Европэр щхьэхуит къэзыщIыжахэр

КъБР-м и Лъэпкъ музейм щагъэлъагъуэ «Европэр щхьэхуит къэзыщIыжахэр» выставкэр. Ар ­теухуащ ЕтIуанэ дунейпсо зауэм щыгъуэ фашистхэм яубыда европей къэралхэр щхьэхуит къэщIы­жыным хэлъхьэныгъэ хуэзыщIа лIыхъужьхэм я хъыбархэмрэ фэеплъхэмрэ. Гъэлъэгъуэныгъэр къы­зэ­ригъэпэщащ Урысейм и уахъ­тын­шэ полкым, КъБР-м бжыгъэр зи лъабжьэ зыужьыныгъэмкIэ, свя­зым­рэ цIыху­бэ зэпыщIэныгъэхэмкIэ и министерствэр, КъБР-м и Лъэпкъ музейр, Президент грантхэмкIэ фондыр и дэIэпыкъуэгъуу. 

Гъэлъэгъуэныгъэм хагъэхьащ Урысейм и щIыналъэ псоми ветеранхэм я хъыбархэу, сурэтхэу щызэхуа­хьэсахэр, дэфтэрхэм къыхахыжа тхыгъэхэр, 1944 - 1945 гъэхэм Европэр (Белград, Варшавэ, Будапешт, Братиславэ, нэгъуэщI къалэхэри) щхьэ­хуит къэзыщIыжа лIыхъужьхэм ятеу­хуа плакат 13-рэ а Iуэхугъуэм епхауэ нэхъ мыхьэнэ зиIауэ къыхагъэщ­хьэхукIхэм хуащIа плакат 11-рэ. 
Урысейм и Уахътыншэ полкым и щIыналъэ штабым и унафэщI Романовская Аннэ жиIащ «Европэр щхьэхуит къэзыщIыжахэр» урысейпсо Iуэхум кърикIуахэр выставкэм зэрыщагъэлъагъуэр. Хэку зауэшхуэм и ветеранхэм ятеухуа эссехэмрэ Iуэтэжхэмрэ я зэпеуэм хэплъэжа нэужь, лэжьыгъэхэр щагъэлъэгъуэну къалэ 12 къыхахащ. Абыхэм ящыщщ ди Налшык къалэри.
Выставкэм и курых хъуащ художник Крюков Алексей ищIа сурэтыр. Абы къыщигъэлъэгъуэжащ ЕтIуанэ дунейпсо зауэшхуэм текIуэныгъэ къыщызыхьа лIыхъужьхэр 1945 гъэм накъыгъэм и 9-м Берлин зэрыщызэIущIар. Лэжьыгъэм щыболъагъу ветеран 2500-м я сурэтхэр. Абыхэм язщ Къэбэрдей-Балъкъэрым хыхьэ Ар­гудан къуажэм щыщ, Хэку зауэшхуэм и ветеран, зауэ губгъуэм цIыху щэ бжыгъэхэр къыщезыгъэла фельдшер, зи хъыбарыр щхьэхуэу выставкэм хагъэхьа Къэтинэ МуIэзин. Зэхыхьэм ирагъэблэгъат абы и щIэблэр. Ветераным къыщIэхъуахэм я дежкIэ адэшхуэм и фэеплъыр тхыдэ къудейкъым, атIэ блэкIамрэ нобэмрэ зэпызыщIэщ. 
- Президент грантхэмкIэ фондым и фIыщIэщ мы гъэлъэгъуэныгъэр къызэрыдэхъулIар. Мыр зэрекIуэкIым и хъыбарыр псоми ялъэдгъэIэсыну ди къалэнщ, лIыхъужьхэм зэрахьа лIыгъэм нэхъыбэ щыдгъэгъуэзэн папщIэ. Хэку зауэшхуэм и ветеранхэм я хахуагъэр лIэщIыгъуэхэм пхыкIын, щIэблэм я щапхъэу щытын хуейщ, - жиIащ КъБР-м бжыгъэр зи лъабжьэ зыужьыныгъэмкIэ, связымрэ цIыху­бэ зэпыщIэныгъэхэмкIэ и министр Бозий Аскэр гъэлъэгъуэныгъэр къы­щызэIуихым. - Мыпхуэдэ Iуэхухэм нэхъыбэ щыдгъэгъуэзэну ди къалэнщ тхыдэр зэрыхуейуэ зэрахъуэкIыну иужь щит ди зэманым. 
IэщэкIэ ЗэщIэузэда Къарухэм, хабзэхъумэ IуэхущIапIэхэм я ветеранхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Абдуллаев Мустэфа и псалъэм къыхигъэщащ зи псэ емыблэжу мамырыгъэ къытхуэзыхьа лIыхъужьхэр зыщыдгъэгъупщэ зэрымыхъунур, тхыдэр зэзыхъуэкIыну зи гуращэхэм дызэ­къуэувэу дапэщIэтын, ветеранхэм я фэеплъыр тхъумэн, щIэблэр абы щIэтпIыкIын зэрыхуейр. 
- Си ныбжьэгъу лъапIэ Къэтинэ МуIэзин лIыхъужь нэсу щытащ, абы зэрихьа лIыгъэмрэ хахуагъэмрэ зэи кIуэщIынукъым. Псом хуэмыдэу щIалэгъуалэм зауэм и пэжыр, абы щIата уасэр зыхуэдизыр ящIэу къэгъэтэ­джын хуейщ, - жиIащ Мустэфа.
КПРФ-м и республикэ комитетым и япэ секретарь Пащты Борис щIалэгъуалэм защыхуигъазэм къыхигъэщащ я адэхэмрэ адэшхуэхэмрэ зэрахьа лIыгъэм я фэеплъыр яхъумэну зэракъалэныр, къэралымрэ щIыналъэмрэ я лIыхъужьхэм яхуэфащэу, абыхэм я Хэкумрэ цIыхубэмрэ хуаIа лъагъуныгъэр я щапхъэу псэуну зэращыгугъыр.
Дзэм къыхэкIыжа офицерхэм пап­щIэ къызэрагъэпэща «Мегапир» зэгухьэныгъэм и щIыналъэ къудамэм и унафэщI Атаев Жашарбек жиIащ «Европэр щхьэхуит къэзыщIыжахэр» гъэлъэгъуэныгъэм мыхьэнэшхуэ зэ­риIэр, ар тхыдэм, ­хэку лъагъуныгъэм я дерсу зэрыщы­тыр, щIэблэр тхыдэм щIэпIыкIы­нымрэ щIалэ­гъуалэм блэ­кIам пщIэ хуащIу къэгъэхъунымкIэ зэрыуасэншэр, зауэм и пэжым, Те­кIуэныгъэр къахьын пап­щIэ лIыхъужь­хэр зыпхыкIа гугъуехь­хэм ныбжьы­щIэхэр щыгъэгъуэзэн зэрыхуейр. 
Къатинэ МуIэзин и пхъурылъху Кокутенкэ Еленэ выставкэм кърихьэ­лIахэм къахуеджащ Хэку зауэшхуэм и ветеранхэм 2010 гъэм ятха, Те­кIуэныгъэ Иныр къызэрахьрэ илъэси 100 щрикъуну 2045 гъэм ирихьэлIэу щIэблэм зэрызыхуагъазэ тхыгъэм щыщ пычыгъуэ: «Дэ, Хэку зауэшхуэм и ветеранхэр, дыщогугъ ТекIуэныгъэ Иныр къызэрытхьрэ илъэси 100 дэкIа нэужь, нэхъыжьхэм я хабзэхэм щIэ­блэм пащэфыну. Мамырыгъэр фхъу­мэ, Хэкум лIыхъужьыгъэкIэ гъэнщIа и напэкIуэцIхэр, ТекIуэныгъэм щIэтта уасэр зыщывмыгъэгъупщэ, Хэкуу фиIэр зыщ. Фи мурадхэр зэрызэвгъэхъулIэну къару мыкIуэщI фиIэну, нэхъыжьхэм Хэкум хуаIа лъагъуныгъэм, зыхуэбгъадэ хъун щымыIэ ди щIыналъэм, Налшык къалэм фригушхуэну. Быдэу ди фIэщ мэхъу Хэкур хуэсакъыу зыхъумэнухэм къызэ­ры­фхуэд­гъанэр. Дызыщывмыгъэ­гъуп­щэ. Мамырыгъэ, зэгурыIуэныгъэ, лъагъуныгъэ фиIэу фыпсэуныр ди уэсятщ».
Гъэлъэгъуэныгъэм зыкърагъэхьэ­лIащ тхыдэджхэм, жылагъуэ IуэхущIапIэхэм я лIыкIуэхэм, еджакIуэхэм, студентхэм, къалэдэсхэм, Хэкум и тхы­дэм дихьэххэм. Ар жэпуэгъуэм и 12 пщIондэ екIуэ­кIынущи, тхыдэм, ма­мырыгъэ къытхуэзыхьахэм ятеу­хуа хъыбархэм зы­хэзыгъэгъуэ­зэну­хэм иджыри зэман фиIэщ.
ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Сурэтхэр  Къарей  Элинэ  трихащ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

13.11.2025 - 09:03

Дерс щхьэпэхэр ирагъэкIуэкI

ДэнэкIи хуэдэу, ди республикэм и курыт школхэм мы зэманым щокIуэкI гъуэгу хабзэхэр гъэзэщIэным, лъэс­ры­зекIуэм и шынагъуэншагъэр ­хъу-

13.11.2025 - 09:03

Фэеплъ здэщымыIэм цIыхугъэ щыIэкъым

Омск областым хыхьэ Тарэ рай­оным икIуэда ди лъэпкъэгъухэм - адыгэхэмрэ абазэхэмрэ - я фэеп­лъым пщIэ зэрыхуащIым и щы­хьэту, иджыблагъэ щIыпIэ жыжьэм щы­Iащ ди лэжьэгъу, «Черкес хэку» газетым и ре

13.11.2025 - 09:03

Я щIэныгъэр къапщытэж

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм епщIанэу ще­кIуэкIащ «Этнографие диктанткIэ» зэджэ Ду­нейп­со щIэныгъэ-узэ­щIа­кIуэ Iуэхугъуэшхуэр.

13.11.2025 - 09:03

Хабзэхъумэхэм я махуэшхуэ

КъБР-м щыIэ МВД-м зэхыхьэ гуапэ щекIуэкIащ Урысей Федерацэм Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и органхэм я лэжьакIуэм и махуэм и щIыхькIэ. 

12.11.2025 - 15:59

И щхьэпагъыр наIуэ ящI

Узыфэ зэрыцIалэхэм зэрапэщIэт вакцинэр зыхрагъэлъхьэн зэрамыдэм къишэ гугъуехьхэм теухуа зэIущIэ Налшык къалэ щекIуэкIащ.