Урысей Федерацэм и автомобиль зекIуапIэхэр зэпэщ щIыным хуэгъэзащ «ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» лъэпкъ проектыр. Ар 2018 гъэм къащтащ.
Къэралхэм я щыIэкIэ-псэукIэр екIурэ-ещхьу щыгъэтынымкIэ, хуей хъуамэ, захъумэжынымкIэ гъуэгуфIхэр зэраIэр IэмалыфIщ. Аращ абыхэм гулъытэ хэха дэнэкIи щIыщыхуащIыр.
УФ-р зэрыщыту къэтщтэнщи, псори зэхэту, гъуэгухэр зыхуей хуэзыгъазэ IэнатIэу мини 3-м щIигъу итщи, абыхэм цIыху мин 900-м нэблагъэ щолажьэ. Ахэр автомобиль зекIуапIэщIэхэр пхызышхэщ, жьы хъуахэр зэзыгъэзэхуэжхэщ, инженерхэщ, проектхэр зэхэзыгъэувэхэщ, гъуэгухэр зэрызэрахьэм кIэлъыплъхэщ, ирахьэлIэ пкъыгъуэхэр къыщIэзыгъэкIхэщ.
Ди къэралым, ику иту зы махуэм хуэзэу, гъуэгущIэу километри 8-м нэблагъэ къыщызэIуах, километр 90-р щызэрагъэпэщыж.
И къехьэжьэкIэри гъэщIэгъуэнщ
УФ-м и Президентым 2000 гъэм гъатхэпэм и 23-м къыдигъэкIа унафэм ипкъ иткIэ, Гъуэгу хозяйствэм и лэжьакIуэхэм я махуэр жэпуэгъуэм и ещанэ, автомобилым дихьэххэм ейр - еплIанэ тхьэмахуэ махуэхэм трагъэхуащ. ТIэкIу нэхъ ипэIуэкIэ зэрыщытам и гугъу тщIымэ, 1980 гъэм СССР-м къыщащтат «Автомобилистым и махуэ» зыфIащар. Ар ирырагъэхьэлIат жэпуэгъуэм и иужьрей тхьэмахуэ махуэм. Иужьым а Iуэхугъуэр «Автомобиль транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмрэ я лэжьакIуэхэм я махуэу» 1996 гъэм зэрахъуэкIат. АрщхьэкIэ, илъэс бжыгъэ фIэкIа дамыгъэкIыу, автомобилистхэмрэ гъуэгуухуэхэмрэ я IуэхущIафэхэр зэрызэщхьэщыкIыр къалъытэри, а тIуми махуэ зырыз хухахащ.
Пасэрей Урысейм и тхыдэм щыщ
Илъэс мин ипэкIэ къэунэхуу щIэзыдза урыс пщыгъуэхэм я гугъу тщIымэ, абыхэм я щIыналъэм ита къалэхэмрэ къуажэхэмрэ и нэхъыбэм зэрызэлъэIэсу щытар псы гущIыIухэмкIэщ е абыхэм я IуфэхэмкIэщ. Аращ а лъэхъэнэм гъуэгухэр щаухуэм, лъэмыжхэм я зэфIэгъэувэныр псом япэ ирагъэщу щIыщытар.
Пэжщ, зэман дэкIри, X-XII лIэщIыгъуэхэм я зэпылъыпIэм, тафэхэм япхрыкI гъуэгухэри, мащIэ-куэдми, къэунэхуащ. Ауэ, ахэр и нэхъыбэм къуажэхэм я зэхуаку дэт зекIуапIэт е губгъуэжьым ис лъэпкъхэм сату зэрадебгъэкIуэкI хъу лъагъуэ хэшат.
МыдэкIэ тIэкIу дыкъэIэбэнщи, урыс пщыгъуэхэм я деж гъуэгухэм нэхъ зыщаужьу щыщIадзар я тепщэхэр пощтым нэхъ хуей щыхъуа «лъэхъэнэрщ». Нэхъ пыухыкIауэ къыхэдгъэщмэ, XIII лIэщIыгъуэм и япэ Iыхьэрщ.
Илъэс щитI ипэкIэ - Кавказым
Кавказым, абы щыщу адыгэщIым, цIыхухэр зэрыщызэхэзекIуэу щытар зылъэгъуахэм къызэранэкIа я тхыгъэхэм мащIэ дыдэу дахэплъэнщ.
ТIасхъэщIэхыу щыта, артиллерием и генерал Новицкий Георгий 1830 гъэм дунейм къытригъэхьа и IэдакъэщIэкIым дыкъыщоджэ: «…Анапэ къыщыщIэдзауэ Къэбэрдейм нэсыху шэрджэсхэм я щIыналъэ псоми выгукIэ ущызекIуэ хъунущ. Езы къэбэрдейхэри Анапэ къыщыкIуэ куэдрэ къохъу, тыркухэм сату дащIын папщIэ».
Выгухэм, шыгухэм папщIэ яукъуэдия гъуэгухэр, егугъуу икIи зы мардэм тету зэраухуамкIэ, шу-лъэс лъагъуэхэм къащхьэщыкIырт. Гъуэгухэр зэдэзыщIыр зэпэщыс къуажэхэм щыпсэухэрат, гухэр иризэблэкIыфын хуэдэу.
Тхыдэдж, лъахэхутэ Дьячков - Тарасов Александр и тхыгъэхэм ящыщ зым къыщыхигъэщат «абазэхэхэм выгу гъуэгухэр шытх тхыцIэхэм ирагъэкIуэн яфIэфIу» зэрыщытар. А псалъэхэм я телъхьэу къоув а зэманым Екатеринодар (Краснодар) дэта ЦIыхухъу гимназием 1897 гъэм къыщыщIэдзауэ егъэджакIуэу щылэжьа Борчевский Семён: «ХъупIэжьий (Геленджик) пэмыжыжьэу «Папай» цIэр зезыхьэ Iуащхьэм (метр 819-рэ и лъагагъщ) дыщыхуэкIуэм, сэ слъэгъуащ шэрджэс гъуэгужьым къыхэнэжахэр. Къыхэгъэщыпхъэщ зи гугъу тщIы гъуэгум хуэдэхэр шэрджэс щIыналъэхэм я бгылъэ щIыпIэ псоми зэрыщыIар».
ИрагъэкIуэкI лэжьыгъэхэр
Адрей илъэсхэми хуэдэу, мы гъэми автомобиль зекIуапIэхэр щрагъэфIакIуэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и район псоми. Зэлэжь гъуэгухэм я кIыхьагъыр, мы зэманым ирихьэлIэу, километр 90-м ноблагъэ. Нэхъапэхэми хуэдэу, япэ ирагъэщыр социальнэ мыхьэнэ зиIэ IэнатIэхэм уахуэзышэхэмрэ турист зекIуапIэхэмрэщ. Шынагъуэншагъэм тещIыхьащ щIыналъэм пхрыкI гъуэгухэр зэпызыщIэ лъэмыжхэри къызыхуэтыншэу зэрызэрагъэпэщыжыр.
Къэбэрдей-Балъкъэрым Транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министерствэм мы зэманым и нэIэ тригъэтщ цIыхухэр къезышэкI автопредприятэу 19-м, автовокзалрэ автостанцу 7-м, гъущI гъуэгу станцрэ вокзалу 6-м, кхъухьлъатапIэм, троллейбусхэр зи IэмыщIэ илъ IуэхущIапIэм. Абыхэм, псори зэхэту, цIыху мини 2,9-м щIигъу щолажьэ.
«ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» лъэпкъ проектым хыхьэу, иужьрей илъэсхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым къызыхуэтыншэу къыщагъэщIэрэщIэжащ Шэрэдж районым хыхьэ Балъкъэр Ипщэ къуажэмрэ Мухол жылэ цIыкIумрэ япх-рыкI автомобиль зекIуапIэхэр, Тэрч районым хыхьэ Арыкъ къуажэм и уэрам нэхъыщхьэр, Мовсисян и цIэр зэрихьэу Налшык къалэм иIэ уэрамым и гъуэгур.
Зи гугъу тщIы лэжьыгъэхэм хыхьэу, КъБР-м и къуажэ 20-м и автомобиль зекIуапIэхэм асфальтыр щIэкIэ щызэрахъуэкIащ. Апхуэдэщ Эльбрус, Бахъсэн Ипщэ, Зэрэгъыж, Светловодскэ, Каменномост, Хьэбэз, Псынэдахэ, Аргудан, Ерокъуэ, Лэскэн ЕтIуанэ, Каменкэ, Щхьэлыкъуэ, Джэрмэншык, Белая Речкэ къуажэхэм я уэрамхэр, нэгъуэщIхэри.
Гулъытэ хэха зыгъуэтхэм ящыщщ автомо-биль зекIуапIэхэм шынагъуэншагъэр къыщызэгъэпэщыныр.
А Iуэхум тещIыхьауэ, 2024 гъэм къриубыдэу, псори зэхэту, километр 67-рэ зи кIыхьагъым иджырей уэздыгъэхэр зыпыдза пкъохэр щагъэуващ, светофорыщIэхэмкIэ зэгъэпэща лъэс зэпрыкIыпIэу 54-рэ щаухуащ, автомобиль зекIуапIэхэм утезымыгъэщхьэрыукI IущIэхэр зыхуэныкъуэхэм деж щагъэуващ.
Гъуэгу лэжьыгъэхэмкIэ къалэныр зэрагъэзащIэм къыдэкIуэу, а IэнатIэм и къудамэхэр бжьыхьэ-щIымахуэ лъэхъэнэм зэрыхуэхьэзырыр къапщытэ, щIыналъэ мыхьэнэ зиIэ автомобиль гъуэгуу километр миниплIым щIигъур зехьэныр икIи зэгъэпэщыжыныр зэкIэлъыхьауэ къызэрагъэпэщ, а Iуэхухэр зэрызэфIахым кIэлъоплъ.
Гъуэгур экономикэм и Iыхьэ нэхъыщхьэ дыдэхэм ящыщщ. А IэнатIэм зегъэужьыным ди республикэми гулъытэ ин щыхуащI. ЕхъулIэныгъэ нэрылъагъухэр яIэу ди гъуэгуухуэхэр я махуэм ирихьэлIащи, дяпэкIи лэжьыгъэ щхьэпэхэр яIэну, я зэфIэкIым хагъэхъуэну ди гуапэщ...
КЪУМАХУЭ Аслъэн.