Бахъсэн зыщыхуагъэхьэзыр Адыгэхэм я махуэмрэ Къалэм и махуэмрэ![]() Бахъсэн къалэ округым и щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэ Мамхэгъ Хьэчим шыщхьэуIум и 23-м иригъэкIуэкIа зэIущIэр теухуауэ щытащ Адыгэхэмрэ Къалэм и махуэхэмрэ зыхуэгъэхьэзырыным. Абы кърихьэлIащ къалэм и Iэтащхьэм и къуэдзэхэр, администрацэм и лэжьакIуэхэр, хабзэхъумэ органхэмрэ цIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмрэ я лIыкIуэхэр. Хэхауэ зэIущIэм щыхэплъащ шухэм я зекIуэмрэ къалэм щыпсэу лъэпкъхэм я зэхыхьэпIэ пщIантIэхэмрэ къызэрызэрагъэпэщынум. А Iуэхухэр Бахъсэн къалэм сыт щыгъуи зэщIэгъэуIуауэ щокIуэкI. Иджыри абыхэм хэтыну псоми лъэпкъ фащэхэр ящыгъынущ икIи ижь-ижьыжь лъандэрэ къыддекIуэкI хабзэхэр ягъэлъэгъуэнущ.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
| ||||||||||||||||










