Кавказ Ищхъэрэм дартсымкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ Псыхуабэ къалэм щекIуэкIа зэхьэзэхуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ ныбжьыщIэхэм я командэ къыхэхар япэу хэтащ мы гъэм икIи ехъулIэныгъэфIхэр щызыIэригъэхьащ.
ЗэIущIэм фIы дыдэу зыкъыщигъэлъэгъуащ Сэбан Алихъан. Абы хузэфIэкIащ зэхьэзэхуэ гуащIэм зы дыжьынрэ домбеякъ медалитIрэ къыхихын. Абыхэм къадэкIуэу, ди щIалэщIэм Iэмал игъуэтащ УФ-м дартсымкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ мы гъэм и жэпуэгъуэм Ижевск къалэм щрагъэкIуэкIыну зэпеуэм хэтыну.
Ещанэ домбеякъ медалыр ди республикэм и командэм къыхуихьащ Гъубж Ратмир. Зэхьэзэхуэм апхуэдэуи къыщыхэжаныкIащ Сэбан Самир икIи нэхъыфIхэм ари хагъэхьащ.
Ди командэм хэтхэм ядэлажьэр Гъубж БетIалщ.
КЪУЭЖЕЙ Iэдэм.