Гуимыхуж махуэщI

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым иджыб­лагъэ Архитекторым и махуэр Iэ­тауэ­ щагъэлъэпIащ. Нэм къыщIидзэ ухуэ­ныгъэ дахэхэр, ущыпсэункIэ тыншу икIи зэпэщу гъэпсахэр зи гупсысэхэкI IэщIа­гъэ­рылажьэхэм я махуэщIым кърихьэ­лIащ КъБКъУ-м архитектурэмкIэ, ухуэ­ныгъэм­рэ дизайнымкIэ и институтым и лэ­жьакIуэхэмрэ щеджэхэмрэ, IэнатIэм щылажьэхэр, жылагъуэ лэжьакIуэхэр.

Зэхыхьэр псалъэ гуапэкIэ къызэIуихащ институтым и унафэщI, гъуазджэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат, Дизайнерхэм я зэгухьэныгъэм хэт СулътIан Iэминат. Махуэ дахэм дэтхэнэми фIыгъуэрэ гуфIэгъуэрэ къахуихьыну, ящI гукъэкIхэр къадэхъуну, дахэмрэ гуакIуэмрэ щытепщэ я жэрдэмхэр нахуэ хъуну ехъуэхъуащ.
АдэкIэ псалъэ иратащ институтым архитектурэмрэ дизайнымкIэ и кафедрэм и унафэщI, техникэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат, Урысейм и архитекторхэм я зэгухьэныгъэм хэт ГъукIэлI Хьэзрэт. Ар къызэхуэсахэм махуэщIым и тхыдэм яхутепсэлъыхьащ, абы и мыхьэнэми и гугъу ищIащ.
– Мы IэнатIэм пэрытхэм, абы къигъэув Iуэхугъуэхэр гурэ псэкIэ къэзыщтэхэм я махуэщIыр япэ дыдэу щагъэувар 1946 гъэрщ, къыщыхъуари Инджылызырщ, Лондон къалэрщ. Пащтыхьыгъуэм щекIуэкIа зэхуэсым ирихьэлIат дуней псом щыцIэрыIуэ архитекторхэр. Абыхэм яхэтащ Совет къэралым щыщ ди нэхъыжьхэри. А зэхуэсыращ япэ дыдэу къыщыхалъхьари, зэакъылэгъуу къыщащтари Архитекторхэм я дунейпсо зэгухьэныгъи IэщIагъэм ирилажьэхэр зыIэт махуэщIи щыIэн хуейуэ. Зэгухьэныгъэр къызэрагъэпэщащ, нобэ абы къэралищэм щIигъум щылажьэу къудамэхэр хэтщ. Ауэ махуэщIым и Iуэхум унафэ щигъуэтар 1985 гъэрщ. Архитекторхэм я дунейпсо зэхуэсу а илъэсым зэхыхьауэ щытам, щызэгурыIуат махуэшхуэр бадзэуэгъуэ мазэм и япэ блыщ­хьэм траухуэну. АрщхьэкIэ Барселонэ къалэм 1996 гъэм щызэхэта, Архитекторхэм я XX дунейпсо зэхуэсым ар бжьыхьэм къа­дзыжащ. Лъэпкъхэм я Дунейпсо Зэгухьэныгъэм къыхилъхьауэ, ПсэупIэм и дунейпсо махуэм хуэзэу архитекторхэми я гуфIэгъуэ зэIущIэхэр къызэрагъэпэщ а махуэм. Урысей махуэгъэпсми и увыпIэ щигъуэтащ махуэщIым, къэралми IэнатIэм пэрытхэм а махуэм гулъытэ къахуещI, и IэщIагъэмкIэ цIэрыIуэм «Урысей Федерацэм и цIыхубэ архитектор» цIэ лъапIэр а махуэм къы­хуагъэфащэ.
Илъэс къэс мы махуэм ирихьэлIэу дунейм и щIыпIэ куэдым гуфIэгъуэ зэIущIэхэр щы­зэхохьэ, щIэнIуатэхэр щызэхашэ, зэпеуэ­хэмрэ зэхьэзэхуэхэмрэ щрагъэкIуэкI. Дэри а Iуэхум гуапэу дыIуощIэ, ди зэфIэкIхэр, къы­дэхъулIахэр, дызыщIэхъуэпсхэр къы­зыхэщ гъэлъэгъуэныгъэхэр утыкум къыдохьэ. ЦIыхур дунейм тетыху дахагъэ къилъыхъуэнущ, тыншыгъуэм иужь итынущ, гуп­сэхугъуэ къезыт псэупIэхэр ищIу екIуэкIынущ. Дэ ди IэщIагъэр зытеухуар аращ – зи у­нэ екIуэлIэж цIыхум и гурыщIэ дахэхэр къызэщызыгъэу гъэпсыкIэ зиIэ псэупIэм и жыпхъэхэр зэхэгъэувэнырщ, ахэр гъащIэм хэпщэнырщ. ПсэупIэ хъур жэщкIэ дызэ­кIуэлIэж, ди бынунагъуэр зыщIэс унэм и закъуэкъым, псэупIэщ дызыдэс къалэхэр, ди Iыхьлыхэр щыпсэу къуажэхэр. ДэнэкIэ умыплъэми, эстетикэкIэ дызэджэ фIыгъуэр къытещу щытыпхъэщ, сыту жыпIэмэ, абы уеузэщI, фIым ухуегъэпабгъэ, ущыпсэу щIыпIэр цIыху кIуапIэ ещI. Арыххэуи, ди IэщIагъэр дахэкъэгъэщIщи, абы пыщIа дэтхэнэми си гуапэу сынывохъуэхъу, мыхьэ­нэшхуэ ди гъащIэм щиIэщи, фи IэдакъэщIэкIхэм я хъер флъагъуу фылэжьэну си гуапэщ, – жиIащ ГъукIэлI Хьэзрэт.
Апхуэдэу ГъукIэлIым и псалъэм къыхэщащ КъБКъУ-м архитектурэ IэнатIэм зиу­жьынымкIэ лэжьыгъэшхуэ зэрызэфIигъэкIыр, IэщIагъэлIхэр гъэхьэзырынымкIэ, хэгъэгум и теплъэр иджырей къалэ гъэп­сыкIэ мардэхэм хуэкIуэн папщIэ программэ лъэщхэр зэрызэхигъэувэр.
– Ди егъэджакIуэхэри еджакIуэхэри урысейпсо зэпеуэхэм хохьэ, я пэхуэщIэхэр утыкум ирахьэ, текIуэныгъэхэр къахь, пашэныгъэр щIыпIэ Iэджэм щызыIэрагъэхьэ. Абы ущымыгуфIыкIынкIэ Iэмал иIэкъым, сыту жыпIэмэ, сыт хуэдэ архитектурэ пэхуэщIэми и лъабжьэр философиещ, абы къигъэув гуп­сысэхэм тегъэщIапIэ ящIыр, щыIэ ухуэ­ныгъэхэм зэрыхэзагъэр, къалэм е къуажэм щыпсэу лъэпкъхэм зэрахьэ хабзэхэр, зытет динхэм елъытауэ теплъэ зэрыратыр, ахэр иджырей ухуэныгъэ мардэхэм къызэритIасэр къилъытэкIэрэ. Ди егъэджакIуэхэми студентхэми я зэфIэкIхэм пщIэ зэригъуэтар къегъэлъагъуэ куэдым я пэхуэщIэхэр къэралым и къалэ зэмылIэужьыгъуэхэм я теплъэхэм хэпща зэрыхъуам, – къыхигъэщащ ГъукIэлIым.
КъищынэмыщIауэ, махуэщI зэIущIэм хэтхэм ирагъэлъэгъуащ Налшык къалэм хиубыдэ, ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэм зиужьынымкIэ КъБР-м щIыхь зиIэ и архитектор Логоватовский Юрэ зэхигъэува пэхуэ­щIэр. А лэжьыгъэм къызэрыхэщымкIэ, жыг хадэм и теплъэр ягъэдэхэнущ, къэкIыгъэм, къуацэхэм, жыгхэм емыIусэу, ухуэныгъэ лей ирамыщIыхьу. Налшык къалэм и теплъэр езыгъэфIакIуэ лэжьыгъэ зыбжанэми щытепсэлъыхьащ. Апхуэдэщ, псалъэм и хьэтыркIэ, 2-нэ Тамань шуудзэм и цIэр зе­зыхьэ уэрамым щаухуэ, ТекIуэныгъэм и Жыг хадэр, Къэбэрдей уэрамым тет, Темыркъан Юрэ и цIэр зезыхьэ Къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм и IуплъапIэр, Сабийхэм я зэфIэкIхэм зыщрагъэужь центрым и утыкур, нэгъуэщIхэри.
Архитектурэмрэ дизайнымкIэ «ДИ УНЭ» фIэщыгъэ дахэр зезыхьэ студием и унафэщI Унэжокъуэ Дианэ и цIэр дахэкIэ къэрал псом зэрыхэIуэрэ зыбжанэ щIащ. Ар щIалэгъуалэм епсэлъылIащ IэщIагъэр къыщIыхихам и щхьэусыгъуэхэр къызэпкърихыу, а IэнатIэм дежкIэ мыхьэнэ зиIэмрэ гулъытэ зыгъуэтын хуей Iуэхугъуэхэмрэ ятригъащIэу.
– Сэ къызэрысщыхъумкIэ, ди IэщIагъэм и жьауэр цIыхухэм я гъащIэм тредзэ. Ауэ сытми къэрэндащыпэр тхылъымпIэм ирибгъа­кIуэкIэ зэфIэкIыркъым, къэбгъэщI дахагъэр цIыхум и гукъы­дэжыр имыкIыу зыIыгъ Iуэхугъуэу щытыпхъэщ. СфIэфIщ цIыхухэм я гупсысэкIэм седэIуэну, я Iуэху еплъыкIэхэр си лэжьыгъэм хэслъхьэну, си дуней лъа­гъукIэри къызэращтэн бгъэдыхьэкIэхэр зэ­пэшэчауэ си IэдакъэщIэкIхэм яхэзухуэнэну. Зэи укъэувыIэ хъунукъым, ипэкIэ укIуатэ зэпыту, щымыIар къэплъыхъуэу, щыIэр нэхъри бгъэдахэу лэжьыгъэм бгъэдэтын ­хуейуэ къызолъытэ. ФымыIэнкуну феужьэ­рэкI, фытегушхуэ! – жиIащ Унэжокъуэ Дианэ.
Зэхуэсым кърихьэлIащ Налшык къалэм и архитектор нэхъыщхьэ Быдэ Аслъэн. Абы студентхэр къыхуриджащ къалащхьэм дамыгъэ хуэхъун, ар къызэрыпцIыхун пэхуэ­щIэ­хэм елэжьыну, Iэмал зэриIэкIэ, щIыналъэм щыпсэу лъэпкъхэм я нэщэнэхэр абы­хэм къахэщу ягъэпсыну.
ГуфIэгъуэ зэхуэсыр нэщхъыфIагъэр, гуа­пагъэр щытепщэу екIуэкIащ. IэнатIэм пэ­рыт­хэм щхьэкIэ хъуэхъу псалъэ куэд ­еджа­пIэ унафэщIхэм, къулъыкъущIэхэм, ­жы­лагъу­э лэжьакIуэхэм къабгъэдэкIыу къыщы­Iуащ, концерт программэ дахи къы­зэ­ра­гъэпэщащ.
Махуэр къызыхузэрагъэпэща IэщIагъэ­рылажьэхэм дэри ди гуапэу дохъуэхъу, къыхужаIа псоми хуэзэну, я IэдакъэщIэкI и шхыгъуэ ихуэу узыншэу лэжьэну ди гуапэщ.
ШУРДЫМ Динэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

05.09.2026 - 12:25

Дерс щхьэпэхэр драгъэкIуэкIащ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и полицейхэм Терроризмэм ебэнхэм я зэкъуэтыныгъэм и махуэм теухуа зэIущIэхэр щрагъэкIуэкIащ республикэм и школхэм. 

05.09.2026 - 09:03

Къытедгъэзарэт жытIэу дыкъокIуэж

ЗэрыфщIэщи, «Адыгэ псалъэ» газетым щIэх-щIэхыурэ дыщытопсэлъыхь республикэм и гъэмахуэ хъупIэхэм щылажьэхэм я Iуэху зытетым.

05.09.2026 - 09:03

Тхыдэ пэжыр хъумэным и мыхьэнэр

ЕтIуанэ дунейпсо зауэр щиуха махуэм ирихьэлIэу Налшык ­къалэм Печатым и унэм щы­тепсэлъыхьащ тхыдэ пэжыр ­хъумэным и мыхьэнэм. ЗэIущIэр зыхуагъэпсар милитарист Японием зэращытекIуарт. 

04.09.2026 - 09:15

Гурэ псэкIэ Хэкум хуэпэжхэр

Хабзэ зэрыхъуауэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэралыгъуэм и махуэр щагъэлъапIэ фокIадэм и 1-м ирихьэлIэу, жылагъуэ гъащIэм зи гуащIэр езы­хьэлIэ республикэм и лэжьакIуэхэм дамыгъэ лъапIэхэр хуагъэфэщащ

04.09.2026 - 09:13

Лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэ 30-м щIигъу щоджэ

Дерс щхьэхуэхэр куууэ щадж ку­рыт школ № 6-м, къызыхуэтыншэу зэ­рагъэпэщыжа нэужь, Налшык и бжэхэр къыщызэIуихыжащ КъБР-м и Къэралыгъуэм и махуэмрэ ЩIэ­ныгъэм и махуэмрэ ирихьэлIэу.