Зэныбжьэгъугъэм и шэсыпIэ мэхъу

Къэбэрдей-Балъкъэрым и япэ Президентым и фэеплъу «Джэдыкъуэ Плъыжь» шы комплексым щызэхэта зэхьэ­зэхуэм кърихьэлIащ икIи ар зэрекIуэкIам кIэ­лъыплъащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек, УФ-м Шы спортымкIэ и федерацэм и унафэщIым и къуэдзэ Бакеевэ Екатеринэ, Олимп джэгухэм я чемпион Попов Александр, «Отрада» шы спорт клубым и унафэщIхэу Понамаренкэ Александррэ Гоголь Николайрэ, республикэм и министерствэмрэ ведомствэхэмрэ я лэжьа­кIуэхэр, хъэрычэтыщIэхэр, шы спортым дихьэххэр, нэгъуэщIхэри. 

Япэм къэмыхъуауэ, зэхьэзэхуэм и япэ махуэм зэпеуащ УФ-м и щIыналъэхэм ящыщ куэдым, хамэ къэрал 18-м я ­шууей 73-рэ. 
Гъуэгуанэ нэхъ кIыхь дыдэр: километри 160-р, шыкIэ зэпычынымкIэ зэхьэзэхуэм япэ увыпIэр къыщихьащ Мэзкуу областым щыщ Павленкэ Юлие, «Ниацин» шымкIэ. ЕтIуанэу къэсащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и шууей Васильевэ Екатеринэ, «Мотивация Асти» шым тесу. Ещанэ увыпIэр мыбдеж къыщахьащ Хьэрып Эмират Зэгуэтхэм къикIа Аль Шебли Мохаммед Рашид Саидрэ абы къигъэжа «Эль Сеньор» шымрэ.
Километри 120-рэ зи кIыхьагъ гъуэгуанэр псом нэхърэ ­нэхъ псынщIэу къикIуащ Махуэ Мухьэмэд зытеса «Наоми Ездэч» шым. Дыжьынымрэ домбеякъымрэ  яхьащ Пензэ областым щыщ Каунинэ Мириерэ Мэзкуу къалэм и лIыкIуэ Каримовэ Татьянэрэ. 
Километр 20-м щынэхъ псынщIащ КъБР-м курортхэмрэ туризмэмкIэ и министр Быф Аскэр, «Хъан» шымкIэ. ЕтIуанэр Архэст Артурщ. Абы къигъэжащ «Батыр» шыр. «Пачах» шымкIэ ещанэ хъуащ АфэщIагъуэ Бес­лъэн.
Зэхьэзэхуэм къыщыхэжаныкIахэм кубокхэр, медалхэр, щIыхь тхылъхэр, фэеплъ саугъэтхэр иратащ. Абыхэм ­къадэкIуэу, сом мелуан 1,5-рэ абыхэм зэдагъэджэгуащ. Мылъкур къызыбгъэдэкIар «Отрада» шы спорт клубымрэ шы лъэпкъыфIхэр къыщагъэхъу Тэрч завод №169-мрэщ. 
ЕтIуанэ махуэм километр 80 зи кIыхьагъ гъуэгуанэр зэпычынымкIэ екIуэкIа зэхьэзэхуэм япэ щыхъуащ Бекъан Дарье, «Резвая» шым тесу. Километр 40-р нэхъ псынщIэу къикIуащ «Айнур» шым, Бозий Ислъам зытесам. 
ЖыпIэнурамэ, зэпеуэхэм хэтащ Белорусием, Къэзахъ­с­таным, Куржым, Абхъазым, Афганистаным, Сьерра-Леонем, Мысырым, Замбием, Индием, Иорданием, Камеруным, Палестинэм, Бурундим, Сирием, Суданым, Таджи­кис­таным, Туркменистаным, Узбекистаным, Канадэм, нэ­гъуэщI къэралхэми я шууейхэр. 
Зэхьэзэхуэм къыдэкIуэу хьэщIэхэм Iэмал яIащ УФ-м щыпсэу лъэпкъхэм я хабзэмрэ щэнхабзэмрэ имызакъуэу, Иорданием, Индием, нэгъуэщI къэралхэми яйм зыщагъэ­гъуэ­зэну, лъэпкъ шхыныгъуэхэр зыIуагъэхуэну. ЗэIущIэр ягъэ­дэхащ республикэм и къэфакIуэ гупхэм. Зэхьэзэхуэр гукъинэжу икIи гъэщIэгъуэну екIуэкIа зэрыхъуным хэлIыфIыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетымрэ къэрал мэкъумэш университетымрэ.
КъБР-м и япэ Президент КIуэкIуэ Валерий и фэеплъ зэхьэзэхуэр спорт къэхъукъащIэ ину зэрыщытам къыдэкIуэу, ар хъуащ лъэпкъ зэныбжьэгъугъэр, щэнхабзэ зэпыщIэныгъэхэр гъэбыдэным и шэсыпIэ икIи щыхьэт техъуащ Къэбэрдей-Балъкъэрыр шы спортымкIэ УФ-м и центрхэм ящыщу зыуэ зэрыщытым. 
КЪУЭЖЕЙ Iэдэм. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

15.09.2026 - 09:30

Дахэу, нэгузыужьу

Налшык къалэм и шыгъэжапIэм щэбэт кIуам щекIуэкIащ «Iуащхьэмахуэ и Кубок-2026» 21-нэ лъэпкъхэм зэдай шыгъэжэгъуэ.

15.09.2026 - 09:26

ЛIыхъужьыгъэм щIэблэр щIапIыкI

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Бахъсэнёнкэ къуажэм дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм щекIуэ­кIащ Терроризмэм пэщIэтхэм я зэкъуэтыныгъэм и махуэм хуэгъэпса фэеплъ зэхыхьэ.

15.09.2026 - 09:24

«Дыгъужьы­къуейм» и хьэщIэщыбжэр зэIуех

Аушыджэр (Дыгъужьы­къуей) къуажэм щаухуащ адыгэ хьэщIэщ екIу. Лъап­сэм ит унэр пасэрейм хэлъа хабзэм тещIыхьауэ къызэгъэпэщащ.

14.09.2026 - 09:26

Хабзэхэр зэрагъэзащIэм кIэлъоплъ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ Къэ­бэрдей-Балъкъэр Республикэм Хабзэр къызэгъэпэщынымкIэ зэпымыууэ лажьэ и зэзыгъэуIу гупым и зэIущIэ.

14.09.2026 - 09:24

Республикэр хуэхьэзырщ хэхыныгъэхэм

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ иригъэкIуэкIащ республикэм и Хабзэубзыху орган нэхъыщхьэм и Президиумым и япэ бжьы­хьэ зэIущIэр.