ЗэхъуэкIыныгъэхэм йолэжь

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ хабзэубзыху IуэхущIапIэм и Пре­зидиумым и зи чэзу зэIущIэ иригъэкIуэкIащ. Абдеж унафэ къыщащтащ къыкIэлъыкIуэ зэ­IущIэр жэпуэгъуэм и 21-м зэхашэну.

Депутатхэр тепсэлъыхьащ «КъБР-м и зэзыгъэкIуж хеящIэ­хэм ятеухуауэ» КъБР-м и Законым и 12-нэ Iыхьэм зэ­хъуэкIы­ныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ» щIыналъэ законым и проектым. Ар ягъэхьэзыращ «УФ-м и хабзэ щхьэхуэхэм зэ­хъуэ­кIыныгъэхэр хэлъхьэным ехьэлIауэ» ФЗ №256-р къызэращтам ипкъ иткIэ. 
КъБР-м и Парламентым Жы­лагъуэ шынагъуэншагъэмрэ Iулъ­хьэм пэщIэтынымкIэ и коми­тетым и унафэщI Кривко Михаил къызэрыхигъэщамкIэ, законопроектым къыщагъэлъэгъуащ зи гугъу ящI законым и 12-нэ Iыхьэм и 7-нэ Iыхьэ къуэдзэм щIэрыщIэу зэрыхэплъэ­жыр, зэзыгъэкIуж хеящIэм и аппаратым и лэжьэкIэр КъБР-м и Правительствэм, щIыналъэм и ХеящIэхэм я советыр и гъусэу, зэригъэбелджылыр.
КъБР-м и Парламентым Мэкъу­мэш IэнатIэмкIэ, щIы­уэ­п­сыр къэгъэсэбэпынымкIэ, экологиемрэ дыкъэзыухъуреихь дунеймкIэ и комитетым и уна­фэщI ТекIушэ Артур тепсэлъыхьащ «ЩIыщIагъ фIыгъуэхэм ятеухуа­уэ» КъБР-м и Законым и 41-нэ Iыхьэмрэ «ЖармыкIэхэр зэрырагъэкIуэкIым теухуауэ» КъБР-м и Законым и 2-нэ Iыхьэмрэ халъхьэ зэхъуэкIыныгъэхэр къыщыгъэ­лъэгъуа законопроектхэм. 
ПромышленностымкIэ, транспортыхэмкIэ, связымрэ гъуэгу Iэ­натIэмкIэ комитетым и унафэ­щIым и къуэдзэ Байдаев Сэлихь и гугъу ищIащ «ЦIыхухэмрэ хьэп­шыпхэмрэ автомобилрэ токкIэ лажьэ къалэ транспорткIэ къе­шэкIыныр къызэрызэрагъэпэ­щым теухуауэ» Федеральнэ Законым и 3-нэ, 16-нэ Iыхьэхэм зэ­хъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным ехьэ­лIауэ» федеральнэ законым и проектым. 
Депутатхэр тепсэлъыхьащ Урысей Федерацэм и нэгъуэщI щIыналъэхэм къикIа жэрдэмхэм

КъБР-м и Парламентым и пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

16.05.2026 - 09:03

Наркотикым щахъумэ

КъБР-м щыIэ МВД-м къыщапщытэжащ «Ажалыр щащэр къыджеIэ» наркотикым пэщIэт урысейпсо акцэм и япэ Iыхьэм кърикIуахэр.

16.05.2026 - 09:03

Адыгэ цIыхубэ уэрэдыжьхэм я пшыхь

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым накъыгъэм и 14-м щекIуэкIащ адыгэ цIыхубэ уэрэдыжьхэм я фестиваль-зэпеуэ, КъБР-м и цIыхубэ артист, Адыгэ Республикэм щэнхабзэмкIэ щIы

15.05.2026 - 15:02

Къытхуэнащ и гуащIэр

УсакIуэ, зэдзэкIакIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ тхакIуэ, щэн­хабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэ­жьа­кIуэ Елгъэр Кашиф Мысост и къуэм и фэеплъ пхъэбгъу ар щыпсэуа, Лениным и цIэр зезыхьэ уэрамым тет 42

15.05.2026 - 09:03

Университетыр къыхызох

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэ­бэрдей-Балъкъэр къэрал университетым  и бжэхэр махуитIкIэ яхузэIуихащ школыр мы гъэм къэзыух ныбжьыщIэхэм.

15.05.2026 - 09:03

Дипломат ныбжьыщIэхэр ягъэхьэзыр

ООН-м къызэригъэпэщ «Мамырыгъэм    и жьэгу» джэгукIэм тращIыкIауэ Кавказ Ищхъэрэм щрагъэкIуэкI зэхыхьэр иджы­благъэ ди республикэм щызэхашащ.