НэхъыжьыфIхэм папщIэ

УФ-м и Компартым къыщзэригъэпэща «Зауэм и бынхэр» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и Налшык къа­лэ къудамэм и унафэщI Къурашэ ФатIимэ, УФ-м и Компартым и Налшык къа­лэ комитетым и япэ секретарь Мыз Мурат, къэралым и комсомол-пионер зэщIэхъееныгъэм Къэбэрдей­-Балъкъэрым щиIэ IэнатIэм и уна­фэщI Урысбий Еленэ сымэ «Диалог эпох» зыфIаща пэ­хуэщIэм ипкъ иткIэ зэхаша зэIущIэм, жэпуэгъуэ мазэр зи ныбжь хэ­кIуэтахэм зэрыхухахар я тегъэщIапIэу, иджыблагъэ зэхыхьэ щхьэпэ ирагъэкIуэкIащ. 
Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм ди къ­э­ралым къизэрыхьа хьэщ­хьэ­рыIуэхэр изыхужыну тэджа адэ-анэ­хэр, къуэш-шыпхъухэр зыпэрыта IэнатIэ мытыншыр зезыхьэну къызыхуи­хуа ди цIыхухэм ящыщу псэууэ къэнахэм пщIэ щыхуащI зэIущIэм кърагъэблэгъат УФ-м и Компартым ди щIыналъэм щиIэ къудамэм и япэ секретарь Пащты Борис, «Зауэм и бынхэр» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и унафэщIым и къуэдзэ Шыдакъ ­Женя, «Заман» газетым и редактор, Къэбэрдей-Балъкъэр республикэм щIыхь зиIэ и журналист Османов Хьиса сымэ, нэгъуэщIхэри. 
«Зауэм и бынхэр» зэгухьэныгъэм хузэхалъхьа уэрэдымкIэ зэIущIэр къызэIуахащ Гъэунэ Дианэрэ Бондарь Алинэрэ. Къызэхуэсахэр абы ядежьууащ щыту. 
Къурашэ ФатIимэ зэIущIэр къы­щызэIуихым кърагъэблэгъахэм псалъэ дахэкIэ захуигъэзащ. 
- Ди нэхъыжьыфIу фIыр зи Iэужьхэм фшэча хьэзабымрэ флъэгъуа бэлыхьымрэ зэи тщыгъупщэ мыхъун Iуэхущ. Фи жьауэм дыщIэту, фи ущием дедаIуэу, куэдрэ ди япэ Тхьэм фригъэт. Зэхыхьэр къызэдгъэпэщын папщIэ сэбэп къытхуэхъуахэми, нэхъыжьыфIхэр вдэдгъэлъэпIэнщ жы­зыIэу зыкърезыгъэхьэлIахэми, псоми фIыщIэ фхузощI, - жиIащ Пащты Борис. 
- Сыхуейщ фIыщIэ фхуэсщIыну, ­Хэку зауэшхуэр щекIуэкIа илъэсхэм ­гъащIэм и IэфIыпIэр фымылъагъуу, фи псэ фемыблэжу, гугъуехьи гуауи фыпэщIэту, сабиигъуэр зищIысыр фымыщIэу, зауэм щыIа фи Iыхьлыхэм къыщагъэзэжыным фыпэплъэу, абыхэм къагъэна лэжьыгъэ мытыншым фызэрыпэрытам папщIэ. КъэфкIуа гъуэгуанэм щыфлъэгъуар, вгъэунэхуар зыхуэдэр ди щIэблэм яжетIапхъэщ, ди блэкIам ахэр щыдгъэгъуэзапхъэщ. Флъэгъуар фщымы­гъупщэу, фи бынхэм фагъэгуфIэрэ гуфIэгъуэр фи унагъуэм имыкIыу  Тхьэм фигъэпсэу! - жиIащ абы. 
АдэкIэ псалъэ иратащ Мыз Мурат. 
- Нобэ мыбдеж щыдгъэлъапIэ ди нэхъыжьыфIхэр фыщысабиям, фи адэхэр, фи къуэш нэхъыжьхэр зауэм кIуэуэ, ахэр зыбгъэдэта IэнатIэм фы­щыпэрыувам, гугъуехьрэ хьэзабу фшэ­чам щIэи гъуни иIэкъым. Фэ фи къарур пэлъэщыху, мамырыгъэм, зыужьыныгъэм фытелэжьащ. Иджы чэзур ди деж къэсащи, фи гуащIэ­дэкIым хэдгъахъуэу, адэкIэ дгъэ­кIуэтэныр ди къалэн нэхъыщхьэу къы­до­лъытэ. А псори къытщIэ­хъуэ щIэб­лэм зыхедгъэщIэн хуейщ, я блэкIар ящIэжу, гъэсэныгъэ тэмэм ябгъэ­дэлъу, нэхъыжьхэм я Iэужьым пщIэ хуа­­щIу, я Хэкур фIыуэ ялъагъуу къэ­тэ­джын папщIэ. ФIыщIэ ин зыхуэфа­щэ ди нэхъыжьыфIхэр иужьрей илъэсхэм нэхъ мащIэ зэрыхъуми Iейуэ де­гъэ­гумэщI. «НэхъыжьыфI здэщыIэм нэ­хъыщIэфIи щыIэщ» жыхуиIэращи, дыхуейт нэхъыбэрэ фыкъытщ­хьэ­щытыну, фи жьауэм дыщIэтыну. Тхьэм куэдрэ фытхуигъэпсэу, фи бынхэм я гуфIэгъуэ флъагъуу, узыншагъэ­рэ гуфIэ­гъуэрэ фыщымыщIэу, - жиIащ Мызым. 
Зэхыхьэм къекIуэлIа нэхъыжьхэмрэ и къызэгъэпэщакIуэхэмрэ фIыщIэ ­яхуищIри, Османовыр зи ныбжьыр ­хэ­кIуэтахэм папщIэ яхузэхилъхьа усэм къеджащ. 
Нэхъыжьхэм щхьэкIэ къыздахьа, «Зауэм и бынхэр» зытет медалхэр ­кърагъэблэгъахэм, зырызыххэу я цIэ ­къраIуэурэ, халъхьащ. 
Налшык къалэ дэт курыт школ ­№11-м щIэсхэмрэ «Ислъэмей» къэфакIуэ гупым хэтхэмрэ зэдагъэхьэзыра концерт цIыкIумкIэ зэIущIэр зэхуащIыжащ. 
КЪАНКЪУЛ Раисэ. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

10.12.2025 - 09:03

Дохутырхэм я зи чэзу зэхуэсышхуэ

Адыгэ Республикэм и ЛIы­кIуэ IуэхущIапIэу Моск­ва дэтым иджыблагъэ щызэ­хуэсащ «Дохутырхэм я хасэ» щIыналъэ жылагъуэ зэгухьэныгъэм хэтхэр. Абы къыщапщытэжащ 2025  гъэм ялэжьахэр.

10.12.2025 - 09:03

Лъэпкъыр ефIэкIуэныр я гъуэгугъэлъагъуэщ

Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и къалащхьэм дэт къэрал филармонием щэкIуэгъуэм и 26-м щекIуэкIащ Шэрджэс Хасэм и къэпщытэжыныгъэ-хэхыныгъэ зэIущIэ иныр. Ар илъэсищым зэ зэфIагъэкI Iуэхущ.

10.12.2025 - 09:03

ЛIыхъужь хахуэ Андемыркъан

«Шынэм зауэлIыр Iэнкун ещI, икIи абы фIы кърикIуэркъым». А гупсысэр и гъуазэу, дзэ Iуэху хэхам хэтащ зи гугъу фхуэтщIыну лIыхъужьыр. 

09.12.2025 - 09:29

Урысейм бгым лыжэкIэ къежэхынымкIэ и лъэхъэнэщIэр Iуащхьэмахуэ къыщызэIуах

УФ-м экономикэ зыу­жьы­ныгъэмкIэ и министр Решетников Максимрэ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Казбекрэ щэбэт кIуам Iуащхьэмахуэ лъапэ къыщызэIуахащ Урысейм бгым лыжэкIэ ­къе­жэ­хынымкIэ и лъэ­хъэ­нэщI

09.12.2025 - 09:27

ЕджапIэхэр зэраухуэмрэ зэрызэрагъэпэщыжымрэ

КъБР-м и Парламентым и Президиумым и зэIущIэм, «Правительствэм хухах сыхьэтым» хыхьэу, депутатхэр щытепсэлъыхьащ лъэпкъ, щIыналъэ проектхэм япкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым школхэр зэрыщаухуэмрэ зэр