Абхъаз Республикэм щэнхабзэмкIэ и министр Кове Дауррэ абы и къуэдзэ Смыр Динарэрэ Сыхъум къалэм къыщыIущIащ адыгэ усакIуэ, тхакIуэ, драматург, «Горянка» газетым и редактор нэхъыщхьэ Къаныкъуэ Заринэ.
«Рифмы на Рице» абхъаз-адыгэ литературэ фестивалыр мы гъэм музейм щекIуэкIащ. Ар траухуащ Абхъаз Республикэм и япэ Президент Ардзинбэ Владислав къызэралъхурэ илъэс 80 зэрырикъум. ЗэIущIэм Кове Даур Къаныкъуэ Заринэ фIыщIэ къыщыхуищIащ илъэс зыбжанэ хъуауэ фестивалыр абхъаз щIыналъэм зэрыщригъэкIуэкIым папщIэ икIи къыхигъэщащ республикэм щыпсэухэр абы яфIэгъэщIэгъуэну зэрыхэтыр, апхуэдэ щэнхабзэ Iуэху дахэхэм лъэпкъхэм я зэпыщIэныгъэхэр зэрагъэбыдэр, я зэфIэкI ягъэлъэгъуэнуи Iэмал зэраIэр.
Зэхыхьэр къыщызэIуахым къэпсэлъащ фестивалым и унафэщI, Абхъаз Республикэм и ЛIыхъужь Соснэлы СулътIан и щхьэгъусэ Соснэлы Любовь, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, усакIуэ, публицист Зантариа Владимир, усакIуэ, тхакIуэ, «Алашара» журналым и редактор нэхъыщхьэ Лагулаа Анатолий. ЗэIущIэм ирагъэблэгъащ Ардзинбэ Владислав и щхьэгъусэ Джергениа Светланэ.
Фестивалым и етIуанэ махуэр щагъэкIуащ тхыдэ щIыпIэм - Бэгърат бгым. Абы усэ къыщеджащ, макъамэ щIэту. Зэхыхьэр Рицэ гуэлым щызэхуащIыжащ. КъыжыIапхъэщ, фестивалым хэтхэм лэжьыгъэр зэпамыгъэууэ илъэс псом абы зэрыпащэр. Мейкъуапэ, Налшык, Черкесск къалэхэм литературэ зэIущIэхэр къыщызэрагъэпэщ, Абхъаз Республикэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэхэр Iуэхум къыхашэу. Адыгэ Республикэм «Круговорот поэзии» («Рифмы на Рице» Iуэхум хыхьэу) щрагъэкIуэкI «Строфы на Руфабго» фестивалыр.
Фестивалым хэтащ Къэрэшей-Шэрджэс, Адыгэ, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэхэм щыщхэр. Зэхыхьэм къыщыпсэлъащ, и усэхэм къыщеджащ УФ-м и ТхакIуэхэми и Журналистхэми я зэгухьэныгъэхэм хэт, телевиденэм и лэжьакIуэ, усакIуэ, сценарист, режиссёр Чэнджэщауэ Артур. КъинэмыщIауэ, абы япэу утыку къыщрахьащ Къаныкъуэ Заринэрэ Чэнджэщауэ Артуррэ абхъазыбзэкIэ зэрадзэкIа я усэ тхылъхэр. Зэхыхьэм мы гъэм япэу хэтащ Краснодар крайм щыщ шапсыгъ усакIуэ-уэрэдус, уэрэджыIакIуэ Iэлалэ Хьэсэн, усакIуэ-уэрэдус, ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым и студент Iэпщэ Анзор, Адыгэ Республикэм щыщ усакIуэ, «Адыгэ макъ» газетым и лэжьакIуэ Дербэ Тимур, Адыгэ Республикэм Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым и къудамэм и щIэныгъэлI нэхъыщхьэ Мысрокъуэ СулътIан.
ТЕКIУЖЬ Заретэ.