Улахуэмрэ лэжьыгъэмрэ

2025 гъэм и япэ илъэс ныкъуэм, зэкIэ къызэрабжамкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхухэм я хэхъуэм и куэдагъыр псори зэхэту сом меларди 124,1-рэ хъуащ икIи нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм зэрыщытам нэхърэ процент 22,7-кIэ нэхъыбэщ. А пIалъэ дыдэм къриубыдэу республикэм и цIыхухэм ахъшэу ягъэкIуэдам и куэдагъыр псори зэхэту сом меларди 116,1-рэ хъуащ. 2024 гъэм и етIуанэ мазищым щыIа бжыгъэхэм нэхърэ процент 17,8-кIэ нэхъыбэщ ари.

Къапщытэж пIалъэм къриубыдэу хьэпшыпхэмрэ Iуэхутхьэбзэхэмрэ сом меларди 108,1-рэ трагъэкIуэдащ е нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ процент 18,3-кIэ нэхъыбэ. Ди цIыхухэм я ахъшэ гъэтIылъыгъэхэм сом меларди 8,0-кIэ хэхъуащ. Ар хуэди 3,1-кIэ нэхъыбэщ 2024 гъэм и етIуанэ мазищым нэхърэ. 

 2025 гъэм и мэлыжьыхьым – мэкъуауэгъуэм ди цIыхухэм ипэжыпIэкIэ ахъшэ хэхъуэу яIар, зэкIэ къызэрабжамкIэ, процент 12,1-кIэ нэхъыбэ хъуащ абы ипэ ита илъэсым и етIуанэ мазищым елъытауэ.

Лэжьыгъэ IэнатIэхэм щаIэ хэхъуэм и куэдагъым процент 26,3-кIэ нэхъыбэщ нэгъабэ и илъэс ныкъуэм щыIа бжыгъэхэм елъытауэ. Социальнэ ахъшэу ятым и куэдагъми проценти 8,4-кIэ хэхъуащ а пIалъэм къриубыдэу.

Республикэм и цIыхур псэун папщIэ нэхъ мащIэ дыдэу зрикъуну ахъшэм и куэдагъыр сом 18974-рэ хъуащ: лэжьыгъэ IэнатIэм пэрытхэм ейр – сом 20682-рэ, пенсионерхэм – сом 16318-рэ, сабийхэм – 18405-рэ. 2021 гъэм щIышылэм и 1-м щегъэжьауэ а мардэхэр илъэсым зэ ягъэув.

2025 гъэм и щIышылэм – бадзэуэгъуэм къриубыдэу республикэм и цIыхухэм улахуэу къахьыр ику иту сом 51599,8-рэ хъуащ (хьэрычэт IэнатIэ мащIэм пэрытхэри хэту, ауэ социальнэ ахъшэхэр хамыгъэхьауэ). Ар процент 13,2-кIэ нэхъыбэщ нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм елъытауэ.

2024 гъэм и щIышылэм – бадзэуэгъуэм щыIа бжыгъэхэм елъытауэ цIыхухэм ипэжыпIэкIэ къаIэрыхьэ улахуэм проценти 103,5-кIэ хэхъуащ.

 2025 гъэм и бадзэуэгъуэм улахуэр ику иту сом 50270,3-рэ хъуащ икIи нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм елъытауэ процент 16,2-кIэ нэхъыбащ, ауэ 2025 гъэм и мэкъуауэгъуэм щыIахэм нэхърэ процент 22,4-кIэ нэхъ мащIэщ.

2025 гъэм и бадзэуэгъуэм цIыхум ипэжыпIэкIэ къихьа улахуэр ику иту проценти 7,4-кIэ нэхъыбэ хъуащ нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм елъытауэ, ауэ абы ипэ ита мазэм нэхърэ процент 22,7-кIэ нэхъ мащIэщ.

 Къапщытэж пIалъэм къриубыдэу улахуэмкIэ щIыхуэ зытелъ IуэхущIапIэ (хьэрычэт IэнатIэ мащIэм хэтхэр хэмыту) щыIэкъым.

Лэжьыгъэ IэнатIэ пэрытхэм я бжыгъэр мин 469,9-рэ мэхъу е псори зэхэту республикэм щыпсэухэм я процент 51,7-рэ.

 2025 гъэм и шыщхьэуIум (хэчыхьауэ ирагъэкIуэкIа къэпщытэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ) цIыху мин 12,2-рэ IэнатIэншэу къалъытащ - лэжьэфынухэм я проценти 2,6-р. Республикэм цIыхухэм лэжьыгъэ IэнатIэхэр къахуэгъуэтынымкIэ и къулыкъухэм (2025 гъэм и шыщхьэуIум къриубыдэу) лэжьапIэншэу щатхам и бжыгъэр цIыху мини 2,1-рэ хъуащ, абы щыщу мин 1,6-м лэжьыгъэ зэрамыIэмкIэ пособиехэр къахьащ.

  ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

13.11.2025 - 09:03

Дерс щхьэпэхэр ирагъэкIуэкI

ДэнэкIи хуэдэу, ди республикэм и курыт школхэм мы зэманым щокIуэкI гъуэгу хабзэхэр гъэзэщIэным, лъэс­ры­зекIуэм и шынагъуэншагъэр ­хъу-

13.11.2025 - 09:03

Фэеплъ здэщымыIэм цIыхугъэ щыIэкъым

Омск областым хыхьэ Тарэ рай­оным икIуэда ди лъэпкъэгъухэм - адыгэхэмрэ абазэхэмрэ - я фэеп­лъым пщIэ зэрыхуащIым и щы­хьэту, иджыблагъэ щIыпIэ жыжьэм щы­Iащ ди лэжьэгъу, «Черкес хэку» газетым и ре

13.11.2025 - 09:03

Я щIэныгъэр къапщытэж

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм епщIанэу ще­кIуэкIащ «Этнографие диктанткIэ» зэджэ Ду­нейп­со щIэныгъэ-узэ­щIа­кIуэ Iуэхугъуэшхуэр.

13.11.2025 - 09:03

Хабзэхъумэхэм я махуэшхуэ

КъБР-м щыIэ МВД-м зэхыхьэ гуапэ щекIуэкIащ Урысей Федерацэм Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и органхэм я лэжьакIуэм и махуэм и щIыхькIэ. 

12.11.2025 - 15:59

И щхьэпагъыр наIуэ ящI

Узыфэ зэрыцIалэхэм зэрапэщIэт вакцинэр зыхрагъэлъхьэн зэрамыдэм къишэ гугъуехьхэм теухуа зэIущIэ Налшык къалэ щекIуэкIащ.