Къэралым щынэхъыфIхэм ящыщу

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек щыIащ Республикэ клиникэ сымаджэщым дохутырхэм я дэIэпыкъуэгъу хуэныкъуэхэр зрашэлIэну и къудамэщIэм икIи щыгъуазэ зищIащ абы щрагъэкIуэкIа лэжьыгъэхэм. Махуэ ­гъунэгъухэм абы лэжьэн щIидзэнущ. Илъэ­гъуахэм я гугъу КъБР-м и Iэтащхьэм щещI интернетым щиIэ напэкIуэцIым.

«КъудамэщIэр ящыщщ икIэщIыпIэкIэ дэIэпыкъуэгъу хуэныкъуэхэм защIэгъэкъуэным теухуауэ щIыналъэм иIэ IуэхущIапIэ нэхъыщ­хьэхэм.
Метр зэбгъузэнатIэ мин 1,2-рэ зыубыд IуэхущIапIэр Iыхьищу гуэшауэ щытщ, сымаджэхэм я щытыкIэм елъытауэ къащыдэIэпыкъун хуэ­дэу.
Къудамэм иIэщ сымаджэм пкърыт узыфэр щызэхагъэкI пэшхэр: УЗИ, рентген, компьютер томографие, эндоскопие къэпщытэныгъэхэр щрагъэкIуэкIхэр, уIэгъэхэр щапхэ, гужьеи­гъуэм зэщIиIулIахэр а щытыкIэм къыщраш, операцэ щащI пэшхэр. Абы Iэмал къитынущ сымаджэхэм зыхуей дэIэпыкъуныгъэр нэсу ягъуэтынымкIэ.
КъимыдэкIэ, нэхъ тынш хъуащ цIыхухэр сымаджэщым и адрей унэхэм гъэIэпхъуэнри. Абы папщIэ ахэр щIыбым щIашынукъым, щхьэ зытелъ зэпрыкIыпIэ яIэ зэрыхъуам и фIыгъэ- кIэ.
Къэбэрдей-Балъкъэрыр ящыщщ къэралым и щIыналъэхэу икIэщIыпIэкIэ дэIэпыкъуэгъу цIыхухэм ягъуэтыным хуэгъэза иджырей Iэмалхэр псом япэу щызэтезыухуахэм.
Шэч къытесхьэркъым а зэхъуэкIыныгъэхэр медицинэ дэIэпыкъуэгъу псынщIэу икIи фIагъ лъагэ иIэу цIыхухэм етыным хуэгъэза къалэнхэр гъэзэщIэнымкIэ, ди республикэм щып­сэухэм я гъащIэмрэ узыншагъэмрэ хъумэнымкIэ сэбэп зэрыхъунум», - етх КIуэкIуэ Казбек.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

16.05.2026 - 09:03

Наркотикым щахъумэ

КъБР-м щыIэ МВД-м къыщапщытэжащ «Ажалыр щащэр къыджеIэ» наркотикым пэщIэт урысейпсо акцэм и япэ Iыхьэм кърикIуахэр.

16.05.2026 - 09:03

Адыгэ цIыхубэ уэрэдыжьхэм я пшыхь

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым накъыгъэм и 14-м щекIуэкIащ адыгэ цIыхубэ уэрэдыжьхэм я фестиваль-зэпеуэ, КъБР-м и цIыхубэ артист, Адыгэ Республикэм щэнхабзэмкIэ щIы

15.05.2026 - 15:02

Къытхуэнащ и гуащIэр

УсакIуэ, зэдзэкIакIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ тхакIуэ, щэн­хабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэ­жьа­кIуэ Елгъэр Кашиф Мысост и къуэм и фэеплъ пхъэбгъу ар щыпсэуа, Лениным и цIэр зезыхьэ уэрамым тет 42

15.05.2026 - 09:03

Университетыр къыхызох

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэ­бэрдей-Балъкъэр къэрал университетым  и бжэхэр махуитIкIэ яхузэIуихащ школыр мы гъэм къэзыух ныбжьыщIэхэм.

15.05.2026 - 09:03

Дипломат ныбжьыщIэхэр ягъэхьэзыр

ООН-м къызэригъэпэщ «Мамырыгъэм    и жьэгу» джэгукIэм тращIыкIауэ Кавказ Ищхъэрэм щрагъэкIуэкI зэхыхьэр иджы­благъэ ди республикэм щызэхашащ.