КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ Минеральные Воды къалэм щекIуэкI зэхуэсыр зэхьэлIа ди къулыкъущIэхэмрэ дыгъуасэ яIущIащ Къэрал гъуэгу агентствэм и унафэщI Новиков Роман Виталий и къуэм.
Абы республикэм и УнафэщIыр щытепсэлъыхьыжащ интернетым щиIэ напэкIуэцIым.
«Мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэху зыбжанэм я гугъу щытщIащ зэIущIэм. Къапщтэмэ, дыкъытеувыIащ Iуащхьэмахуэ щIыналъэм щедгъэкIуэкI гъуэгу лэжьыгъэхэм, абыхэм гъэмахуэ кIуам Тырныауз ятIэпс къыщыдэуам ар зэран зыхуэхъуахэр зэгъэпэщыжынри яхэту, - дыкъыщоджэ тхыгъэм. - Апхуэдэу дытепсэлъыхьащ туристхэр жыджэру здэкIуэ, абы ипкъ иткIи зи экономикэр жыджэру ефIакIуэ Шэрэдж щIыналъэм и гъуэгухэм зегъэужьынми.
Гъуэгухэр шынагъуэншэу икIи щызекIуэгъуафIэу щытын хуейщ. Ухуэныгъэхэм ящыщ зыщ къэрал гъуэгум щыщ Iыхьэу Аруан - Балъкъэр Ипщэ - Уштулу жылэхэр къызэщIэзыубыдэр, километритху зи кIыхьагъыр. ИджыкIэ абы мывэкIэщхъ телъу аращи, ди мурадщ абы асфальтрэ бетонрэ зэхэлъу тетлъхьэну, абы епха инфраструктурэми зедгъэхъуэжыну. Щхьэхуэу къыхэзгъэщынщ, «ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр», «ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ проект-хэу ди Президентым къыхилъхьахэм я фIыгъэкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и гъуэгу IэнатIэм зэи къэмыхъуауэ зедгъэужьыну Iэмал зэрыдиIэр.
Гъуэгухэр щIыналъэ, къалэ псоми, уеблэмэ ди къуажэ нэхъ пхыдзахэми щызэрагъэпэщыж. Илъэсихым къриубыдэу тхузэфIэкIащ автомобиль гъуэгуу километр 1200-м щIигъу къэдгъэщIэрэщIэжын, километр 400-м уэздыгъэхэри щыфIэддзащ.
Гъуэгу лэжьыгъэхэр зэкIэлъыкIуэу, псынщIэу ирагъэкIуэкI, абы пыщIа нэгъуэщI Iуэхухэри къыдагъакIуэу.
Мы илъэсым и закъуэ мардэхэм тету гъуэгу ухуэныгъэ 50 идогъэкIуэкI, псори зэхэту километр 84-рэ къызэщIаубыдэу, лъэмыжу 14, абыхэм ящхьэщыкI гъуэгухэмрэ зэблэкIыпIэхэмрэ яхэту.
Урысейм ТранспортымкIэ и министерствэм, Къэрал гъуэгу агентствэм, «Кавказ» Управленэм фIыщIэшхуэ яхузощI гулъытэ къызэрытхуащIым, сэбэпышхуэ пылъу дызэрызэдэлажьэм папщIэ. А лэжьыгъэм и фIыгъэкIэ республикэм щыпсэухэмрэ абы и хьэщIэхэмрэ гъуэгу шынагъуэншэхэр, тыншхэр яIэщ, цIыхухэм я псэукIэр йофIакIуэ».
КIуэкIуэ Казбек а махуэм хуэзащ республикэм и лIыкIуэхэу «Гъуэгу-2025» гъэлъэгъуэныгъэм хэтыну Минеральные Воды къалэм кIуахэм.
Абыхэм яхэтащ ди щIыналъэм и гъуэгуухуэ IуэхущIапIэхэм щыщхэр. «Фи лэжьыгъэм и фIыгъэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым кIуэ пэтми нэхъыбэ щохъу гъуэгуфI шынагъуэншэхэр», - яжриIащ КIуэкIуэ Казбек абыхэм икIи фIыщIэ яхуищIащ я IэнатIэм зэрегугъум папщIэ, ехъуэхъуащ зэхуэсым къызэщIиубыдэ программэм я лэжьыгъэр езыгъэфIэкIуэну Iуэху щхьэпэхэр къыхахыну.