Нэхъ лъэщхэр зэхагъэкI![]() Къэбэрдей-Балъкъэрым шахмат къызэрыгуэкIымкIэ, псынщIэмкIэ, блицымкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэхэр Налшык къалэм и «КАИССА» клубым щекIуэкIащ. Абы щызэпеуахэр гупитIу гуэшауэ щытащ: япэм хэтахэр илъэси 9 - I3, етIуанэм – илъэс 15 - 19 зи ныбжьхэрщ. Зэхьэзэхуэр къызэрыхахыу щытащ. Абы къыщыхэжаныкIахэм Iэмал яIэнущ КИФЩI-м пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ жэпуэгъуэм и 24 – щэкIуэгъуэм и 2-хэм Черкесск къалэм щекIуэкIыну зэпеуэм я зэфIэкIхэр щагъэлъэгъуэну. КъызэрыгуэкI шахматымкIэ зэхьэзэхуэм хэтахэр республикэм и щIыналъэхэм щекIуэкIа зэIущIэхэм япэ увыпIищыр къыщызыхьахэрщ, псори зэгъусэу сабий 95-рэ. Мыбы япэ увыпIэхэр щаубыдащ Николаевэ Вероникэ, Ахматовэ Iэминэ, Црым Миленэ, Рехвиашвили Эллэ, Дудар Салимэ, Балъкъэр Ислъам, Вэрокъуэ Дамир, Ольховик Максим, Лу Къантемыр, Мамбэт Амир, Урысмамбэт Раметэ, Акбаев Артур, Мамбэт Мухьэмэд сымэ. ЕтIуанэ хъуахэщ Щоджэн Элинэ, Шэрий Камеллэ, Тхьэмокъуэ Аринэ, Къул Къантемыр, Лингур Темырлан, Щоджэн Данияр, Къэрмокъуэ Ясинэ, Жабоев Iэдэм, Жамбей Артур сымэ. Ещанэ увыпIэхэр къахьащ Црым Заирэ, Бахъсэн ФатIимэ, Бэджыдэ Дисанэ, Бабаев Алий, Джандаров СулътIанбэч, Къармэ Дамир, Абазэ Исмэхьил, Чылар Умар, Шэрджэс Къантемыр, Бро Миланэ, Сунш Дамир, Темрокъуэ Инал сымэ. Шахмат псынщIэмкIэ зэпеуэм хэтахэри республикэм и щIыналъэхэм къыщыхэжаныкIахэрщ, псори зэгъусэу ныбжьыщIи 125-рэ хъууэ. Мыбдежым чемпион щыхъуахэщ Лингур Темырлан, Лу Къантемыр, Урысмамбэт Раметэ, Рехвиашвили Эллэ, Ерыстау Амирэ, Къул Къантемыр, Темрокъуэ Инал, Денисенкэ Даниил, Црым Миланэ, Ахматовэ Iэминэ, Джатэгъэжь Викторие, Вэрокъуэ Дамир сымэ. ЕтIуанэ хъуахэщ Къардэн Чэрим, Шэрджэс Къантемыр, Бро Миланэ, Тхьэмокъуэ Арианэ, Дудар Салимэ, Балъкъэр Ислъам, Жамбей Артур, Богомолов Даниил, Хьэбэч Джулианэ, Ульбашевэ Iэминэ, Щоджэн Элинэ, Жабоев Iэдэм сымэ. Къэрмокъуэ Темырлан, Гелястанов Дамир, Абазэ Исмэхьил, Къэрмокъуэ Ясинэ, Гуанэ Атия, Бэджыдэ Дисанэ, Бабаевэ Лейлэ, Джатэгъэжь Марат, Балъкъыз Темболэт, Ержыб Имран, Ардашаевэ Снежанэ, Бахъсэн ФатIимэ, Сунш Дамир сымэ ещанэ увыпIэхэр къахьащ. БлицымкIэ зэпеуахэр цIыху 70 мэхъу. Ахэр псори КъБР-м и щIыналъэхэм къыщыхэжаныкIахэщ. Мыбдежым япэ увыпIэхэр къахьащ Лингур Темырлан, Лу Къантемыр, Урысмамбэт Раметэ, Рехвиашвили Эллэ, Дудар Салимэ, Джатэгъэжь Марат, Хьэмжу Беслъэн, Текуев Эмир, Ахматовэ Iэминэ, Джатэгъэжь Викторие, Жабоев Iэдэм сымэ. ЕтIуанэхэр Бро Миланэ, Хьэмокъуэ Арианэ, Дудар Салимэ, Балъкъэр Ислъам, Жэмбей Артур, Ульбашевэ Iэминэ, Щоджэн Элинэ, Жабоев Iэдэм, Темрокъуэ Инал, Къул Къантемыр, Ерыстау Амирэ, Денисенкэ Даниил, Токъуий Валерэ, КIыщ Идар сымэщ. Къэрмокъуэ Темырлан, Гелястанов Дамир, Къэрмокъуэ Ясинэ, Гуанэ Атия, Бэджыдэ Дисанэ, Жэмбей Артур, Ержыб Имран, Ардашаевэ Снежанэ, Абаевэ Тамилэ, Вэрокъуэ Дамир, Николаевэ Вероникэ, Щоджэн Данияр сымэ ещанэ хъуахэщ. Зэхьэзэхуэм къыщыхэжаныкIахэм КъБР-м СпортымкIэ и министерствэм къыбгъэдэкIыу иратащ щIыхь тхылъхэмрэ медалхэмрэ. ИСЛЪАМ Мысост.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
| ||||||||||||||||









