КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хуэзащ Кавказым и муслъымэнхэм я IуэхущIапIэм и унафэщIым.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Налшык щыхуэзащ лэжьыгъэ IуэхукIэ республикэм къэкIуа, Кавказым и муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм и Iэ­тащхьэ Пашазаде Алыхьшыкур. ЗэIущIэм хэтащ Урысей Федерацэм и ­Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щыIэм и къуэдзэ Стариков Сергей, ­Азербайджан Республикэм и Президентым и дэIэпыкъуэгъу Гасанов Алий, КъБР-м и муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм и тхьэмадэ Дзасэжь Хьэзрэталий сымэ.
ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ дин зэ­мы­лIэужьыгъуэхэм итхэм я зэпыщIэныгъэхэр дяпэкIэ гъэбыдэным, цIыхухэм яку дэлъ мамырыгъэр хъумэным, щIа­лэгъуалэр дин идеологие егъэлеяхэм дем­ыгъэхьэхыным.
КIуэкIуэ Казбек хьэщIэ лъапIэм фIы-щIэ хуищIащ дин фIэщхъуныгъэ зыхэлъ­хэм я Iуэхур дэгъэкIыным зэпымыууэ и нэIэ зэтригъэтым папщIэ. «Ди респуб­ликэм зэманкIэрэ укъызэреблагъэм ­къегъэлъагъуэ уэ КъБР-м и муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм сыт и лъэны­къуэкIи зыкъыщIэбгъэкъуэну узэрыхущIэкъур. Уи лэжьыгъэри уи гъащIэри лъэпкъхэм яку дэлъ мамырыгъэр, зэгурыIуэныгъэр, зэкъуэтыныгъэр хъу­мэ­ным хуэунэтIащ», - жиIащ абы.
Пашазаде Алыхьшыкур къы­хи­гъэщ-­хьэ­хукIащ къэралымрэ дин зэгухьэныгъэхэмрэ я зэдэлэжьэныгъэр Къэбэр-дей-Балъкъэрым тэмэму зэры­щы­зэ­тегъэу­вар икIи апхуэдэ зэпыщIэныгъэхэр адэкIи гъэбыдэн хуейуэ къы­зэрилъытэр. ­Абы КIуэкIуэ К. В. гуапэу къызэрыIущIам ­папщIэ фIыщIэ къыхуищIащ икIи Азербайджаным и Президент Алиев Илхам и цIэкIэ иригъэблэгъащ а республикэм щыхьэщIэну.
ЗэIущIэм хэхауэ къыщаIэтащ 1941-1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм къыщахьа ТекIуэныгъэр илъэс 75-рэ зэрырикъур гъэлъэпIэным зэрызыхуагъэхьэ­зы­рыр. Кавказым и муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм и Iэтащхьэм игу къигъэ­кIыжащ 233-нэ Азербайджан фочауэ ­дивизэм и зауэлIхэр адрей лъэпкъ куэдми я лIыкIуэхэм ящIыгъуу Мэздэгу ­къалэр хъумэным зэрыхэтар. «Иджыпсту дэ къэрал гъунапкъэхэмкIэ дызэпыгъэщ­хьэхукIащ, ауэ а зэманым тхэлъа ­зэ­къуэтыныгъэр тфIэкIуэдакъым. Дэ димыгъэпIейтейуэ къанэркъым дунейм и щIыналъэ щхьэхуэхэм фашизмэм зыкъыщиIэтыжыну зэрыхущIэкъум. Апхуэ­дэ мыхъумыщIагъэхэм псори дызэкъуэ-ту дапэщIэувэн хуейщ», - щIигъужащ дин лэжьакIуэм.
Азербайджаным къикIа хьэщIэ лъапIэр а махуэ дыдэм хэтащ ислъамым и хабзэхэм нобэрей Урысейм щаIэ мыхьэнэм теухуауэ Налшык щрагъэкIуэкIа къэрал зэхуаку щIэныгъэ конференцым.

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Прави­тельствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

13.10.2026 - 12:25

Дызэрызэмыщхьырщ къарууфIэ дызыщIыр

«Лъэпкъыр зэрыгушхуэ - 2026» VII урысейпсо саугъэтыр зыхуагъэфэщахэр щагъэлъэпIэнум ирихьэлIэу, КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ яхуэзащ «Урысейм и лъэпкъхэм я ассамблее» урысейпсо жы

12.10.2026 - 09:13

Iуэху зехьэкIэ пэрытхэмкIэ зэдэгуэшащ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хуэ­защ ди республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ къэкIуауэ щыIэ Иркутск областым и Хабзэубзыху Зэхуэсым и УнафэщI Ведерников Александр.

12.10.2026 - 09:12

ЩIэупщIэ яIэщ, зэгъщ икIи дагъуэншэщ

IэщIагъэ псори зэхуэдгъадэ хуэдэу жытIэ щхьэкIэ, пщэдджыжь къэс Iэнэм тралъхьэ щIакхъуэр къызыхах гъавэм елэжьхэр псоми япэ зэригъэщыпхъэм шэч хэлъкъым.

09.10.2026 - 09:03

Дызытет лъагъуэр хремыгъуащэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и муслъымэнхэм я IуэхущIапIэмрэ Ислъам щIэныгъэмрэ щэнхабзэмрэ за­щIэ­гъэкъуэнымкIэ фон­дым­рэ я жэрдэмкIэ, Къэ­бэрдей къэрал драмэ театрым жэ­пуэгъуэм и 6-м щекIуэ­кIащ щIынал

09.10.2026 - 09:03

НыбжьыщIэхэр яущий

Налшык къалэм зэIущIэ щхьэпэ ще­кIуэ­кIащ класс нэхъыжьхэм щIэс школакIуэхэр наркотикым пэIэщIэ щIыным теухуауэ.