Шеибжьэм и хъуреягъкIэ

Ди щIэджыкIакIуэ набдзэгубдзаплъэхэр зэрыщыгъуазэщи, «Адыгэ псалъэм» щы­лажьэхэм цIыху зыбжанэ яхэтщ усэм, про­зэм, зэдзэкIыным, литературэ тхыгъэхэр зы­хуей хуэгъэзэным гулъытэ нэхъыбэ хуа­щIу. Жэпуэгъуэм и 6-м редакцэм и хьэ­щIэщым щызэхэтащ абыхэм я Iэдакъэ­щIэкIхэм дыщытепсэлъыхь хабзэ «Литера­ту­рэ пщэдджыжь» зыфIэтща зэхуэс. Ар теу­хуат Гугъуэт Заремэ и усэхэм. 

ДыпIащIэу, зэман ебзыхьэкIакIэ дгъэ­хь­э­зыр махуэ къэс тхыгъэхэм елъытауэ, жьы дэхупIэ тхуэхъу литературэ хуэIу­хуэ­щIэ­хэм я фIыгъэкIэ ди къалэн нэхъыщхьэри нэхъ нэгъэсауэ гъэзэщIа хъууэ къысфIощI. Пса­лъэм и IэфIыр зыIэщIэдмыгъэкIын, ди щыуагъэхэр «дэр-дэру» зэхуэтIуэтэжын, зым ад­рейр дгъэгуш­хуэн папщIэщ мыпхуэдэ зэIу­щIэ­хэр едгъэ­кIуэкIыныр игъуэу къыщIэт­лъы­тар. «УсакIуэ» псалъэ дахэм зи цIэ-унэцIэр кIэ­рыпщIа Гу­гъуэт Заремэ и усэ Iэрамэм ды­щIытеп­сэ­лъы­хьам и щхьэусыгъуэ дыдэри абы и хъэтIыр, и гупсысэ гъэкIэрэхъуэкIэр, гуры­щIэ къэIуэ­тэ­кIэр зэрызыхэтщIэ щIыкIэмкIэ дызэдэгуэшэн щхьэкIэщ. 
Куэд щIакъым Заремэ и усыгъэм теухуа тхыгъэ «Адыгэ псалъэм» къызэрытеддзэрэ. Абы щыжысIам къытезмыгъэзэжу, адрей си лэ­жьэгъухэм ди литературэ уэршэрым къыщапсэлъахэр фхэсIуэтэжынщ. Утыку къитхьа гуп­сысэ псоми я мыхьэнэр зыщ: Гугъуэт Заре­мэ зи бзэр зэрыубыда усэрыпсалъэ къы­зэ­рищIыкIар наIуэщ. 
ЩхьэщэмыщI Изэ игу къигъэкIыжащ ди лэ­жьэгъу зэчиифIэр Хьэх Сэфарбий тхэн щIэ­зы­дзэ­хэм папщIэ илъэс куэдкIэ игъэлэжьа ­«Шы­ху­лъагъуэ» литературэ хасэм къызэры­хэ­тэ­джыкIар. «Адыгэ псалъэм» щигъэзащIэ къа­лэнхэм къадэкIуэу, Изэ «Советская молодежь» газетым адыгэбзэкIэ къыщыдэкI «Псы­нэ» напэкIуэцIыр егъэхьэзыр. «Шыхулъа­гъуэм» хэтхэм я тхыгъэхэр абы къытрадзэу зэ­рыщытам и фIыгъэкIэ, Изэ пасэу гу лъитащ За­ремэ и тхэкIэр адрейхэм къазэрыхэщым. 
- Иджы дэри дрищыхьэтщ, - жиIащ Изэ, - Заре­мэ и усэхэм щIэупщIэ зэраIэм, цIыхухэр къы­зэрыпэджэжым. Бзэ тыншкIэ, дахэкIэ, къу­лейкIэ матхэ ар, «къармэхьэблэ хъэтI» фIэс­щынт и тхэкIэм. ЕджэгъуафIэу, гурыIуэ­гъуа­фIэу апхуэдэщ, зыми хыумыгъэгъуащэ езым и дуней иIэжу. 
Заремэ и усэхэм ящыщу, Изэ «Нэмэз щыгъэ» усэр нэхъыфIу илъагъуу къыщIэкIащ икIи къытхуеджащ. 
- Сэ си закъуэкъым, анэшхуэ куэщI ирапIы­кIа дэтхэнэ зыри и сабиигъуэм къыщыхутэжынущ а усэм и фIыгъэкIэ. А нэмэз щыгъэр зи Iэ­пэгъуу пIэ лъапIэм теса си анэшхуэм и дунейр си нэгу къыщIагъэхьэж мы сатырхэм. Абы укъы­фIэкIмэ, Заремэ жэуапыншэ лъагъуныгъэ жыхуаIэм теусыхьрейщ. А темэмкIэ къы­щIэзыдза ТхьэгъэзитI Зубер ещхьу, и усэбзэр къызэрытIэпIыкIыу, а гурыщIэ къабзэр щытепщэ дунейм дыхишэну сыщогугъ Заремэ. Иджыри зытеусыхьыфыну лъэныкъуэ куэд зэрыщыIэм, абы хурикъун Iэзагъи зэрыбгъэ­дэлъым шэч къытесхьэркъым, Тхьэм иригъэфIакIуэ. 
«АдыгэбзэкIэ яусахэр мин бжыгъэкIэ си пащхьэ къралъхьэу щытми, Заремэ ейхэр абы­хэм къахэсцIыхукIыну къысщохъу, - адэкIэ пе­щэ уэршэрым НэщIэпыджэ Замирэ. - Сыту жы­пIэмэ, ауэ сытми псалъэ къызэрыгуэкIкIэ тет­хыхьу щыткъым ар лъагъуныгъэм. А гуры­щIэмрэ щIыуэпсым и щытыкIэмрэ зэрызэхиухуанэр уи нэгум къыщIегъэувэ. Сытым дежи уигу къегъэкI: «дауэ къигупсысыфа», «мып­хуэдэу дахэу дауэ зэрыжыпIэнур»? Мы нобэ дызытепсэлъыхь усэ Iэрамэм хэт «сатырищ хъу усэхэр» щIэщыгъуэу къысщыхъуащ, зыбжани къахэстхыкIащ, сигу изубыдарэт жысIэу: «Уафэм си гукъанэу дэспхъеяхэр уафэгъуа­гъуэу, щыблэу къызэгуеч». «Нэхущым гъатхэ ды­гъэм сыIуплъэху, уи псалъэ жылэ си гум къыщогъагъэ». Уи гум лъагъуныгъэ е нэ­гъуэщI фIы гуэр щилъым деж, а уафэри нэхъ дахэу, дыгъэми нэхъ укъигъэхуабэу къып­щохъу­. Жэщым уэгум къитIысхьэ вагъуэ ­цIы­кIу­­хэм гу нэхъ ялъыботэ, уи псэр къы­щигуфIыкI­кIэ. Гухэлъым цIыхур зэрихъуэжыр, фIы нэхъыбэ зэрыригъэлъагъур гъэщIэгъуэну къеIуэтэф». 
Замирэ лъагъуныгъэ уситI къытхуеджащ, езым гу зылъитахэм я щапхъэхэр къыхэщу: «Уэ си гъэмахуэпэм упэжыжьэщ», «Уи сурэт закъуэр къызощтэжри» жыхуиIэхэр. «Усэ куэд дыдэ сигу ирохь, гукIэ зэзгъэщIэну сыхуейуэ, ауэ мы къыхэсхахэм псалъэхэм къыщытрагъа­зэурэ уи гум зэрынэсымкIэ сыдахьэхащ», - жи­Iащ Замирэ. 
«Уэ зи гугъу пщIы тхэкIэ хьэлым хуэдэ зиIэр гупсысакIуэхэрщ, - Iэпихащ Замирэ и псалъэр Фырэ-Къаныкъуэ Анфисэ. – Сэ усакIуэхэр лIэу­жьыгъуитIу зэщхьэщызодз. Зы гупыр усэ ятхыну малIэ, ауэ бзэ къулей яIурылъкъыми, жаIэ псори блэкIа зэманым ит глаголкIэ фIэкIа къахуэIуатэркъым: «хъуащ-къэхъужащ, услъэгъуащ, сыкъэкIуащ, сыкIуэжащ» жаIэу, глагол зэфэзэщкIэ мэусэ. Заремэ бзэм зэры­риджэгум ещхьу, ириджэгуфыркъым ахэр. 
- А глагол рифмэхэри Iэзэу къэзыгъэсэбэп щы­Iэщ, - идэркъым Заремэ. - Псалъэм папщIэ, КIуащ БетIал усэ куэд иIэщ, глаголыр Iэзэу къыщигъэщхьэпауэ.
- Ар хъуххэнукъым жысIэркъым сэ! - арэзыщ Ан­фисэ. – Ауэ абыи ухуэIэзэу, глаголым и къарур къыщIэпхыфу ущытын хуейщ. Глагол защIэкIэ тхэхэр усакIуэ нэмыщIысауэ къыс­щохъу сэ. Тхэну, усэну хуейщ, ауэ уэ пхуэдэу, гурэ псэ­кIэ усэу щыткъым. Адрей лIэужьы­гъуэм­ сэ сызэреджэр «ХьэIупэщ». Апхуэдэ уса­кIуэм бзэр егъэбзэрабзэ, ироджэгу, ап­щIондэху «эффект» гуэр усэм къыщIегъэувэ. ПлъапIэу иIэр зыщ: ириджэгуурэ, бзэм и дахагъэр къигъэлъэгъуэну. Заремэ а тIуми ещхькъым. Абы и усэхэр зэрыщытри? Сэ, псалъэм папщIэ, напэкIуэцIитI-щыкIэ стхыну гурыщIэр абы зы псалъэухам иригъэзэгъэнущ. Уэ ар къыбгурыIуэнурэ, уи гум щIыхьэжынурэ, уи нэпсыр къежэхыу ущысынущ. Абыи фэрыщIагъэ хэлъкъым, плъапIэ гуэр игъэувауэ зэры­мыт­хэм къыхэкIыу. АпхуэдизкIэ дахэу егъэ­джэгу и гум илъ гурыщIэри, зэрыжыфIам ещ­хьу, щIыуэпсым иригъэщхь сытурэ, адыгэбзэ да­хэкIэ гъэкIэщIауэ, къызэрымыкIуэ «эффект» гуэр щIэлъу мэхъу, мобыхэми мыдрейхэми ещхькъым. Абы щхьэкIэ, сэ Заремэ гуп­сысакIуэу, философу къысщохъу. Сызэджар ма­щIэу, сыщымыгъуэзэнкIи мэхъу, ауэ Заре­мэ хуэдэ усакIуэ урысхэми яIэу слъэгъуакъым, дэри диIэкъым. Нэхъри зиужьу щытмэ, адэкIэ къыдищIэнур сщIэркъым. 
ЦIыхум дунеягъэкIэ сыт хуэдэуи ухущытынкIи хъунущ, - еух и псалъэр Анфисэ. – Ауэ абы зэчиишхуэ зэрыбгъэдэлъыр дэплъагъумэ, апхуэдэр езыр зыхурикъужу, цIыху балигъыу аращ. Сэ сызэреплъымкIэ, Заремэ гъащIэм хэтуи щыщытыфынущ, ауэ усакIуэу къапщтэ­мэ, абы бгъурызгъэувэн сэ слъагъуркъым. Ар дэнэ дежи щыжызоIэ. Заремэ и усэхэм къабзагъэ, нэху хэлъщ, пэж жызоIэ жиIэу, икIагъэм зэи Iэбэркъым. 
ТекIужь Заретэ гу лъитащ Заремэ и усэхэм уи гукъыдэжыр къызэраIэтым, уигу хэщIу ахэр къапщтэмэ, псэуныгу узэращIыжым. Ар къыт­хуе­джащ «Къалэкум псейр щагъэщIэращIэ» усэм. 
- Заремэ и усэхэм ятеухуауэ жысIэнуращи, об­раз лъэщ куэд зэрыхиухуэнэфым гу лъыботэ. ЩыIэщ усакIуэ, гукъыдэж уимыIэу уе­джэ­мэ, уи гукъыдэжыншагъэр нэхъри ягъэба­гъуэу. Мыбыхэм хуабагъ ящIэлъу, псысэ уще­джэкIэ дуней телъыджэ узэрыхашэм ещхьу, нэ­гъуэщI щIыпIэ укъыщагъэхутэ. ИтIанэ бзэ тыншкIэ зэрытхар. «Жэуапыншэ лъагъуныгъэ» жыхуаIэм и гугъу пщIымэ, апхуэдэ усэхэр нэхъ гъэщIэгъуэныххэщ, - жеIэ Заретэ. 
Багъэтыр Луизэ усэ къеджэкIэ Iэзагъ зэрыб­гъэ­дэлъыр ди пщэдджыжьышхэм щIэрыщIэу щыдгъэунэхуащ. Ар къытхуеджащ «Згъуэтыжкъым» усэм. 
- УсакIуэм и насыпщ, - жиIащ Луизэ. – Дэ ­дигу илъыр тхужыIэркъым, абы зыхищIэр къеIуэ­тэф, Тхьэр абыкIэ къыхуэупсащи. Заремэ и усэхэр уи фIэщ щIэхъур, езым зэрыжиIам ­ещ­хьу, и гум щыщIэр кърехыфри аращ, и гум къы­зэрипсэлъыкIыр къыбгуроIуэ. 
Ди зэIущIэр щIэщыгъуэ дыдэ ищIащ Адыгейм къыщыдэкI «Адыгэ макъ» газетым и жур­налист Ансокъуэ Иринэ интернет IэмалкIэ къызэрытлъэIэсам, уеблэмэ Гугъут Заремэ и усэм къеджэу тхуригъэтхыу, къызэрытхуигъэ­хьам. Езыр зэрыпсалъэр кIахэ къудамэм и бзэр арауэ зэрыщытым щхьэкIэ къэмынэу, Ири­нэ «Дунейр си пащхьэм щоуназэ» усэм даха­щэу къытхуеджащ. Абы дигу къигъэкIаращи, Гугъуэт Заремэ и усэхэр кIахэ бзэ къудамэм изыгъэзэгъэн къыкъуэкIамэ, ди зэпы­щIэныгъэхэр нэхъ быдэж хъунут. 
- ГурыщIэ къэгъэлъэгъуэнкIэ къызэрымы­кIуэ Iэ­загъ бгъэдэлъщ Заремэ, - жиIащ Иринэ. – УсакIуэу къызэригъэщIар нэрылъагъущ и дуней зыхэщIэкIэмкIи, и гухэлъ къэIуэтэкIэмкIи. 
Зэхихахэр къызэщIикъуэжу, Зареми усэхэр езы­гъэтх щытыкIэмрэ ахэр гъащIэм зэ­ры­пыщIа лъэныкъуэхэмрэ я гугъу къытхуищIащ: 
- Тхэн зэрыщIэздзэрэ, «уи усэхэр нэщхъейщ, зэ угуфIэу утлъэгъуарэт» къызжаIэ. «СыщыгуфIэм деж, усэ стхын хуей хъуркъым», - яжы­зоIэж сэри. 
Иджыри къэс усакIуэ къалэн зыщысщIы­жыртэкъым, си щхьэ Iуэху зесхуэу, спкърыу­зыкI гуэр кърисIуэтэн папщIэт усэр щIэстхыр. Абы къыхэкIыу, усэм и хабзэ гуэрхэри щызмыгъэзащIи къохъу. Сэ езым си псэр згъэтыншу арат. Зыгуэр къызоныкъуэкъури, ар згъэуп­щIыIун щхьэкIэ сотхэ, зыхужысIэжырт. Ауэ иджы цIыхухэр къыщеджэкIэ, «уэ уусакIуэщ, мыбдеж щыптхар къыдгурыIуэн хуейщ» щыжаIэкIэ, абыи зы къалэн гуэр къыпщещIри, егуп­сысын хуей къыщIэкIынщ. 
 Сэ сфIэфIу схэлъ хьэлхэм ящыщщ критикэр сигу зэрытехуэр. ПщIэшхуэ зыхуэсщI Бещтокъуэ Хьэбас къысхуэзэри: «Критикэ уи гум щIэхуэу гу лъыстащи, уи усэхэм седжэнт», - къызжиIати, сIэщIэхужри, зэмани дэкIат. АрщхьэкIэ езыр ди лъахэхутэ къудамэм кIуэщ, си усэхэр абы къыщигъуэтри, еджащ. Ар пщIэшхуэт си дежкIэ, Бещтокъуэ Хьэбас стхам фIэгъэщIэгъэну зэрытепсэлъыхьыр. Езыр си жагъуэ ищI и гугъэурэ гузавэрт, сэ си гущхьи къэкIыртэкъым. ФIыгъуэр къыхуищIэ, фIы дыдэу схузэпкърихащ. 
Заремэ жэуап къритащ и тхэкIэм теухуауэ ды­зыщIэупщIахэми. 
- Усэр гурыIуэгъуэу щытын зэрыхуейм теу­хуауэ сызэгупсысыр жысIэнщ. Сэ сфIэфIщ усэм къеджэ цIыхум езым зыхуей мыхьэнэ усэм къыхигъуатэу щыщытым деж. Зыр зым иригъэгупсысу, адрейм нэгъуэщI зыгуэр игу къигъэкIыу. ЗэрыжаIэу, «интрига» хуэдэу ­хъууэ, езыхэм пащэжыну хуиту. АрщхьэкIэ цIыху зыбжанэм «уи усэхэр зэIуха хуэдэу ­къонэ, бгъэбыдэжыркъым» къызжаIэри, ари сызэгупсын хуейхэм яхэзгъэхьащ. 
«Авторым фемыгупсу, езы тхыгъэм фыкъе­джэ», - жысIэу щытащ нэхъапэм. «Сыт уэркIэ усэр?» - щыжаIэм деж, «си хуитыныгъэщ» яжызоIэ. Абдеж зыращ сэ сыпсэлъэну хуитыныгъэ щызиIэри, ари и кIэм нэс къысхуэгъэ­сэбэпыркъым. СыкъэувыIэжын хуей мэхъу, зыгуэр къызэреджэнум щхьэкIэ. Си гу­ры­фIыгъуэри, си мыгъуагъэри спкъроузыкI усэр стхыхукIэ. Тхын зэрыбухыу, уи гур мэпсэхужри, дакъикъэ ипэкIэ зыхэпщIа гугъуехым гуры­фIыгъуэ къыхыбох. Зыри къэхъуни хуэмейуэ, ауэ зыгуэрым сыпэплъэ хуэдэу къыщIедзэ, усэр къыщыкIуэкIэ. Ар и кIэм зэрынэсу, а щытыкIэр мэкIуэдыж, зыри къоузыжыркъым. 
Къэпсэлъахэм жаIахэр зэкIэлъыхьауэ ттхыжа щхьэкIэ, къызэрывгурыIуащи, псалъэр щы­зэпыдуди, адыгэ литературэр ефIэкIуэн папщIэ пщIэ хъунухэми, усакIуэ щхьэхуэхэм я тхэ­кIэ-щыIэкIэми «дрихьэжьэурэ» дытеп­сэ­лъыхьащ. 
Заремэ и усэхэм сэ сызрагъэгупсысхэр ди газетым тета тхыгъэм къыщысIуэтакIэщ, ауэ схужымыIахэр мы зэIущIэр щедгъэкIуэкIыну ди гугъа гъатхэм зэрымыщIэкIэ усэу хэуващ. АбыкIэ зэхуэтщIыжынщ ди лэжьэгъу зэчиифIэр фIыуэ зэрытлъагъур, дахагъэ хэIэтыкIа куэдкIэ дызэрыщыгугъыр щIагъыбзэу зы­щIэлъа ди шеибжьэ уэршэрым и хъыбарыр. 

Зигу зэрыгъуэтыжа
 Гугъуэт Заремэ деж
Гъатхэр анэш пщIантIэжьым изогъэщхь -
Уи жагъуэ зэи зымыщIыфыну дыгъэр
ГугъэщIэкIэ уи нэкIум къопэщэщ, 
И тыгъэхэм пхъуантэмэ къакIэрихыу. 

Жьы хъуащ дунейр. КIэрахъуэурэ еша
ЩIы щхъуэкIэплъыкIэр бысым 
Iущ зыхуэхъухэм 
Зы упщIэм и жэуапкъэ къетхуэкIар: 
Насыпыр сыт тфIэфI защIэм 
щIемызэгъыр? 
 
Псэ зэрысIутым къыстрилъхьэр сыт? 
Бэлыхь? Къалэн? Сэ къыхэсха 
цIыху дапщэ
Си гъуэгум къытехьэну и щхьэ хуит? 
Зыгуэр зэрытекIыжыр хэт зи лажьэр? 

Щхьэж и жэуапыр езым и хъыбарщ.
Сысейр ууейм зэрытемыхуэм щхьэкIэ, 
Щхьэ зым адрейр гъуэщауэ дгъэува?
Мыр - лъабжьэщ, мор - къудамэщ, 
хэти - щхьэкIэщ.

Гудзакъэ зиIэм ищIэкъым хьэзаб, 
Псэр зыгъэсэхъум зыми 
хуищIкъым фIыщIэ. 
Ухыгъэр зи фэм дэхуэу хахуэ хъуар, 
Тхьэм жиIэмэ, 
хабжэнукъым дзыхьмыщIхэм. 

Уи дамэр Iэт! НэхъыфIыр къыппэщылъщ.
Узыпсыхьа дыжьыныр тхыдэм хэпхъи, 
Нобэрей дыщэр гущIэм щыгъэпщIыпщI, 
ЗэгъащIэ: мынэхъыфIу зыри къэхъукъым. 

Уи псалъэхэдэм мыщIэ къыхэпхар
Псэ ущхъуэнтIам еIэзэ хущхъуэ гуакIуэщ. 
Ар фIылъагъу куум къызэрыхуигъэщIар
ЯщумыгъэгъупщэхукIэ, уусакIуэщ. 

ЧЭРИМ Марианнэ. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

13.11.2025 - 09:03

Дерс щхьэпэхэр ирагъэкIуэкI

ДэнэкIи хуэдэу, ди республикэм и курыт школхэм мы зэманым щокIуэкI гъуэгу хабзэхэр гъэзэщIэным, лъэс­ры­зекIуэм и шынагъуэншагъэр ­хъу-

13.11.2025 - 09:03

Фэеплъ здэщымыIэм цIыхугъэ щыIэкъым

Омск областым хыхьэ Тарэ рай­оным икIуэда ди лъэпкъэгъухэм - адыгэхэмрэ абазэхэмрэ - я фэеп­лъым пщIэ зэрыхуащIым и щы­хьэту, иджыблагъэ щIыпIэ жыжьэм щы­Iащ ди лэжьэгъу, «Черкес хэку» газетым и ре

13.11.2025 - 09:03

Я щIэныгъэр къапщытэж

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм епщIанэу ще­кIуэкIащ «Этнографие диктанткIэ» зэджэ Ду­нейп­со щIэныгъэ-узэ­щIа­кIуэ Iуэхугъуэшхуэр.

13.11.2025 - 09:03

Хабзэхъумэхэм я махуэшхуэ

КъБР-м щыIэ МВД-м зэхыхьэ гуапэ щекIуэкIащ Урысей Федерацэм Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и органхэм я лэжьакIуэм и махуэм и щIыхькIэ. 

12.11.2025 - 15:59

И щхьэпагъыр наIуэ ящI

Узыфэ зэрыцIалэхэм зэрапэщIэт вакцинэр зыхрагъэлъхьэн зэрамыдэм къишэ гугъуехьхэм теухуа зэIущIэ Налшык къалэ щекIуэкIащ.