Я ныбжьэгъур ягу къагъэкIыжу![]() Ставрополь крайм Дзюдомрэ самбэмкIэ и федерацэм и унафэщIым и къуэдзэ, УФ-м дзюдомкIэ спортым и мастер, урысейпсо категорие зиIэ судьяуэ щыта, зэуэзэпсэу дунейм нэгъабэ ехыжа Тохунц Спартак и фэеплъ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щекIуэкIащ Невинномысск къалэм дэт «Олимп» спорт комплексым. Хэгъэрейхэм нэмыщI, абы щызэпеуащ Ростов областым, Краснодар крайм, Адыгейм, Къэрэшей-Шэрджэсым, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Осетие Ищхъэрэ - Аланием, Ингушым, Шэшэным, Дагъыстэным я бэнакIуэ 360-м нэблагъэ, я ныбжькIэ илъэс 15-м щIимыгъуауэ.
КЪУЭЖЕЙ Алим.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
| ||||||||||||||||








