Iэщыхъуэхэм я узыншагъэм кIэлъоплъ

Иджыблагъэ дэ дыщы­Iащ Къущхьэхъу хъупIэ­хэм хабжэ Хьэмащэ щIыпIэм и хэщIапIэ нэхъыщхьэмрэ абы къегъэщIылIа Iэбгъэ зыбжанэмрэ. Дэ упщIэ зыбжанэкIэ зы­хуэдгъэзащ республикэм и бгыщхьэ тафэхэм ис Iэщыхъуэ­-хэм я узыншагъэм кIэ­лъыплъ дохутырхэм ящыщ Хъуп­сырджэн Артур. 

- Илъэс дапщэ хъуауэ ущылажьэрэ мы щIыпIэм, Артур? 
- 1996 гъэ лъандэрэ сыщыIэщ.
- А илъэс бжыгъэм ­къриубыдэу фи IуэхущIафэхэм сыт и лъэ­ныкъуэкIэ зихъуэжауэ къэ­плъытэрэ?
- Мы IэнатIэм пэрыт псоми тхужыIэнущ хущхъуэ­кIи машинэкIи ирикъуу дыкъызэрызэрагъэпэ­щыр. «Фи лэжьыгъэм сыт зэхъуэкIыныгъэу хэфлъагъуэр?» жыпIэмэ, нэхъапэхэм дыкъэзыгъакIуэуи дызыпыщIауэ щытар и ­Бахъсэн щыIэ сымаджэщ нэхъыщхьэрат. Зеикъуэ къуажэм, дэт сымаджэ­щым район мыхьэнэ иIэ хъуа нэужь, аращ дызратыжар. Къапщтэмэ, ар мыбде­жым щылажьэхэмкIи ­нэхъ гъунэгъущ. 
- Мыбдежым сыт фыщипщэрылъ?
- Штабым тесхэм, абы и гъунэгъуу щылажьэхэм узыншагъэ и лъэныкъуэ­кIэ дерт гуэр яIэ хъумэ, япэу защIэзыгъэкъуэн ­хуейуэ зи къалэныр дэращ.
- ЗэрыжыпIэмкIэ, Iэ­щы­хъуэхэм къищынэ­мыщIа, мы щIыпIэм къихьэ зы­плъыхьакIуэхэми, хуей хъумэ, ядэIэпыкъури фэращ.
- АтIэ, туристхэм ящыщу мыбдежым къыщыувыIахэм е телефонкIэ зыкъытхуэзыгъэзахэм защIэдгъэкъуэныр ди къалэнщ. 
- ТелефонкIэ дауэ зыкъыфхуагъазэрэ мы къуа­кIэбгыкIэм?
- Илъэс зыбжанэ хъуащ Интернет зэрыдиIэрэ. Абы и IункIыбзэIухыр (паролыр) Iэщыхъуи туристи блэкI пэтрэ ар зэзыгъащIэм къахуэгъэсэбэпынущ. 
- Фи еIэзэкIэм кIэщIу и гугъу къытхуэщIыт, Артур. 
- КIуэрыкIуэм тету я ­Iэпкълъэпкъым дерт гуэр ирагъэгъуэтмэ, дазэры­хуеIэ­зэн хущхъуэгъуэ къахудолъыхъуэ. И лажьэм елъытауэ, е мастэ хыдолъ­хьэ, е таблеткэхэр ядот. Мыбдежым япэу къихьэ­хэм я щхьэр щыуназэ ­къохъу, зыхуамыгъэхьэзы­рауэ къилъадэмэ. Зыхуэ­мысакъыжхэм я Iэ е я лъакъуэ удын щрагъэгъуэти дрохьэлIэ. Апхуэ­дэхэм я уIэгъэр догъэкъабзэ, хущхъуэ щыдохуэри допхэж. ЖыпIэнурамэ, зыкъытхуэзыгъэза дэтхэнэми гулъытэ худощI. 
- ЗэрагъэхъыбарымкIэ, иужь зэманым мы­быкIи туристхэр куэду къокIуэ. Сыт жыпIэн абы теухуауэ?
- Пэжщ. Псалъэм пап­щIэ, мес мо машинэ ­лъахъшэмкIэ зы гуп цIыкIу нышэдибэ къыдэкIщ, ар къагъанэщ, зи лъащIэр нэхъ лъагэм итIысхьэхэри, Къэнжал и щыгумкIэ дэ­кIуеящ.
- Хэт ахэр абы нэзы­шэсыр?
- Нэхъ пасэу зэпсэлъа гуэрым. КъыздикIар сщIэр­­къым, ауэ УАЗ машинэ къыIухьэри, абы дишащ.
- ДэкIуей псори а махуэ дыдэм къехыжрэ, хьэ­мэрэ жэщ къыщыни ­къэхъурэ?
- Чэтэн унэ цIыкIу къыздэзыщтахэр, языныкъуэ­хэм деж, жэщ къыщыни къохъу. Зыгъэпсэхугъуэ махуэхэм ирезыгъэхьэлIэну зыфIэигъуэхэр мэрем пщыхьэщхьэм къыдокIуейхэр. 
- Дэнэ ахэр нэхъ къыздикIыу гу ялъыптэр, Артур?
- Дэни. Санкт-Петербурги, Москваи, Урысей пхащIэм нэс къикIхэри яхэтщ. Иужьрей илъэсхэм дыдейхэми (республикэм щы­псэухэми) къэкIуэн ­нэхъ щIадзащ. Къэнжал и щыгум йохьэри, нэхъ щIы­пIэ дахэхэм я нэгу зыщрагъэужь. 
- ИнтернеткIэ зэрыщIэ-зэрыгъуэт къыщIэкIынщ туристхэр.
- Къызэрыхэдгъэщащи, мыбдежми илъэс зыбжанэ хъуауэ, вай-фай (Wi-Fi) щIыкIэм тету, Интернет щыдиIэ хъуащи, ари къагъэсэбэп. АбыкIэ ирызопсалъэ, здэщыIэр я ныбжьэгъухэм ирагъэлъагъу. Абы къыхэкIыуи, дызэрыс щIыпIэхэр нэхъри нэхъ цIэрыIуэ хъуащ...

Тхыгъэри сурэтри
КЪУМАХУЭ Аслъэн
ейщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

16.05.2026 - 09:03

Наркотикым щахъумэ

КъБР-м щыIэ МВД-м къыщапщытэжащ «Ажалыр щащэр къыджеIэ» наркотикым пэщIэт урысейпсо акцэм и япэ Iыхьэм кърикIуахэр.

16.05.2026 - 09:03

Адыгэ цIыхубэ уэрэдыжьхэм я пшыхь

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым накъыгъэм и 14-м щекIуэкIащ адыгэ цIыхубэ уэрэдыжьхэм я фестиваль-зэпеуэ, КъБР-м и цIыхубэ артист, Адыгэ Республикэм щэнхабзэмкIэ щIы

15.05.2026 - 15:02

Къытхуэнащ и гуащIэр

УсакIуэ, зэдзэкIакIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ тхакIуэ, щэн­хабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэ­жьа­кIуэ Елгъэр Кашиф Мысост и къуэм и фэеплъ пхъэбгъу ар щыпсэуа, Лениным и цIэр зезыхьэ уэрамым тет 42

15.05.2026 - 09:03

Университетыр къыхызох

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэ­бэрдей-Балъкъэр къэрал университетым  и бжэхэр махуитIкIэ яхузэIуихащ школыр мы гъэм къэзыух ныбжьыщIэхэм.

15.05.2026 - 09:03

Дипломат ныбжьыщIэхэр ягъэхьэзыр

ООН-м къызэригъэпэщ «Мамырыгъэм    и жьэгу» джэгукIэм тращIыкIауэ Кавказ Ищхъэрэм щрагъэкIуэкI зэхыхьэр иджы­благъэ ди республикэм щызэхашащ.