Чыгъэду Казбек Налшык щыIэщ.

США-м зэрыIэпхъуэрэ Адыгэ Хасэм хэтщ Казбек, сыт щыгъуи лъэпкъ Iуэхум жыджэру и гуащIэ хелъхьэ. Мы гъэм абы и тхьэмадэ къулыкъум пэрагъэуващ, илъэситI пIалъэкIэ лэжьэну.
-Си мурадщ Нью-Джерси дэт Адыгэ ФIыщIэ Хасэм и Iуэхур зыхуэунэтIауэ щытынур згъэпсу, абы дытету дылэжьэну, ДАХ-м, КъАХ-м нэхъ гъунэгъуу закъыпытщIэну, дызэрыс къэралым ис адыгэ псори Хасэм къетшэлIэну, - къыддогуашэ Казбек.
Ди хьэщIэм Къэбэрдей-Балъкъэрыр къызэрыщыхъуам, Америкэм щыпсэу адыгэхэм нобэ я Iуэху зыIутым, хэхэсхэмрэ хэкурысхэмрэ я зэпыщIэныгъэхэм теухуауэ дедгъэкIуэкIа зэпсэлъэныгъэр ди газетым и къыдэкIыгъуэхэм ящыщ зым тетынущ.
Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ.

НэщIэпыджэ Замирэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

21.03.2025 - 10:13

ЛъэныкъуитIми я сэбэп хэлъу

Беларусь Республикэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэмрэ зэдэлэжьэным пыщIа Iуэхухэр зэкIэлъызыгъакIуэ гупым и зэIущIэ видеозэпыщIэныгъэ Iэмалым тету зэхэтащ.

21.03.2025 - 09:50

ГъащIэ кIыхьым и къежьапIэр

Ахэр фIыуи Iейуи къыщIэкIынкIэ ­мэхъу, ауэ нобэ зи гугъу тщIыр езы гъащIэм и кIыхьагъырщ. Мыр щытщ дэтхэнэ къэралми и щыIэкIэ-псэукIэр зы­хуэдэр къызэрапщ пщалъэхэм ящыщ зыуэ.

21.03.2025 - 09:47

Зэшыпхъухэм я зэфIэкIыр

Республикэм и ЩIалэ­гъуалэ центрым щагъэлъагъуэ «Корни и крылья» выставкэр. Ар къызэригъэпэщащ КъБР-м ЩIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм.

21.03.2025 - 09:45

«Уэсрэ Нэсрэ» аудио тхылъыр

Иджыблагъэ Къэбэрдей-Балъкъэр радиом и унэм зэIущIэ гуапэ щекIуэкIащ тха­кIуэ, драматург, «Гарянка» газетым и редактор нэ­хъыщ­хьэ Къаныкъуэ Заринэ зэхишауэ.

20.03.2025 - 09:03

Оркестр цIэрыIуэр къызэрагъэпэщыж

Сэрмакъ къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэр къызыхуэтыншэу зыхуей хуагъэзэжри, Махуэ Дадушэ и цIэр зезыхьэ и щэнхабзэ-нэгузыужь центрым и лэжьыгъэр ирагъэжьэжащ.