Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым иджыблагъэ щызэхэта зэIущIэр теухуауэ щытащ еджапIэ нэхъыщхьэр къэзыух IэщIагъэлI ныбжьыщIэхэм лэжьапIэ нэхъ тыншу ягъуэта зэрыхъунум. Университетым и пресс-IэнатIэм и лэжьакIуэхэм хъыбар къызэрыдагъэщIамкIэ, КъБКъУ-м и унафэщIхэр дапщэщи набдзэгубдзаплъэу кIэлъоплъ а Iуэхугъуэм.
«IэнатIэ зэгъэгъуэтыным, уней бизнес къызэIупхыным епха Iуэхугъуэхэр, хэлъ щхьэхуэныгъэхэр» сессиер егъэкIуэкIынымкIэ жэрдэмыр къыхалъхьащ КъБКъУ-м а унэтIыныгъэм елэжь и IэнатIэм и лэжьакIуэхэмрэ «КъБР-м и хьэрычэтыщIэхэр дэIыгъынымкIэ центр» щIыналъэ фондымрэ. Iуэхур ядиIыгъащ УФ-м, КъБР-м экономикэ зыужьыныгъэмкIэ я министерствэхэм. А IуэхущIапIэхэм я экспертхэр къызрихьэлIа зэхуэсыр къызэIуихащ зи гугъу тщIа IэнатIэм и унафэщI Куэцэ Ратмир. Абы къызэрыхигъэщамкIэ, еджэныр къэзыуха IэщIагъэлI ныбжьыщIэхэм лэжьыгъэ IэнатIэ тэмэм ягъуэтыныр къэралым и дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэхэм ящыщщ. Аращ абы КъБКъУ-м и унафэщIхэми гулъытэ хэха щIыхуащIыр.
- IэщIагъэ зэрызригъэгъуэтамкIэ диплом зи IэмыщIэ илъ цIыхум зыхуеджа унэтIыныгъэмкIэ IэнатIэ игъуэтыфыныр куэдкIэ елъытащ езым: IуэхущIапIэм и унафэщIым и пащхьэ гушхуэныгъэ хэлъу, жыджэру иувэм, шэч хэмылъу, гулъытэ хэха игъуэтынущ, «зигу кIуэдауэ», щтэIэщтаблэу абдеж щытым еплъытмэ, - жиIащ Куэцэм, сессием кърагъэблэгъа студент нэхъыжьхэм захуигъазэу. - Нобэрей ди зэIущIэм къедгъэблэгъа экспертхэм щыгъуазэ фыхуащIынщ лэжьапIэ зэрыувын хуейм хэлъ щхьэхуэныгъэхэм.
Япэу псалъэ иратащ «СтратегиещIэ» бизнес компанием и эксперт Подберёзная Еленэ. Ар тепсэлъыхьащ иджырей экономикэр нэхъыбэу зыхуэныкъуэ лэжьакIуэхэм, IэнатIэ къэзылъыхъуэ IэщIагъэлI ныбжьыщIэхэм гу зылъатэн хуейхэри наIуэ къищIащ.
- Япэрауэ, фыздэувыну фи мурад IуэхущIапIэм теухуауэ социальнэ сеть зэмылIэужьыгъуэхэм илъ хъыбархэм щыгъуазэ зыхуэфщIын хуейщ. Псом хуэмыдэу гулъытэ яхуэщIыпхъэщ абы къыIукIыжахэм ятххэм. Апхуэдэуи дэфтэрхэр щывгъэхьэзыркIэ, абы щIывгъу сурэтми, япэ зэIущIэм фыщыкIуэкIэ фи теплъэми, псэлъэкIэми мыхьэнэшхуэ зэраIэр зыщывмыгъэгъупщэ - лэжьакIуэ къащтэнур щэныфIагъ зыхэлъ, зэпIэзэрыту зыкъэзыгъэлъагъуэ, гугъуехьхэм къапимыкIуэтыну фэ зраплъхэращ, - жиIащ абы. – ЕхъулIэныгъэ гуэрхэр фиIэмэ, ахэри Iэмал имыIэу къыщывгъэлъагъуэ фи резюмем. ФымыукIытэу фызыщытхъуж, ауэ евмыгъэлей. Ахэри сэбэп хъу хабзэщ.
Зытепсэлъыхь Iуэхум и пIалъэ фIыуэ зыщIэ экспертым студентхэм апхуэдэу яжриIащ япэ зэIущIэм кIуа нэужь, къаIущIам и псалъэр зэпамыуду, къагурымыIуаIамэ, Iэдэбу щIэупщIэжу, зытепсэлъыхьым епха упщIэ гуэрхэр езыхэми ятмэ зэрынэхъыфIыр.
Бизнесымрэ управленэмрэ я психологием, хьэрычэтыщIэм хэлъыпхъэ щэнхэм ехьэлIауэ сессием къыщыпсэлъащ КъБР-м и Дохутырхэм я палатэм и унафэщIым и къуэдзэ, зыужьыныгъэмкIэ кафедрэм и менеджер, психолог Накуэ Алинэ. Абы студентхэм яжриIащ къалэн пыухыкIа зыхуагъэувыжрэ абы лъэIэсыным зэфIэкIыу яIэр ирахьэлIэмэ, ехъулIэныгъэ зэрызыIэрагъэхьэфынум шэч зэрыхэмылъыр.
Уней Iуэху къызэзыгъэпэщыну мурад зиIэхэм яхуэгъэзат юрист КIуащ ФатIимэ и къэпсэлъэныгъэр.
- ЯпэщIыкIэ набдзэгубдзаплъэу кIэлъыплъын хуейщ рынокым, экономикэм я зыужьыкIэм. Гулъытэ хуэщIыпхъэщ цIыхухэр нэхъ зыхуэныкъуэ хьэпшыпхэм, Iуэхутхьэбзэхэм. ИтIанэ а Iуэхугъуэхэр зэребгъэфIэкIуэным, щIэуэ зыгуэр зэрыхэплъхьэфынум епхауэ лэжьэн хуейщ, - къыхигъэщащ абы. - А псори зэфIэкIауэ къыщыфлъытэм деж гъэунэхуныгъэ проектым и чэзур къэсащи, ар евгъажьи фыкIэлъыплъ Iуэхур зэрыкIуатэм. Абдеж наIуэ зыкъом къэхъунущ: Iуэхум хэфщIыкIрэ хьэмэрэ пэщIэдзэ щIэныгъэ фIэкIа фимыIэрэ, цIыхур хуей а ефхьэжьа Iуэхум, зегъэужьыпхъэ проектым хьэмэрэ кIэ етын хуей. Фейдэ къабзэу Iуэхум къыпэкIуэнур, абы унэсын щхьэкIэ мылъкуу хэлъхьапхъэр, нэгъуэщI куэди къэлъытапхъэщ. Iуэху епхьэжьэныр жэуаплыныгъэ ин зыпылъщи, ар зыщывмыгъэгъупщэ.
Студентхэм захуэзыгъэзахэм ящыщщ хьэрычэтыщIэ IуэхухэмкIэ эксперт Махуэ Нурхани-Миланэ.
ЗэIущIэм студентхэм къыщащIащ, лэжьэн щIадзэмэ, сэбэп къахуэхъуну чэнджэщ куэд.