2011 гъэм дыгъэгъазэм и 25-м Леон къалэм «Европэм и Кубокым» щхьэкIэ щызэпрагъэуа шы хэплъыхьахэм япэ увыпIэр къыщихьауэ щытащ Деберт Джули зытеса къэбэрдеиш Инал.
Инал дунейм къыщытехьар Словакиеращ. Адыгэш зезыхуэхэмрэ фlыуэ зылъагъухэмрэ и зэгухьэныгъэу Словакиемрэ Чехиемрэ щыIэм и унафэщl Марковэ Евэ и деж. И анэр, шыщlэр и ныбэм илъу, Къармэхьэблэ ирашауэ щытащ.
-Адыгэшыр, Урысейм и щIыпIэ зыбжанэм нэмыщl, хамэ къэралу бгъум щызэрахуэ. Шы бжыгъэр къэтхутэн папщIэ (бонитировкэ), шыщlэ къащlэхъуахэр адыгэшым и къэрал тхылъым иттхэн щхьэкIэ илъэс къэс а щlыпlэхэм дыкIуэурэ, лэжьыгъэ щыдогъэкIуэкI, - Iуэхум щыгъуазэ дещI Амщокъуэ Хьэжысмел. - Хамэ къэралхэм нобэкIэ шы 800 ди нэIэ тету щыIэщ, ар мащIэкъым, адэкIи хагъэхъуэну я мурадщ. Ахэр псори Адыгэшым и Къэрал тхылъым идотхэ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, абыхэм щыIэ шыбз бжыгъэр ирикъуркъым ахэр хуит пщIыну, Адыгэшым и Къэрал тхылъ езыхэм къыдагъэкIын папщIэ.
А дызытепсэлъыхьа лэжьыгъэр Европэм щедгъэкIуэкIыу, Марковэ Евэ и шы пщыIэм дытету, Инал къэтлъэгъуащ. Абы щыгъуэ ар илъэсиплI хъуат. И зэфIэлъыкIэкIи и хьэлкIи уигу иримыхьынкIэ Iэмал иIэтэкъым. «Мыр зэрыадыгэшри къыхэщу, абы теухуауэ мыхьэнэ иIэу, абы нэмыщIи жыIэгъуафIэу цIэ схуфIэфщ», - жиIэри Евэ къыдэлъэIуати, Инал фIэтщри, тхылъми апхуэдэцIэкIэ иттхэжат. Куэд дэмыкIыу, шым и хъыбар зэхиха нэужь, теплъэ дахэ зэриIэр ИнтернеткIэ щилъагъум, хуабжьу игу ирихьри, Евэ деж Деберт Джули кIуащ. Шыри зыIэригъэхьэри, Франджым, Баск щIыналъэм ишат.
«Элита» шы хэплъыхьахэм папщIэ Европэм зэпеуэшхуэхэр щрагъэкIуэкI уанэшыгъэкIэ зэпрагъауэу: шым игу-и щхьэ зэрызэтелъыр, цIыхум зэредаIуэр, кIэщIу жыпIэмэ, и губзыгъагъэр здынэсыр зэхагъэкI. Илъэсищ-плIыкIэ апхуэдэ зэхьэзэхуэм Джули Инал хуигъэхьэзыращ. Шым хузэфIэкI хъуахэр игу ирихьри, зэхьэзэхуэм езыри хыхьэну тегушхуащ. Джули зэпеуэхэр зэрекIуэкIыр къысхуитх зэпытт: «Мис, район зэпеуэм сокIуэри, нэгъуэщI мыхъуми, ещанэ увыпIэр къэсхьамэ арат». Сытми, зэпеуэ цIыкIум щытекIуэмэ, нэхъ иным хыхьэурэ, Франджы псом бжьыпэр щиубыдащ. «Европэм и Кубок» зэпеуэм и Iыхьэр Леон къалэм 2011 гъэм дыгъэгъазэм и 25-м щекIуэкIащ. Абы и пэ къихуэу, мыпхуэдэу къитхауэ щытат: «Зэхьэзэхуэшхуэ сокIуэ, нэгъуэщI мыхъуми, епщIанэ увыпIэр къэсхьамэ, сехъулIат, адыгэшым и лIыгъэр нэхъыбэм къащIэнт, къытпеуэхэми дахурикъуат итIанэ». Инал япэ увыпIэр абыи къыщихьащ, къыпеуа шы лъэпкъ 17-м ящыщхэм балл куэдкIэ ящхьэщыкIыу. Дэ иджыри къэс дгъэунэхуар шым и къару, и бэшэчагъ, псынщIагъ хуэдэхэрат. Абы уегъэлъагъу лъэпкъ зызыужьам и гъусэу къэгъуэгурыкIуэ псэущхьэхэм яхузэфIэкIынум гъунэ зэримыIэр. ЩIэныгъэм пэIэщIэу къэхъуахэр абы зэи ещхь хъунукъым.
Абдеж щегъэжьауэ, адыгэшым Франджым нэхь мыхьэнэ щрат хъуащ, уеблэмэ Франджым шым кIэлъыплъынымкIэ лъэпкъ къэхутакIуэ институтым адыгэшым елэжьыну мурад ищIащ. Инал абы къыщигъэлъэгъуа лIыгъэм къыкIэлъыкIуащ 2012 гъэм Вилленбринк Герхард и шы пщыIэм Пиренеи щIыпIэм адыгэшым теухуа зэхуэсышхуэ щрагъэкIуэкIар. А зэхуэзэм къекIуэлIат Европэ къэралхэм къикIахэри. Урысейм щыщу зэхуэсым ирагъэблэгъащ адыгэш зезыхуэхэу Мэзкуу, Краснодар крайм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Адыгейм щыщхэр, нэгъуэщIхэри. Адыгэш лъэпкъым зегъэужьыным теухуауэ екIуэкIа а зэхуэсым къыщащта унафэхэм ящыщт Франджым адыгэш щызезыхуэхэмрэ абы гулъытэ хуэзыщIхэмрэ я зэгухьэныгъэр къызэгъэпэщыныр, абы и унафэщIу Джули хахауэ щытащ. Урысейм щыщу зэхуэзэм хэтахэри щIыхь яIэу я зэгухьэныгъэм хатхащ. Зэхуэзэм иужькIэ Польшэм Адыгэш зыгъэхъухэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Банач Себастьян и машинэмкIэ дыкъыщришэкIащ Европэм щыщ щIыналъэхэу адыгэш щызэрахуэ къэралибгъум.
Адыгэш нэхъыбэу здэщыIэ ди республикэм къэкIуат Джули, шым и зехьэкIэр, зэрызэрахуэ Iэмалхэр нэхъ къищIэну. Ди цIыху зэхэтыкIэмрэ Iуэху бгъэдыхьэкIэмрэ илъэгъуа нэужь, абы жиIащ: «Дэ ди дежкIэ цIыхухэр щызэхуэгущIыIэщ, фэ фхуэдэу пщIэрэ гуапагъэрэ яку дэлъкъым. Сэ насыпыфIэу зыслъытэжынт, фэ фхуэдэ шыпхъу е дэлъху сиIамэ». Абдеж дгъэщIэгъуащ баскхэм, дэ тхуэдэу, зы анэ къимылъхуахэр Iыхьлы зэрыгъэхъуу апхуэдэ дыдэ хабзэ зэраIэр. Абы иужькIэ, Iэмал иIэжтэкъым ди лъэпкъ Iуэхур апхуэдизу фIыкIэ къэзыIэтыр, абы и пщIэм Европэм щыхэзыгъаIуэ цIыхубз псэ къабзэр шыпхъу умыщIынкIэ. А зэIущIэм хэтахэм унафэ къащтащ абдеж щыщIэдзауэ Хьэжысмелрэ Джулирэ зэдэлъхузэшыпхъукIэ зэджэну.
Баск щIыналъэми, Джули ди шузекIуэхэм щахэтами, ди деж къыщыкIуами, дгъэщIагъуэу гу лъыттащ адыгэбзэмрэ баскыбзэмрэ псалъэ куэд зэтехуэу зэрыхэтыр. Абы теухуауэ мыхьэнэшхуэ иIэнут, бзэ щIэныгъэр зи IэщIагъэ ди филологхэр а Iуэхум нэхъ куууэ бгъэдыхьатэмэ. Телъыджэ куэд хэтщ ди тхыдэм, уи щхьэр ириунэзэну. Ди бзэмрэ ди тхыдэмрэ дэ къытфIэмыIуэхуу хъунукъым, дэ лъэныкъуэкIэ дыщытыху, нэгъуэщIхэм ар ямыгъэкIуэду тхуаIыгъыну е зэрахьэну уи фIэщ пщIы хъунукъым. Псалъэм папщIэ, Деберт Джули баск лъэпкъщ, университет къиухауэ Париж лэжьапIэфI иIэу дэсу, псори хыфIидзэри къыщалъхуа щIыналъэм игъэзэжащ, баскыбзэмрэ баск тхыдэмрэ зэрыхэкIуэдэжыр игу къеуэрти, хузэфIэкI хилъхьэну. Абы лъандэрэ еджапIэм и унафэщIу, баскыбзэмкIи сабийхэр иригъаджэу мэлажьэ. Зымахуэ игу къеуэу къысхуитхащ Интернетым уихьэкIэ адыгэшым теухуауэ, хуэфащэу, ещхьу узэплъын хамэ къэралыбзэкIэ куэд зэримытыр, ар сурэт ирехъу, тхыдэ ирехъу. Уеблэмэ адрей шы лъэпкъхэм ятеухуауэ итым, пцIыми пэжми, къекъутэ. Зэран иIэтэкъым, мыхьэнэ нэхъыбэ ефту, а Iуэхум иужь фитамэ, жиIэу.
Ди жагъуэ зэрыхъунщи, абы жиIэр пэжщ: мащIэщ щыIэмрэ пэжымрэ цIыхубэм къащIэн щхьэкIэ, адыгэшым теухуауэ Интернетыр къызэрыдгъэщхьэпэр.
Деберт Джули Инал адыгэшым тесу Баск щIыналъэм игъэзэжащ.
XVI лIэщIыгъуэ лъандэрэ
Кавказ Ищхъэрэм щагъэхъу шы лъэпкъхэм я нэхъыфIыр адыгэшращ. Абы ущрохьэлIэ кавказ республикэ псоми, Ставропольрэ Бжьэдыгъу къалэрэ я Iэгъуэблагъэхэми. И бжыгъэр мин 40-м нэсынщ. Кавказми, Кърымми, Молдавиеми щызэрахуэ шыхэр ирагъэфIэкIуэн папщIэ шагъдийхэр къагъэщхьэпэ.
Дызэрыт зэманым къэбэрдей шы лъэпкъыр Инджылызым, Афганистаным, Болгарием, Вьетнамым, Кореем, Польшэм, Франджым, Чехословакием иращэ. 1963 гъэм къэралым ираша шыхэм я нэхъыбэр къэбэрдей шы лъэпкъым щыщщ. Адыгэшым уасэу хуэзар адрей уанэш лъэпкъ псоми я уасэм щхьэдэхащ. Адыгэш куэд къыщагъэсэбэп Совет Армэми.
Гулъытэ нэхъ хуащIу адыгэшыр гуартэу зэрахуэн щыщIадзар XVI лIэщIыгъуэращ - Псыжьрэ Тэрчрэ я зэхуаку дэлъ Кавказ Ищхъэрэ тафэр зэрыщыту зыубыда къэбэрдей пщы-уэркъхэм я унафэм адрей бгырысхэр щыщIэтам щыгъуэ. А зэманращ бгырысхэм шыхэр гуартэу зехуэныр хьэл щахуэхъуари, мэкъумылэ хуамыгъэхьэзыру, гъэмахуэм бгым, щIымахуэм - губгъуэм, бгы лъапэ удзылъэхэм щагъэхъуу щрагъэсари. Адыгэшыр уанэшу къызэрекIуэкIар, цIыхубэ гъащIэм мыхьэнэшхуэ щиIар лъэпкъым и хабзэми и IуэрыIуатэми IупщIу къыхощ.
X лIэщIыгъуэм урысхэмрэ къэбэрдейхэмрэ я зэхуаку дэлъа зэхущытыкIэр лъэпкъитIми къахуэщхьэпащ. Къэбэрдей шуудзэ псынщIэр Урысейм XVI-XVIII лIэщIыгъуэхэм иригъэкIуэкIа зауэ псоми хэтащ. АрщхьэкIэ Урысей пащтыхьыгъуэм XIX лIэщIыгъуэм илъэс щэщIкIэ иригъэкIуэкIа Кавказ зауэм къэбэрдейхэми шэрджэсхэми хэщIыныгъэшхуэ яритащ, я шы зехуэн IэщIагъэри зэпиудащ.
Красников Андрей,
«Кавказ Ищхъэрэм щызэрахуэ шы лъэпкъхэм зэрызаужьамрэ зэрызахъуэжамрэ».
1964 гъэ
Пщы къэс шы завод зэгъэпэща иIэт
ШЫФI хуэныкъуэ зауэлIхэр шы хъупIэхэм емылIэлIэнкIэ Iэмал иIэтэкъым. Пщы къэс шы завод зэгъэпэща иIэт. НэхъыфI дыдэу Къэбэрдейм щалъытэхэр джылахъстэней уэркъ Щолэхъу ейхэмрэ къэбэрдеишхуэм щыщ Чэполэ уэркъым ейхэмрэт. Ауэ хэзыщIыкIхэм зэрыжаIэмкIэ, тIури абазэ тепщэ Трамэм ейм лъэщIыхьэнутэкъым. Адыгэшым и адэр хьэрыпщ, и анэр адыгэщ. Нобэр къыздэсым Iуэхум елIалIэ шыхъуэхэм яшхэр ирагъэфIэкIуэн папщIэ, Тыркумрэ Къэжэрымрэ шы лъэпкъыфI къызэрырашыным иужь итхэщ.
Броневский Семён, урыс генерал. 1804 гъэ