Урысейм и Пенсионерхэм я зэгухьэныгъэр илъэс 25-рэ, КъБР-м и Пенсионерхэм я зэгухьэныгъэр илъэс 15 зэрырикъум теухуа Iуэху гуапэ щекIуэкIащ Налшык къалэм дэт Къэрал киноконцерт гъэлъэгъуапIэм. Абы кърагъэблэгъат республикэм и экономикэм и IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм пщIэрэ щIыхьрэ яIэу лэжьыгъэ купщIафэ щезыхьэкIа нэхъыжьыфIхэр.
ХьэщIэхэр дихьэхауэ еплъащ Налшык къалэм и Пенсионерхэм я зэгухьэныгъэм жыджэру хэтхэм я IэдакъэщIэкI гъэщIэгъуэнхэм.
ЗэIущIэ гуапэм кърагъэблэгъа хьэщIэхэм, лэжьыгъэм и ветеранхэм фIэхъус псалъэкIэ захуигъэзащ Налшык къалэм ЦIыхубзхэм я советым и гуащэ, Пенсионерхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Дыджэш Лидэ. Абы жиIащ республикэм щыпсэухэм и Iыхьэ тхуанэр ныбжь зиIэхэр зэрыарар. ЛэжьакIуэшхуэу щыта, ныбжьэгъугъэрэ гуапагъэрэ зыхэлъ, хэкур, республикэр, ди щыхьэрыр фIыуэ зылъагъу ди нэхъыжьхэр нобэми жылагъуэ Iуэхухэм зэрыхэтыр, ахэр иджырей щыIэкIэ-псэукIэм хэгъэзэгъэнымкIэ налшыкдэс куэд щIэгъэкъуэн къазэрыхуэхъур.
-Дэрэжэгъуэрэ гуапагъэкIэ гъэнщIа Iуэхур зэредгъэкIуэкIыр я фIыщIэщ КъБР-м и Пенсионерхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Бэрсэдж Юрий, ахъшэкIэ щIэгъэкъуэн къытхуэхъуа «Декоративные культуры» республикэ мэкъумэш IуэхущIапIэм и унафэщI Хочуев Алий, УФ-м и Пенсэ фондым и IуэхущIапIэу КъБР-м щыIэм и унафэщI Бакъ Николай, КъБР-м граждан, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ КIурашын Анзор, щэкIуэгъуэм и 15-м КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэу ягъэува Хъубий Марат, КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Къумахуэ Мухьэдин, Налшык къалэм и щIыпIэ администрацэм щэнхабзэмкIэ, физкультурэмкIэ, спортымрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и управленэхэм я унафэщIхэу Нэгуэр Танзилярэ Амщокъуэ Артуррэ.
КъБР-м граждан, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министрым и къуэдзэ Гергоков Джамбулэт ведомствэм къыбгъэдэкI щIыхь, фIыщIэ тхылъхэр жылагъуэ зэгухьэныгъэм жыджэру хэтхэм яритащ.
-Илъэс 15-р зыгъэлъапIэ жылагъуэ IуэхущIапIэм лэжьыгъэшхуэ зэфIихащ пенсионерхэм хабзэкIэ я хуитыныгъэхэмрэ абыхэм я сэбэп зыхэлъхэмрэ хъумэным ехьэлIауэ. Урысейм и Пенсионерхэм я зэгухьэныгъэм и щIыналъэ къудамэр республикэм щынэхъ ин, мыхьэнэшхуэ зиIэ IуэхущIапIэ хъуащ унафэщIхэм, щIыпIэ самоуправленэм, къэрал властым я IэнатIэхэм, апхуэдэуи нэгъуэщI жылагъуэ IуэхущIапIэхэм зэрадэлажьэм кърикIуэу, - къыхигъэщащ Гергоковым.
-Нэхъыжьхэр пенсэм кIуа иужькIэ гукъэкIыжхэмкIэ псэууэ аракъым, атIэ ахэр щIалэгъуалэм я ущиякIуэ цIыху жыджэрхэщ. Ахэр унагъуэм, лъэпкъым, хабзэм я хъумакIуэщ, - жиIащ республикэм и гъуазджэм, щэнхабзэм хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщIа сурэтыщI Iэзэ, КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI, ЦIыхубэ творчествэмкIэ щэнхабзэ методикэ центрым и унафэщI Жылэ Анатолий.
КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министрым и дэIэпыкъуэгъу Щомахуэ Лилие жиIащ жылагъуэ IуэхущIапIэм лэжьыгъэ щхьэпэхэр, абы гъащIэ узыншэр яхэпщэным теухуари хыхьэу, иригъэкIуэкIыныр зэрыдаIыгъар. А лэжьыгъэм адэкIи пащэнущ 2019 гъэм ирагъэжьа «Демография» лъэпкъ проектым хыхьэу. АбыкIэ я мурад нэхъыщхьэхэм язщ пенсионерхэм, пенсэ кIуэгъуэ ныбжьым нэсахэм я псэукIэр егъэфIэкIуэныр. «Нэхъыжьхэр» федеральнэ программэм хыхьэу ирагъэкIуэкIынущ медицинэ, нэгъуэщI хуэIухуэщIэхэр.
Налшык къалэм и щIыпIэ администрацэм Физическэ щэнхабзэмкIэ, спортымрэ щIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ и управленэм и IэщIагъэлI нэхъыщхьэ Григорьевэ Валентинэ жылагъуэ Iуэхум жыджэру хэт пенсионерхэм яритащ муниципальнэ дамыгъэхэр.
КъБР-м и Пенсионерхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ, УФ-м и Пенсэ фондым и IуэхущIапIэу КъБР-м щыIэм и унафэщIым и дэIэпыкъуэгъу Бэрсэдж Юрий ведомствэм къыбгъэдэкI дамыгъэхэр щаритым жиIащ пенсэм нэса дэтхэнэми апхуэдэ гулъытэ зэрыхуэфащэр, сыту жыпIэмэ, абыхэм я гъащIэр лэжьапIэм щыкIуащ, ахэрщ ди республикэм и экономикэм и лъабжьэр къызэзыгъэпэщар. Нэхъыжьхэр адэкIи жыджэру Налшык къалэм, зэрыщыту Къэбэрдей-Балъкъэрым и жылагъуэ гъащIэм, хэтыну и фIэщ зэрыхъур къыхигъэщащ къэпсэлъам. «Республикэм и дэтхэнэ унагъуэми иIэщ пенсионерхэр, ахэр къатепщIыкIыжа я щIэблэм я гъуэгугъэлъагъуэщ. Фи бынхэм, къуэрылъху-пхъурылъхухэм яхуэвгъэлъагъуэ гъуэгур дахэу, купщIафIэу щытыну, фэри абы фригуфIэну си гуапэщ», - жиIащ Бэрсэджым.
Iуэху гуапэм кърагъэблэгъахэм ягу хэхъуэу еплъащ ЦIыхубзхэм я къалэ советым и президиумым хэт Азычэ Лидие зи унафэщI сабий сад №5-м (Налшык и курыт еджапIэ №12 хыхьэм) и гъэсэн цIыкIухэм зыкъызэрагъэлъэгъуам.
Махуэшхуэ зэхуэсыр игъэдэхащ, сыт щыгъуи хуэдэу кърагъэблэгъахэм я гукъыдэжыр къиIэтащ, я гукъэкIыжхэм хэзышэ, зэхахыну зыхуей уэрэдхэмкIэ егуэпащ зэхыхьэр езыгъэкIуэкIа, Кавказ Ищхъэрэм и республикэхэм, Осетие Ипщэм щIыхь зиIэ я артисткэ Даур Иринэ, абы и студентхэу ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым Щэнхабзэмрэ гъуазджэмкIэ и колледжым щеджэхэр зыхэт «305» уэрэджыIакIуэ гупым.