10.2026 - 09:03

И гуащIэм щыгуфIыкIыу

Зи гуащIэдэкIым щыгуфIыкI цIыхум и насыпщ.