Къэбэрдей-Балъкъэрым и Жылагъуэ палатэм и иджырей зэхыхьэм и IV зэхуэсышхуэу республикэм и Парламентым щызэхашам и гугъу щащIащ щIыналъэм и зыгъэпсэхупIэхэм я зыу-жьыкIэр зыхуэдэм.
ЗэIущIэр зэрекIуэкIым я нэIэ трагъэтащ Жылагъуэ палатэм и тхьэмадэ Берд Хьэзрэталий, абы и къуэдзэхэу Федченкэ Людмилэрэ Туменов Мурадинрэ, а зэгухьэныгъэм хэт Къарэмырзэ Барэсбий сымэ. Зэхыхьэм хэтащ КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и къудамэу къалэхэмрэ районхэмрэ щыIэхэм я лIыкIуэхэри.
Къэбэрдей-Балъкъэрым курортхэмрэ туризмэмкIэ и министрым и къуэдзэ Щхьэгъэпсо Аслъэнбий къыхигъэщащ ди республикэм цIыхухэм я узыншагъэм дежкIэ сэбэп хъу щIыпIэхэр зэрыщыкуэдыр. Апхуэдэщ, псалъэм папщIэ, гъэмахуэ цIывыгъуэу дунейр щыхуабаем жьы къабзэ щIыIэтыIэу цIыхухэр тыншу зыгъэбауэр къыщалъыхъуэу, цIыхухэр куэду бгыщхьэхэмкIэ зэрыкIуэр, псы хущхъуэ къыщIэжыпIэхэм адэкIэ-мыдэкIэ уазэрыщыхуэзэр, нэгъуэщIхэри.
- ГурыIуэгъуэщ, а псоми хэкIыпIэ дэгъуэхэр къызэрыдатыр ди щIыналъэм узыншагъэр щедгъэфIэкIуэнымкIи, спортым зыщедгъэужьынымкIи, бгыщхьэ туризмэм зыщиузэщIынымкIи, нэгузегъэужьыпIэхэм зыщаубгъунымкIи. Республикэм и къалащхьэм и гугъу тщIымэ, нэрылъагъущ курорт IэнатIэу къыпыщIахэм щIэрыщIэу зэрызыщаужьыжри, нэгъуэщI щIыпIэхэм къикIыу къытхуэкIуэхэм я бжыгъэм зэрыхэхъуэжри, - къыхигъэщащ министрым и къуэдзэм.
Щхьэгъэпсом апхуэдэуи жиIащ 2018 - 2024 гъэхэм ди щIыналъэм зыщызыгъэпсэхуну къэкIуахэм я бжыгъэр, илъэсым хуэзэу, я нэхъ мащIэрауэ, плIыкIэ зэрыхэхъуари, нэгъуэщIу жытIэмэ, мини 147-м зэрынэсари. Гу лъытапхъэщ: абыхэм ящыщу мин 50-м щIигъум къыхахар ди республикэм и санаторэ-курорт IуэхущIапIэхэрщ.
- ЩытыкIэм фIы и лъэныкъуэкIэ зэрызихъуэжам щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэ хуэхъуауэ дэ къэтлъытэр езы зыгъэпсэхупIэхэм, иджырей мардэхэм къитIасэу, я теп-лъэ-зэгъэпэщыкIэм куэду зэрызрагъэхъуэжарщ, ар зэдгъэхъулIэн папщIэ, федеральнэ, щIыналъэ бюджетхэм къыхэкIыу мылъкушхуэ зэрыхалъхьарщ. Санаторэ-курорт IуэхущIапIэ 21-ри хэту, Къэбэрдей-Балъкъэрым и зыгъэпсэхупIэхэм епха IэнатIэхэм я бжыгъэр мы зэманым 68-м нэсащ. Абыхэм зы жэщ-махуэм къриубыдэу, псори зэхэту, цIыху мини 7-м щIигъу щахуэгъэхьэщIэнущ. Мы бжыгъэм хохьэ иужьрей илъэс 15-м ди республикэм къы-щыунэхуа, псори зэхэту цIыху 1600-м нэблагъэ къызыхуэщтэну зыгъэпсэхупIэщIэу 35-ри, - жиIащ адэкIэ Щхьэгъэпсом.
Министрым и къуэдзэр апхуэдэуи тепсэлъыхьащ 2030 гъэм нэсыху зрагъэхъулIэну я мурадхэм. Абыхэм ящыщщ, псалъэм папщIэ, Налшык къалэ ипщэ лъэныкъуэмкIэ (Хьэсэней хьэблэм и гъунэгъуу) къыщхьэщыт Нартей Iуащхьэм и щыгум узыншагъэр щрагъэфIакIуэ спорт IуэхущIапIэщIэ къызэрыщызэрагъэпэщынур, Щхъуэмч лъагъуэмрэ (Каштан аллеемрэ) ТекIуэныгъэм и хадэмрэ я зекIуапIэхэр иджырей мардэхэм къитIасэу зэрызэрагъэпэщыжынур, экстрим-паркым и проектыр гъэзэщIэным яужь зэрихьэнур.
А пэхуэщIэхэр гъащIэм щыпхагъэкIа иужь, республикэм зыщызыгъэпсэхуну къакIуэхэм я бжыгъэр, зэрагугъэмкIэ, мин 200-м нэблэгъэнущ, хьэщIэщхэм зы жэщ-махуэм къриубыдэу цIыху мини 10-м нэблагъэ щахуэгъэхьэщIэнущ.
Щхьэгъэпсо Аслъэнбий щхьэхуэу къытеувыIащ республикэм и санаторэ-курорт IуэхущIапIэхэм жылагъуэм дежкIэ мыхьэнэ зиIэ лэжьыгъэхэри зэригъэзащIэм, псалъэм и хьэтыркIэ, Украинэм, абы и гъунэгъу хэгъэгухэу ДНР-м, ЛНР-м, Херсон, Запорожье областхэм, апхуэдэуи Палестинэм и цIыхухэр зыхуей зэрыщыхуагъазэр.
«Налшык курорт» АО-м и унафэщI Афэ Хьэсэнбий тепсэлъыхьащ зи пашэ IэнатIэу 1998 гъэм къызэIуахам и лэжьыгъэр зэрекIуэкIым, къыхигъэщащ 2024 гъэм абы цIыху мин 15-м нэблагъэм я деж зэрызыщагъэпсэхуар, мы махуэхэм иджыри цIыху мини 10-м щIигъу Москва и закъуэ къахуикIын хуейуэ зэрыпэплъэр.
КъинэмыщIауэ, Афэм и гугъу ищIащ сабийхэм я узыншагъэр щрагъэфIакIуэ «Комсомолец» лагерыр, абдежым щыщыIа санаторэр и лъабжьэу, къызэрыщагъэщIэрэщIэжым. Зыхуей хуагъэза иужь, абы зэуэ сабий 200-м нэблагъэм, зи Iэпкълъэпкъ къызыдэмыбзхэри яхэту, зыщагъэпсэхуфынущ.
ЗэIущIэм я Iуэху зытетым щытепсэлъыхьащ «Къалэм, курортым, туризмэм зегъэужьынымкIэ департаментым» и унафэщIым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Соблыр Алинэ, «Маяк» зыгъэпсэхупIэм и унафэщI Мамаевэ ХьэIишэт, «Долина Нарзанов» санаторэм и пашэ Чапаев Ибрэхьим сымэ, нэгъуэщIхэри.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и Жылагъуэ палатэм и иджырей зэIущIэм хэтахэм къызэдащтащ зытепсэлъыхьа Iуэхухэр зи къалэным хыхьэ къулыкъущIапIэхэм зэрызыхуагъэзэну чэнджэщхэр.
КЪУМАХУЭ Аслъэн.