Астемыр и ехъулIэныгъэшхуэ

Китайм и Циндао къалэм мы махуэхэм щекIуэкIа «Гран-при» IJF дунейпсо зэхьэзэ­хуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсмен Абазэ Астемыр Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам хэту дыщэ медаль къихьащ.

УФ-м щIыхь зиIэ и тренер Джэданэ Залым и гъэсэн, Мароккэм и къалащхьэ Касабланкэ мы гъэм щызэхэта «Африкэм и Кубокым» етIуанэ щыхъуа адыгэ щIалэм зэIущIиплI къы­­щыпэщылъат Китайми, псоми щыте­кIуащ. 
Килограмм 90 зи хьэлъагъхэм я деж щыбанэ Астемыр япэщIыкIэ къыпэщIэтащ ­Бахрейным и ныпым щIэту зыкъэзыгъэлъа­гъуэ Сагаипов Исрапил икIи «юко»-кIэ зэIущIэр абы къыфIихьащ. АдэкIэ, финалым и Iыхьэ плIанэм, Абазэм хигъэщIащ Китайм и бэнакIуэ Ван Бу. Адыгэ щIалэм абы тригъэкIуэдар секунд 19-щ. 
Зэхьэзэхуэм и Iыхьэ ныкъуэм Абазэр IущIащ Польшэм и бэнакIуэ Джималь Павел, ауэ зы дакъикъэрэ ныкъуэрэ нэхъыбэ утыкум ари иригъэтакъым. Къэбэрдей-Балъкъэрым и бэнакIуэр финалым щыхуэзащ румын дзюдоист Висан Влад. Мыбдежми Астемыр нэхъ лъэщу къыщIэкIащ: япэщIыкIэ «юко»-р къилэжьащ, зэIущIэм зэрыщIидзэрэ иджыри зы дакъикъэ дэмыкIауэ. Абы къыкIэлъыкIуэу «иппон» Iэмалыр игъэзащIэри, хьэрхуэрэгъур хигъэщIащ. 
«Япэу сызыхэта мы «Гран-при»-р, си гугъэмкIэ, схуэугъурлащ. Япэ зэIущIэм хухэха зэманыр икIэм нэсащ, текIуар зэхэмыкIыу, абы къыдыщIагъужа дакъикъэхэращ баллыр къыщысхуэхьар, сыту жыпIэмэ, Исрапилрэ сэрэ дызэроцIыху, щхьэж и бэнэкIэми фIыуэ тIури дыщыгъуазэщ. Абы иужькIэ зыкъызэ­къуэсхын щIэздзащ.
Тренерхэм къалэн гурыIуэгъуэхэр къысхуа­гъэувырт, ахэр зэрызгъэзэщIэным сэри сыхущIэкъуащ финалым сынэсыху. Абы къыщыс­пэщIэхуа румын бэнакIуэр сцIыхуртэкъым, ауэ си тренерхэм я чэнджэщхэр сэбэп къы­щысхуэхъуащ мыбдежми. 
Дауи, дунейпсо утыкушхуэхэм къихьэн щIэздзауэ аращи, нобэрей текIуэныгъэм мыхьэнэшхуэ иIэщ си дежкIэ. Си тренерым зэрыжиIэщи: зэхьэзэхуэ цIыкIу щыIэкъым. Сэри апхуэдэущ абы сызэреплъыр. Циндао къалэм щысхузэфIэкIащ дзюдо «иным» лъэба­къуэфI хэсчэн», - яжриIащ журналистхэм Абазэ Астемыр зэIущIэ нэужьым.
Иджы екIуэкIа зэхьэзэхуэр нэхъ лъэщхэм хохьэ и мыхьэнэкIэ, дунейпсо рейтинг баллхэри щагъэджэгу. Зэпеуэм хэтащ къэрал 40-м я дзюдоист лъэщхэр. 
Адыгэ щIалэ Абазэ Астемыр мыпхуэдэ зэхьэзэхуэр и япэу аращ икIи дыщэ медалкIэ ар къыщIидзащи, дехъуэхъунщ и зэфIэкIым адэкIи хигъэхъуэну, республикэм и щIыхьыр лъагэу иIэту, текIуэныгъэ дахэхэмкIэ куэдрэ дигъэгуфIэну, япэ увыпIэм и лъабжьэ къэмыкIуэну.
ХЬЭЩЫКЪУЕЙ  Олег.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

17.04.2026 - 16:45

Уэрэдыр зи гъащIэ гъусэ

Дау Марианнэ и ныбжьыр илъэс бжыгъэ дахэ ирикъуащ

17.04.2026 - 09:03

Зэныбжьэгъугъэр къафэкIэ ягъэбыдэ

КъБР-м и Музыкэ къэрал театрым мэлыжьыхьым и 11-м щызэхуащIыжащ «Iуа­щ­хьэмахуэ и щыгу щагъэзащIэ къафэхэр» лъэпкъхэм зэдай IуэрыIуатэ фес­ти­ва­лыр­.

17.04.2026 - 09:03

Лъэпкъ IэщIагъэхэр

«Гъуазджэ хъуа IэщIагъэхэр» зи фIэщыгъэ гъэ­лъэгъуэныгъэр иджыблагъэ утыку къыщрахьащ Къэ­рэшей-Шэрджэс Республикэм.

16.04.2026 - 09:55

Ди цIыхухэм сыт щыгъуи узэхахынущ икIи уакъыгурыIуэнущ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Казбек хэтащ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Муниципальнэ зэгухьэныгъэхэм я совет» ассоциацэм илъэсым иригъэкIуэкIа лэ­жьы­гъэхэр къы­щы­зэщIа­къуэжа зэхуэ­сым.

16.04.2026 - 09:54

Дагъыстэным хурагъашэ

Гъунэгъу ресублэкэм псыдзэм щызэхикъута и щIыпIэхэм щыпсэухэм ядэIэпыкъу­хэм ящыщщ Къэбэрдей-Балъкъэрыр.