Бгъэ лышхым фыхуэсакъ![]() Лышх узыфэхэмкIэ УФ-м и Минздравым Дон Iус Ростов къалэм щиIэ щIэныгъэ IуэхущIапIэм и дохутырхэр къытхутопсэлъыхь бгъэр лышхым зэриубыдар къызэращIэ щытыкIэхэмрэ абы зэрызыщыпхъумэфынумрэ. Жэпуэгъуэм и 15-р бгъэ лышхым пэщIэтынымкIэ Дунейпсо махуэу ягъэуващ. ЩIэныгъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, абы нэхъыбэрэ цIыхубзым еуалIэ лышх лIэужьыгъуэ щыIэкъым. А махуэм ирихьэлIэу Ростов онкоцентрым и щIэныгъэлIхэм къраIуэ ар къызэрыпцIыхуну щытыкIэхэр. - Бгъэ лышхым ныбжь иIэкъым. Арами, нэхъыбэрэ зэуалIэр зи ныбжьыр илъэс 60-м нэблэгъа е нэхъыжь бзылъхугъэхэращ. ЦIыхухъухэми яIэщ ар, ауэ апхуэдэу куэдрэ урихьэлIэркъым. Дунейм цIыхухъуу тетым и за процентырщ ар зыгъэунэхуар, - жеIэ щIэныгъэ IуэхущIапIэм и дохутыр, медицинэ щIэныгъэхэмкIэ доктор Шатовэ Юлианэ. Абы бзылъхугъэхэр къыхуреджэ мазэ къэс я бгъэхэр къапщытэну, икIи зыгуэрым зихъуэжауэ къащыхъумэ, е шыкъыр хэлъу къаIэрыхьамэ, Iэмал имыIэу маммолог зрагъэплъыну. Мы лышх лIэужьыгъуэр къэцIыхугъуафIэщ. Бгъэм шыкъыр гуэр хэлъмэ, и плъыфэм зихъуэжамэ е фэр иушкIумбауэ къыпщыхъумэ, къищэщарэ уэтэпс къиутIыпщмэ, лимоныфэм хуэдэу кумблъэ хъуамэ, бгъэр хэхъуамэ е зы лъэныкъуэкIэ екIуэкIауэ къыфщыхъумэ, лъынтхуэхэр къытридзарэ зэщIэбэгамэ, дохутыр зэгъэплъыпхъэщ. - Мы къедбжэкIа щытыкIэхэм ящыщ зы зыдэфлъэгъужамэ, Iэмал имыIэу маммолог, гинеколог е онколог егъэплъын хуейщ. Ар зрагъэтIылъэкI Iуэхухэм ящыщкъым. Нобэ медицинэм зиужьащ, IэмалыщIэхэр, хущхъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр куэду щыIэщ, къищынэмыщIауэ, химие, луч жыхуэтIэхэри хъарзынэу сэбэп мэхъу. Абыхэм я фIыгъэкIэ сымаджэр къыIэщIэпхыфынущ зыубыда узыфэм, - къыхигъэщащ онкоцентрым и унафэщI Кит Олег. - И бгъэр щIэдмыхыу шыкъырыр къыхыдохыфри, сымаджэр тхуогъэхъуж и чэзум бгъэ лышхыр къахутамэ. Абы и закъуэкъым, бгъэ лышхыр къыщыхагъэжым деж блэгущIэмрэ абы и Iэхэлъахэмрэ хэлъ лимфэхэри хах. Апхуэдэ операцэм иужькIэ сымаджэм и дамащхьэр хуэмыгъэхъейуэ, и Iэблэхэр бэгыу, ундэрабжьэу, тэмэму къыдэмыбзу къонэ. Ди IуэхущIапIэм нэгъабэ щыдубла операцэщIэм и фIыгъэкIэ, дяпэкIэ зи бгъэм лышхыр къыхагъэжыну сымаджэхэм апхуэдэ гуныкъуэгъуэ яIэжынукъым. КъищынэмыщIауэ, илъэс-илъэситI ипэ операцэ ящIауэ зи лимфэхэм я лэжьыгъэр зэтекIахэми сэбэп дахуэхъуфынущ. Абы папщIэ, псом япэу сымаджэм и лимфэхэм я лэжьэкIэр къыдолъытэ. Уз хьэлъэм зэтрикъута лимфэ системэм зы лимфэ закъуэ лажьэу хэтмэ, абы и лэжьыгъэр зэтедублэжу и дамащхьэхэм, Iэблэм, Iэм ягъуэта ныкъусаныгъэхэр щхьэщытхыфынущ. Ди микроскопыщIэр къэдгъэсэбэпурэ милиметр 0,2-0,3 фIэкI мыхъу лъынтхуэхэм долэжьыф, - жеIэ Шатовэм. Онкологхэм зэрыжаIэмкIэ, щыIэщ бгъэ лышхыр езыр-езыру къыщыпхуэмыцIыху, шыкъыри къыщыпIэрымыхьэ. Абы къыхэкIыу, илъэс къэс УЗИ, маммографие, МРТ ебгъэщIмэ, и чэзум дохутыр зыкIэлъыбгъэплъмэ нэхъыфIщ. ФЫРЭ Анфисэ.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
| ||||||||||||||||









