Фермерхэм я еджапIэм лэжьэн щIедзэ![]() Урысеймэкъумэшбанкымрэ УФ-м Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэмрэ зэгъусэу къыхалъхьа «Фермерым и еджапIэ» егъэджэныгъэ пэхуэщIэм и къыкIуэлъыкIуэ Iыхьэм Къэбэрдей-Балъкъэрым лэжьэн щыщIидзащ. Мэкъумэш IэнатIэм и унэтIыныгъэхэм хыхьэу, шэ куэду къэзыт, лы куэду зэтезылъхьэ Iэщышхуэхэр зехуэнымрэ жыг хадэ гъэкIынымрэ я щэхухэр зрагъэщIэнущ мыгъэрей «студентхэм». Ахэр цIыху 30 мэхъу икIи абыхэм яхэтщ IэнатIэ щхьэхуэхэм пэрыту зи щIэныгъэм кууэ хэзыгъэхъуэн мурад зиIэхэри, я щхьэ хуэлэжьэжыну, мэкъумэш IуэхущIапIэ къызэIузыхыну жэрдэм зыщIахэри. Студентхэр щеджэнур Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетырщ. «Фермерым и еджапIэм» и бжэр мы гъэм къыщызэIуахынущ УФ-м и щIыналъэхэм ящыщу 56-м икIи адрей илъэсхэм елъытауэ мы гъэм ар куэд хъуащ. Къыхэдгъэщынщи, еджапIэм щIэтIысхьэнухэр къыщыхахкIэ, япэу ирагъэщ хабзэр дзэ Iуэху хэхам и ветеранхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэщ. «Мэкъумэш IэнатIэм и унэтIыныгъэхэм я щэхухэр еджакIуэхэм зрагъэщIэным, мэкъумэш IуэхущIапIэхэр къуажэхэм къыщызэIухынымкIэ щыIэ Iэмалхэм щыгъэгъуэзэным хуэунэтIащ «Фермерым и еджапIэ» пэхуэщIэр. Я щхьэ хуэлэжьэжыну, Iуэху гуэрхэр кърахьэжьэну мурад зиIэхэр куэд мэхъу, къыщыщIадзэнумрэ адэкIэ зэрыхъунумрэ ямыщIэу», - жиIащ КъБР-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министрым и къуэдзэ Шэт МачрэIил. «Фермерым и еджапIэ» пэхуэщIэр илъэситху хъуауэ ди къэралым щолажьэ икIи, а пIалъэм къриубыдэу, УФ-м и щIыналъэхэм ящыщу 83-рэ къызэщIиубыдащ, цIыху 9000 щIигъу мэкъумэш IэнатIэм хуигъэхьэзыращ. ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
| ||||||||||||||||









