Адыгэ фащэр сэ схуадами, зэры-Кавказу ­яхуэхъуащ

ФокIадэм и 28-м адыгэ ­дунейм щагъэлъэпIащ Адыгэ фащэм и махуэшхуэр. Адыгэм и тхыдэр, шыфэ­лIыфэр, хабзэр, нэмысыр, гъэсэныгъэр, лъапIэныгъэ­хэр къызытещ цIыхухъу, цIыхубз фэилъхьэгъуэхэм я пщIэр нэхъри Iэтыным, ди напщIэм телъ хабзэмрэ адыгагъэмрэ гъуэгу етыным, къыддекIуэкI хъу­гъуэ­фIы­гъуэхэр зейр ягу къагъэ­кIыжыным тегъэпсыхьауэ Черкесск щекIуэкIа хэгъэгузэхуаку фестивалыр къы­зэрымыкIуэу ин, дахэ, куп­щIафIэ хъуат. 

Фигу къэдгъэкIыжынщи, Адыгэ фащэм и махуэр трагъэхуащ сурэтыщI-модельер, дизайнер, Адыгейм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Адыгэ Республикэм и Къэрал саугъэтыр зыхуагъэфэща, «Лиги мира» республикэ жы­лагъуэ зэгухьэныгъэм и саугъэтыр зрата СтIащ Юрэ Мэхьмуд и къуэр къыщалъхуа махуэм. А жэрдэмыр АР-м и Адыгэ Хасэм къыхилъхьэри, 2011 гъэм япэу ягъэлъэпIащ. ИтIанэ, 2014 гъэм, Адыгейм къэрал статус щигъуэтащ. 
Дунейпсо Адыгэ Хасэм къыхилъхьауэ, 2012 гъэ лъандэрэ ягъэ­лъапIэ фащэм и махуэр, ар адыгэ зэрыс щIыналъэ, къэ­рал псоми щаIэт. Фащэр лъэпкъым и напэщ, абы къы­тощ адыгэм и шыфэлIыфэр, тхыдэр, хабзэр, гъэсэныгъэр, щэнхабзэр, лIыгъэр, хахуа­гъэр. Абы ипкъ иткIэ, жыпIэ хъунущ фащэр адыгэм и тхыдэу, и блэкIам щыхьэт техъуэ дамыгъэ лъапIэу. Нобэ цIыхухъу, цIыхубз фэилъхьэгъуэхэм зэхъуэкIы­ныгъэхэр ягъуэтами, зэманым драгъэкIуу щIэблэм зэращыгъым, IэщIагъэлIхэм иджы­рей теплъэхэр зиIэ цейхэмрэ саехэмрэ зэра­щIым ущымыгуфIыкIынкIэ Iэмал иIэкъым. Апхуэдиз гъуэгуанэ къызэзынэкIауэ иджыри лъэпкъым и набдзэ фэилъхьэгъуэр Кавказ лъэпкъ куэдым зыщатIэгъащ, къэзыгупсыса, зей лъэпкъым и цIэр фIащыжри. «Черкес­ка»-р зы­щыгъ сыт хуэдэ лъэпкъми цIыхуми зызыхуигъадэр шэрджэс лIы хахуэмрэ шэрджэс пщащэ теплъафIэмрэщ. Ар зэманым хэмыкIуэдэжын, нэгъуэщIым зэримейр къэзыгъэлъагъуэ, лъэп­къым пщIэ зы­хуищI фэилъ­хьэгъуэ лъапIэу диIэщ.
Шэрджэс Хасэм и тхьэмадэ Аслъэн Алийрэ «Черкес хэку» лъэпкъ газетым и редактор нэхъыщхьэ Абидокъуэ Люса­нэрэ я жэрдэмкIэ, къыхалъ­хьа Iуэхур Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и Прави­тельствэм къадиIыгъри, гуфIэгъуэ Iуэхур зэхашащ.
Фестивалыр екIуэкIащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и нэIэм щIэту. Абы хэтащ ДАХ-м и ­къудамэу адыгэ щыпсэу щIыналъэхэм щылажьэхэм я лIы­кIуэхэр. Черкесск и «ХытIыгу щхъуантIэ» щIыпIэ дахэм щекIуэкIа гуфIэгъуэ зэхыхьэм хэтащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий, КъБР-м и Парламентым и депутат Къумал Заурбэч, Къэбэрдей-Балъкъэрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и щIэныгъэ институтым и унафэщI Дзэмыхь Къасболэт, Адыгей Хасэм и тхьэмадэ ЛIымыщэкъуэ Рэмэзан зи ­пашэ гупыр, Мэздэгу Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Факъуэ ­Русланрэ къы­дэ­лажьэхэмрэ, Краснодар крайм щыIэ Адыгэ Хасэм и ­Iэтащхьэ МэшылI Руслан зи пашэ гупыр, Ставрополь крайм щыIэ Адыгэ щэнхабзэ центрым и унафэщI Шыбзыхъуэ Юрэ сымэ, нэгъуэщIхэри. 
«ХытIыгу щхъуантIэм» и утыкум щегъэувэкIат Къэрэшей-Шэрджэсым, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Адыгейм щыщ цIыхубз IэпэIэсэхэмрэ цIыхухъу IэпщIэлъапщIэхэмрэ я IэдакъэщIэкIхэр. Ахэр гуа­пэу цIыхубэм ядэгуашэрт я хьэпшыпхэм я хъыбархэмкIэ, къызыхэщIыкIам, зэрагъэхьэ­зырам, къызэрагъэсэбэпым теу­хуахэмкIэ. Адыгэм ижь-ижьыж лъандэрэ къыдокIуэкI IэпщIэлъапщIагъэр. ЦIыхухъу зэкIужым хуэфIрэ пщыгъыну тыншу къигупсыса фащэмрэ бзылъхугъэ гуакIуэм и пкъым изагъэ, егъэлеиныгъэ лъэпкъ зыкIэрымылъ бостеймрэ но­бэр къыздэсым зэрахьэ, ар зыд IэщIагъэлIхэри ди мащIэкъым. 
Абы къищынэмыщIауэ, ды­щэм, дыжьыным, гъуаплъэм, жэзым, пхъэм, фэм, гъущIым зыхуеину хьэпшыпыр къыхищIыкIырт адыгэм, уна­гъуэм къыщигъэсэбэпынухэмрэ унэ­лъащIэмрэ и IэкIэ зэригъэпэщыжыфырт. Апхуэдэ Iэзагъ зыбгъэдэлъ куэд щызэ­хуэсат Черкесск. ЯгъэлъапIэр адыгэ фащэрами, уи щхьэкIэ, уи унагъуэкIэ къэбгъэсэбэпын куэд кърахьэлIат, фащэр зэ­рагъэщIэращIэ пкъыгъуэхэм­рэ бзылъхугъэм къигъэсэбэп хьэпшып цIыкIуфэкIухэмрэ бжыгъэншэт. Псалъэм къы­дэкIуэу жыпIэмэ, Даур Аслъэн и цIэр зэрихьэу Черкесск дэт, Щэнхабзэмрэ гъуаз­­джэмкIэ колледжым утыку кърихьа хьэпшыпхэм нэр пIэпахырт, апхуэдизкIэ дахэти. Ар зи IэдакъэщIэкIыр еджапIэм и студентхэрат.
Колледжым Декоративно-прикладной гъуазджэмрэ лъэпкъ IэщIагъэхэмкIэ и къудамэм и унафэщI ЛапIыгу Эллэ зэрыжиIамкIэ, къудамэр къыщIызэIуахам и щхьэу­сыгъуэр лъэпкъ IэщIагъэхэр къэгъэщIэрэщIэжынырщ. «Абы къыбжеIэ ижь-ижьыж лъандэрэ лъэпкъым къыде­кIуэкIа хьэпшыпхэр иджыри гъащIэм къыщыбгъэсэбэп зэ­­-
ры­хъу­нур, абыхэм дыщы­псэу лъэхъэнэм увыпIэ хэха зэрыщаубыдыр. Нобэ флъагъу экспонатхэм ящыщу дэтхэнэ зыми хуитыныгъэ иIэщ иджырей зэманым «хэпсэу­кIыну». Дыщэидэм, арджэ­ным, цы зэIущэным, лъэпкъ макъамэ Iэмэпсымэхэр щIы­ным - куэдым худогъасэ студентхэр. Фестивалым утыку къыщитхьар ди еджакIуэхэм я диплом лэжьыгъэхэрщ. Мыхьэнэшхуэ иIэщ мыпхуэдэ махуэ зэрыщыIэм, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, абы нэхъри узэкъуе­гъэувэ, узэрегъэубыд. Нобэ Адыгейм, Къэбэрдей-Балъкъэрым къикIа IэпщIэлъапщIэхэм я лэжьыгъэм дыкIэ­лъоплъ, езыхэми ди Iэдакъэ­щIэкIхэм зыщагъэгъуазэ, щIэщыгъуэ, дымыщIэ гуэрхэмкIэ ды­зэдогуашэ. Аращ махуэшхуэм и къалэн нэхъыщхьэри», - жеIэ Эллэ. 
Адыгэ фащэм къыгуэхыпIэ имыIэу епха шылэхъарымкIэ Iэзэ бзылъхугъэ цIыкIум къишащ и IэдакъэщIэкI дыща­фэхэр, хужьыфэхэр, нэхъ Iуву зэрыхъахэр, нэхъ пIащIэхэр, тхыпхъэ зэмылIэужьыгъуэхэр зы­хэтхэр. «Сэ сызэрыцIыкIурэ сощI шылэхъар, си анэшхуэм сригъэсауэ, - жеIэ абы. - Зы шылэхъарыр махуищым-­махуитхум къриубыдэу сощI, ихьыну зэманыр Iуданэми, хэпщIыхь тхыпхъэми елъытащ. Сэ къызэрыслъытэмкIэ, саер нэгъэса хъунукъым, шылэхъар имыгъусэмэ».
Налшык щыщу гъэлъэгъуэ­ныгъэм хэтащ модельер цIэрыIуэ ХьэцIыкIу Мадинэ. Абы и IэдакъэщIэкIхэр лIэ­щIыгъуэ блэкIахэм къы­хэбэкъукIыу нобэрей зэманым къыхэхутам ещхьщ. Уздеплъ къудейм лъэпкъым и беягъымрэ и хъугъуэфIы­гъуэхэмрэ псэкIэ зыхыуагъащIэ. ЦIыхухъу, цIыхубз фащэхэм къадэкIуэу, Мадинэ иужьрей илъэсхэм иригъэ­жьащ адыгэ тхыпхъэщIыпхъэхэр, дамыгъэхэр къызытещ фэилъхьэгъуэхэр дыныр, ахэр нэхъыбэу щызытIагъэр щIалэгъуалэрщ. Данэ Iэ­лъэщI дахэхэр иIэщ Хьэ­цIыкIум, пасэрей Шэрджэс щIыналъэм и теплъэр къызытещ IэлъэщI екIур, и анэм ­хуигъэпсауэ макъамэм епха тхыпхъэхэр зытетыр... ЖыпIэнуракъэ, Мадинэ и Iэм ищI дэтхэнэ зы хьэпшыпми «адыгэ­мэ» къыкIэрех, узэ­рыадыгэм уригушхуэжу ахэр зепхьэну урегъэхъуапсэ. «Сэ щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэ­- хэм къыщызэрагъэпэщ мып­хуэдэ зэхыхьэхэм сыкIуэну сфIэфIщ. Сыт щхьэкIэ жы­п­Iэмэ, абы цIыхухэм ща­лъагъу жыпхъэ псоми тету яда адыгэ фащэ екIур, абыкIэ нэгъуэщI лъэпкъхэми укъацIыху, зи ­лъапIэныгъэхэр зы­фIэгъэ­щIэ­гъуэн уи лъэпкъэгъухэми фащэм и тхыдэр, и теплъэр зрагъащIэ. Къищы­нэмы­щIа­уэ, лъэпкъ зыхэщIэр тхыпхъэщIыпхъэхэр зытет, зыхэт хьэпшыпхэмкIэ щIалэгъуа­лэм ябгъэдэплъхьэфынущ. Нобэ къэтша апхуэдэ хьэп­шыпхэми щIэупщIэ яIэщ», - жеIэ Мадинэ. 
Хьэбэз къуажэм щыщ Адышэс Iэзэмэт гъущIым, фэм, пхъэм йолэжь. Ауэ и цIэр зыгъэIуар адыгэ сэжьейхэрщ. Сэм ирихьэлIэ пкъы­гъуэхэр хыв бжьакъуэм, бы­лымыфэм, бзиихум, мэл бжьа­къуэм, нэгъуэщIхэми къы­хех. Iэрыхуэу къызэрыбгъэсэбэпыфым, жану зэры­лъам къыдэкIуэу и теплъэкIи дахэщ Iэзэмэт и Iэдакъэ­щIэкIхэр, нэхъыщхьэращи, пасэрей адыгэм иIыгъа сэ­жьейр хэплъхьэни-хэпхыни щымыIэу и лъэщапIэм щещIыжыф. Гъэлъэгъуэныгъэм къишахэм ящыщщ гъущI чыданэ зэхэшыхьа псыгъуабзэу мин 20 - 25-кIэ зэрыхъа афэ джанэмрэ зауэлIым и Iэщэ-фащэмрэ. А фэилъхьэгъуэм ущеплъкIэ, лъэпкъ тхыдэр уи нэгу къыщIоувэ, лIыгъэрэ ­хахуагъэкIэ цIэрыIуэу щыта адыгэлIым и шыфэлIыфэр нэрылъагъу пщохъу.
- Адыгэ зауэлIым и Iэщэ-фа­щэу сэ утыку къисхьар зыщIар си закъуэкъым, атIэ сабийхэм я IэдакъэщIэкIыу жыпIэ хъунущ. Хьэбэз курыт еджапIэм лъэпкъ класс щыдиIэщи, абы щIэсхэм афэ джани, шабзи, шабзэши, фэм къы­хэщIыкIа хьэпшып куэди ящI. А IэщIагъэм и гъу­сэу сабийм и бзэр нэхъ шэрыуэ мэхъу. Си къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщ зыуэ къы­золъытэ, IэпщIэ­лъапщIагъэм хуезгъасэ са­бий­хэм Iэмал имыIэу я анэ­дэлъхубзэкIэ згъэпсэлъэныр. Дерсым щIэс сабийм Iэмэ­псымэ гуэр къищ­тэнуми, зэ­лэжьым теп­сэ­лъыхьынуми, къигъэсэбэ­пыр адыгэбзэщ. Арыншауэ хъунукъым. Бзэр Iурымылъу, ауэ и адэжьхэм къагъэсэбэпу щыта хьэпшып ищIыфкIэ е зэрихьэкIэ сабийр адыгэ хъунукъым. 
Iэщэмрэ фащэмрэ зэгуэпх мыхъун хьэпшыпщ. ЗауэлIым дежкIэ нэхъапэр Iэщэрат, итIанэт фащэм щынэсыр, ар бзэм апхуэдизкIэ куууэ хэп­щIащи, зэкIупсу къегъэсэбэп Iэщэ-фащэр. Сэри ар ныбжьыщIэхэм я деж зэры­нэс­хьэ­сыну, Iэщэ ящIыфу, фащэм хуэIэрыхуэу щытыну сы­хуейщ, - къыддогуашэ Iэзэ­мэт.
Адыгэ хьэпшып жыпIамэ, ар нэхъ Iэзэу зыщI бгъуэ­тынкъым Адыгейм ис бзы­лъху­гъэхэм нэхърэ. Адыгей IэпэIэсэ зыбжанэм я Iэдакъэ къыщIэкIа жьыхухэр, къэлътмакъхэр, зэрызагъэщIэращIэ хьэпшыпхэр, чысэхэр куэду Iэнэм тегуэшащ. Хъуран Азэ зэрыжиIамкIэ, IэпэIэсэхэр зэ­чэнджэщри, псоми я хьэп­шып зэрыз-тIурыту зэхэлъ гъэлъэгъуэныгъэр Черкесск къашэну мурад ящIащ мы гъэм. 
ЛъэныкъуэкIэ къыщытщ ХъуакIуэ Рузанэ и фащэхэр, ахэр зи IэзагъкIэ зыгъэ­щIэрэщIа Нэгъуей Оксанэ и IэдакъэщIэкIхэр. Иджырей лъэхъэнэм уи Iэм зыгуэр ищIыныр, щIэ гуэр къэбгуп­сысыныр фIыщ, аращ щIалэгъуалэр дэзыхьэхыр. Оксанэ тхылъымпIэ гъэджэ­рэзам къыхищIыкI гуащэхэмрэ фащэхэмрэ умыгъэщIэгъуэн плъэкIыркъым. Абыи къыщы­мынэу, бзылъхугъэ фащэм, Рузанэ идахэм, тхылъымпIэ гъэджэрэзам къыхэщIыкIа тхыпхъэхэр тредэ. 
- Рузанэ фащэ дын зэ­ры­щIидзэрэ илъэс 20-м нэблэгъами, сэ IэпэIэсэхэм сазэ­рыхыхьэрэ илъэс зыбжанэ ­къудейщ зэрыхъур. ТхылъымпIэ гъэджэрэзам хьэпшып зэмылIэужьыгъуэхэр къызэ­рыхащIыкIыр Интернетым щыслъэгъуауэ аращ. Сэри апхуэдэ зыгуэрхэр сщIын щIэздзэри, сыдихьэхащ. Ауэ­рэ тхыпхъэщIыпхъэхэмрэ хьэп­шыпхэмрэ сщIыуэ езгъэ­жьащ. Ар зылъэгъуа си ныбжьэгъухэм сытрагъэгушхуэ­ри, селэжьу щIэздзащ, - жеIэ Оксанэ. 
Оксанэрэ Рузанэрэ зэгурыIуэри, иджырей фащэм и теплъэщIэхэр къагупсысащ. ТхылъымпIэ гъэджэрэзам къыхэщIыкIауэ бгъэIулъым, бгырыпхым, пыIэм трагъэтIысхьэну тхып­хъэ­щIып­хъэхэр зэмылIэужьы­гъуэу ещIри, зытрилъхьэну фащэм екIуну плъыфэкIэ елэж Оксанэ. Ахэр иджы япэу Черкесск утыку къыщра­-хьащ. 
Апхуэдэ хъыбар щIэщы­гъуэхэмрэ фащэм и теплъэ зэмыщхьхэмрэ цIыхубэр дахьэхауэ еплъащ а махуэм, ягу ирихь хьэпшыпхэр къащэ­хуащ. Нэхъыщхьэрати, ягурэ я щхьэрэ зэтелъу, лъэпкъ ­уардэм къызэрыхэкIам иригушхуэу, хьэпшып, зэхэтыкIэ, хабзэ уасэншэ зэраIэм я щхьэр иджыри зэ лъагэу яригъэлъагъужу заплъыхьащ. Апхуэдэ дыдэуи нэгъуэщI лъэпкъхэми ялъэгъуащ адыгэм и блэкIар зэрыбейр, и щIэблэм ябгъэдэлъ зэчийр, я адэжьхэм яхуэфащэу, лъэпкъ зэхэщIыкIымрэ хэкупсагъэм­рэ хуэпэжу адэкIи зэрыба­къуэр. 
Утыкум адыгэ хьэпшыпхэр щызэзыгъэлъэгъуа цIыхубэр хуэмурэ Черкесск и Амфи­театрымкIэ яунэтIащ. Абы щекIуэкIащ зэкъуэш хэгъэгу­хэм къикIа артистхэри зыхэта махуэшхуэ концерт. 
Концертыр къызэIуихащ икIи дахэу иригъэкIуэкIащ «Черкес хэку» газетым и редактор нэхъыщхьэ Абидокъуэ Люсанэ. 
АР-м, КъБР-м, КъШР-м я цIыхубэ тхакIуэ МэшбащIэ Исхьэкъ адыгэ цейм теухуауэ итха усэмкIэ къызэIуихащ Люсанэ концертыр.
«... Адыгэ фащэр сэ схуадами, зэры-Кавказу ­яхуэхъуащ». Щыпкъэщ, захуагъэщ икIи узэрыгушхуэщ а псалъэхэр. ГуфIэгъуэ зэхыхьэм къекIуэ­лIа куэдым адыгэ фащэхэр ящыгът, тхыпхъэщIыпхъэхэр къызытещ фэилъхьэгъуэхэмкIэ зэщыхуэпыкIат щIа­лэ­гъуалэм я нэхъыбэр. Нэр ягъэгуфIэрт Адыгэ-Хьэблэ, Хьэбэз районхэм, Хъумэрэ къуажэм къикIа, адыгэ фащэр екIупсу зыщыгъ дадэхэм. 
ФIэхъус псалъэкIэ хьэщIэ­хэм захуигъэза нэужь, Абидокъуэ Люсанэ утыкум къригъэблэгъащ бысым Хасэм и тхьэмадэ, КъШР-м и ЦIыхубэ Зэхуэсым и депутат Аслъэн Алий. 
- Хуабжьу фIыщIэ ин фхуэс­щIыну сыхуейщ зэхуэдэу дызэрыгушхуэ фащэм и махуэм тедуха гуфIэгъуэ зэIущIэм кърихьэлIа псоми, ар едгъэкIуэкIыныр къыддэ­зы­Iыгъа, къыддэIэпыкъуа республикэ къулыкъущIапIэхэм я унафэщIхэми. Лъэпкъыр псэущ и блэкIам пщIэ хуи­щIыху, и хабзэ, и бзэ, и фащэ зэрихьэжыху. Абы елъытамэ, Адыгэ фащэм махуэ ху­хэп­хынри ар ину бгъэлъэ­пIэн­-   ри Iуэху щхьэпэщ. Пасэм адыгэм ящыгъа фэилъхьэ­гъуэр иджыри ди щIалэгъуа­лэм зэрызэрахьэр гуфIэ­гъуэш­хуэщ. Ар щыгъын къудейкъым, атIэ лъэпкъым бгъэ­дэлъ хъугъуэфIыгъуэ­-хэм уе­зы­гъэгупсысщ, ар зы­хозы­гъащIэщ икIи укъызы­хэкIам ухуэпэжу ущытынымкIэ сэбэ­пышхуэ хъу хьэп­шыпщ. Сы­хуейщ мы махуэм и мыхьэнэр зыхэтщIэу, ди блэкIам дригушхуэу, ди къэкIуэнур дахэ зэрытщIыным зэгъусэу дытелажьэу дызэ­дэпсэуну, - жиIащ Аслъэн Алий. 
Уэрэдрэ къафэкIэ гъэнщIауэ щыта пшыхьым пщащэ щIыкIафIэ зэкIужхэм щагъэ­лъэгъуащ Нэхущхэ Заремэрэ Мединэрэ я Iэдакъэ къы­щIэкIа фащэхэр. Я теплъэкIэ, плъыфэкIэ, дыкIэкIэ зэ­мыщхь фэилъхьэгъуэхэм ящыщ дэтхэнэ зыми ущIы­дихьэхынрэ сщыгъарэт щIы­жы­пIэн хъуэпсэгъуэ гуэррэ яхэлът. Ини цIыкIуи зыхэта, нэхъыщIэ дыдэхэми утыкур хуит щыхуащIа гъэлъэгъуэныгъэм Iэгуауэшхуэ хуаIэтащ, зэанэзэпхъум яхуэхъуахъуэу­рэ. 
НэхъыжьыфI зимыIэм нэхъыщIэфI иIэкъым. Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ­Сэхъурокъуэ Хьэутийрэ абы ­къадэлажьэ Хасэ унафэщI­хэм­рэ кърагъэблэгъащ утыкум.
- Фащэм, хабзэм, лъэпкъым я мыхьэнэр къызыгурыIуэ, абы пщIэ хуэзыщI дэтхэнэ зыми фIыщIэ хуэфащэщ, - жиIащ Сэхъурокъуэ Хьэутий. - Дэнэ щыпсэу адыгэри зэ­къуегъэувэ нобэ хуэдэ махуэм. Сыхуейщ адыгэр адрей лъэпкъхэм сытым дежи ­къазэрыщхьэщыкIыу щыта ди лIыгъэр фхэлъу, хабзэмрэ нэмысымрэ зефхьэу, бзэмрэ тхыдэмрэ фхъумэу диужь ит щIэблэр фыкъэгъуэгурыкIуэну. Ди лъэпкъым куэд и нэгу щIэкIащ. Дэ къыдгуроIуэ лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэхэр тхъумэмэ, абы щIэблэр щIэтпIыкIмэ, ди гъуэгур кIыхь зэрыхъунур. Фащэм и IуэхукIэ нобэ дызэхуэсами, дыщIызэ­хы­хьэн гурыфIыгъуэ куэд иджыри Тхьэм къыдит. Лъэпкъ куэд щызэхэс ди Хэкур нэхъри ефIэкIуэну, нобэ гъунапкъэхэр зыхъумэ ди щIалэгъуалэр узыншэу къе­кIуэлIэжыну, Къэбэрдей-­Балъкъэрми, Урысей псоми зэIузэпэщыгъэрэ зэгуры­Iуэ­рэ илъыну сохъуахъуэ. 
Псалъэ гуапэкIэ къызэхуэсахэм зыхуагъэзащ икIи лъэпкъым къыдекIуэкI лъапIэныгъэхэр хъумэным фIым дызэрыхуишэнур къыхэщу къэпсэлъащ ЛIымыщэкъуэ Рэмэзан, Факъуэ Руслан, МэшылI Руслан сымэ. 
ЗэIущIэм щагъэлъэгъуащ лъэпкъ щэнхабзэм и куры­-хыу къалъытэ фащэм нобэ елэжь IэпщIэлъапщIэхэр зыхэта ­фильм кIэщI. Къэбэрдей-­Балъ­къэрым, Къэрэшей-Шэр­джэ­сым, Адыгейм ис бзылъхугъэ IэпэIэсэхэм гум нэсу жаIэжащ цIыхухъу, цIыхубз фэилъхьэгъуэхэм я зэхэлъыкIэр, зехьэкIэр. Адыгэ фащэм псэщIэ хэзылъхьэ­жауэ къалъытэ, «япэ адыгэ ­кутюрье» зыфIаща СтIащ Юрэ и коллекцэм ЩIы хъурейм гуа­пагъэмрэ мамырыгъэмрэ, зэгурыIуэмрэ зэныбжьэгъугъэмрэ укъыхуезыджэ гуп­сысэ­хэр теплъэ зыхуищIа ­фащэ пщIы бжыгъэхэр зэ­рыхэ­тыр щыжеIэ филь­мым. Абы и цIэр дыщэ Iуда­нэкIэ щыхидыкIащ лъэпкъ тхы­-дэм. 
Концертыр ягъэдэхащ Къэ­рэшей-Шэрджэсым и Къэрал филармонием къафэмкIэ и театрым, «Пасэрей» лъэпкъ макъамэ IэмэпсымэхэмкIэ ан­самблым, уэрэдымрэ къа­фэмкIэ «Сэтэней» ансамб­лым, «Шэрджэс» цIыхубэ ан­самблым, «Лэгъупыкъу» сабий къэфакIуэ гупым, «Синдика» къэфакIуэхэм, «Зори Урупа» сабий къэфакIуэ гупым (Краснодар край) уэ­рэджыIакIуэ цIэрыIуэхэу, Кавказ Ищхъэрэм и хэгъэгухэм щIыхьыцIэ лъапIэхэр зыхуа­гъэфэщахэу Мэремкъул Ачар, Думэныщ Лианэ, Му­ратхэ Мурат, Ажий Мурат, Мам­хэгъ Каринэ, Унэж Му­Iэед, Адэмокъэ Ахьмэд, Хъуп­сырокъуэ Мурат, Зеущэ Iэуес ­(КъБР), ХьэбытIэ Вячеслав (Осетие Ищхъэрэ - Алание), Лъашэ Альберт, Хъуран Азэ (АР) сымэ.
Фестивалыр щIалэгъуа­лэр жыджэру зыхэта адыгэ джэгушхуэкIэ зэхуащIыжащ. 

Тхыгъэри  сурэтхэри НэщIэпыджэ  Замирэ ейщ. 
Налшык - Черкесск - Налшык.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

14.08.2026 - 14:11

Тыгъэ екIу, купщIафIэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэ­ра­лыгъуэр илъэси 100 зэрыри­къум и щIыхькIэ къызэIуаха «Сквер 100-летия» зыгъэп­сэ­ху­пIэм хыхьэу яухуа гъуазджэ галереем щокIуэкI Кисловодск къалэм и сурэтыщI Лангуровэ

14.08.2026 - 11:10

ГуащIэщ къекIуэкIыгъуэхэм я зэблэкIыгъуэр

Щэбэт кIуам щIидзащ Урысей Федерацэм и Кавказ Ищхъэрэ, Ипщэ щIыналъэхэм я топджэгу командэ нэхъ лъэщхэр зыхэт еща-            нэ дивизионым щекIуэкI           зэхьэ­зэхуэм и етIуанэ               

14.08.2026 - 09:54

Хадэм и дахагъэр зи теплъэ

«Сигу ирохь» студием гъэлъэгъуэныгъэ гъэщIэгъуэн къыщызэIуахащ: IуэхущIапIэр зей Хьэ­цIыкIу Милэрэ Жэбалы Заирэрэ я IэдакъэщIэкIхэр утыку кърахьащ, «Жыг хадэм» фIэщыгъэр хуащI­ри.

13.08.2026 - 14:39

Уатегушхуащэ хъунукъым къуршхэм

«Къэбэрдей-Балъкъэрым туризмэмрэ альпинизмэмрэ ехьэлIа IэнатIэм шынагъуэншагъэр къыщызэгъэпэщын» Iуэхум теу­хуа брифинг щекIуэкIащ республикэм и щыхьэр Налшык.

13.08.2026 - 11:37

Жэуаплыныгъэмрэ щIыхьымрэ япэ изыгъэщт

Налшык къалэм ЩIалэгъуалэм и Унэм дыгъуасэ зэхыхьэшхуэ ще­кIуэ­кIащ, Къэбэрдей-Балъкъэр Рес­публикэм и япэ Президенту щыта КIуэкIуэ Валерэ Мухьэмэд и къуэр къызэралъхурэ илъэс 85-рэ зэрырикъум теух