Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр, «ДыгъафIэ къалэ» сабий академием и лIыкIуэхэм ящIыгъуу щыIащ Жьы хъуахэмрэ ныкъуэдыкъуэхэмрэ я Налшык унэ-интернатым. Ар трагъэхуат Зи ныбжь хэкIуэтам я дунейпсо махуэм.
Урысей гвардием и дзэ часту Звёзднэ поселкэм щыIэм и оркестрымрэ щIэныгъэ гуэдзэ щрагъэгъуэт центрым щеджэхэмрэ концерт ятащ, зи узыншагъэм сэкъат иIэхэм я гукъыдэжыр къаIэту.
Интернатым щыпсэухэм концерт нэужьым ерыскъыхэкIхэр иратащ.
- Мыхьэнэшхуэ иIэщ зи ныбжь хэкIуэтахэм уи нэIэ ятетыным. Абыхэм гулъытэрэ пщIэрэ яхуэщIыпхъэщ икIи дэ дыщогуфIыкI абыхэм дазэрегуэпэфам, - къыхигъэщащ Урысей гвардием и щIыналъэ управленэм и унафэщIым и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ, полицэм и полковник Мэш Мурат.
Социальнэ IуэхущIапIэм и администрацэм щыщхэм хьэщIэхэм фIыщIэ хуащIащ я нэIэ зытетхэм къыхуащI гулъытэм папщIэ.
БАХЪСЭН Азэмэт.