«ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм и фIыгъэкIэ республикэм и турист щIыпIэхэмрэ лъагъуэхэмрэ ухуэзышэ автомобиль гъуэгухэр мы махуэхэм зэIузэпэщ ящI.
Псалъэм и хьэтыркIэ, Мэлкэрэ Ингушлирэ зэпызыщIэ, «Нарзанхэм я ауз» эко-паркымрэ Джылы-Сурэ хуэкIуэ, километри 8,7-рэ зи кIыхьагъ автомобиль гъуэгур къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыжащ мы гъэм. Мыбдежым, лъэс лъагъуэхэр щаукъуэдиящ, гъуэгум и щхьэфэм асфальтыщIэ тралъэхьащ, гъуэгу дамыгъэхэр къыщыхагъэщхьэхукIащ.
Апхуэдэ лэжьыгъэхэр жыджэру нобэ щрагъэкIуэкI Шэджэм ЕтIуанэ -Булунгу къуажэхэр зэпызыщIэ гъуэгуми. Шэджэм аузым зыщызыгъэпсэхуну, зыщызыплъыхьыну къакIуэ туристхэр мы щIыпIэм щыкуэдщ. Сыту жыпIэмэ, мыбы щыIэщ «Флай Шэджэм» экстрим паркыр, дуней псом щыцIэрыIуэ Шэджэм псыкъелъэхэр, «Шэджэм Ипщэ» археологие-турист комплексыр, балъкъэр тхакIуэ Кулиев Къайсын и унэ-музейр, Кум-Тюбе щIыпIэр, нэгъуэщIхэри.
Мы щIыналъэм щрагъэкIуэкI лэжьыгъэхэр Iыхьэ-Iыхьэу зэпыудащ. Псалъэм папщIэ, 2022 гъэм автомобиль гъуэгум щыщу километр I2,5-р зыхуей хуагъэзащ, лъэмыжи 5 зэрагъэпэщыжащ, километри I0-м уэздыгъэхэр щыпадзащ. 2024 гъэм Шэджэм псыкъелъэхэм хуэкIуэ, километри 2 зи кIыхьагъ гъуэгур зэIузэпэщ ящIащ.
2025 гъэм къыкIэлъыкIуэ Iыхьэм пэрыхьащ икIи километр 25-рэ зи кIыхьагъ автомобиль гъуэгурэ, лъэмыжи 9-рэ нобэ къэгъэщIэрэщIэж. ЛэжьакIуэхэм асфальтрэ бетонрэ зэхащIауэ гъуэгу щхьэфэм тралъхьэ, къэухьхэмрэ щIэгъэкъуэнхэмрэ щагъэув. 2026 гъэм ирихьэлIэу лэжьыгъэхэр къанэ щымыIэу зэфIагъэкIын мурад щыIэщ.
«Къэбэрдей-Балъкъэрым и турист щIыпIэхэм укIуэну куэдкIэ нэхъ тынш хъуащ. Гъуэгухэр захуэщ, лъэс лъагъуэхэр, зыплъыхьыпIэхэр къыхэгъэщхьэхукIащ. ЗэрыжаIэу, щIыпIэ дахэхэр зэбгъэлъэгъун щхьэкIэ Iэмал псори щыIэщ», - жеIэ ди республикэм и хьэщIэ Смирновэ Аннэ.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, дызэрыт илъэсым и япэ мазихым, нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм елъытауэ, ди деж къэкIуа туристхэм я куэдагъым процент I4,8-кIэ хэхъуащ – цIыху мин 900-м щIигъу къригъэблэгъащ ди республикэм. Абы къыхэкIыу, Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъуэгу инфраструктурэм и щытыкIэмрэ ар зэрырагъэфIакIуэмрэ куэдкIэ елъытащ республикэм и туризм IэнатIэм игъуэтыну зыужьыныгъэр зыхуэдэнымрэ щIыналъэм и экономикэм хэхъуэ иIэнум и куэдагъымрэ. Иджырей мардэм къитIасэ гъуэгу зэпэщхэм я фIыгъэкIэ ди деж къакIуэ цIыхухэм Iэмал яIэщ курорт, турист щIыпIэхэм тыншу, я гъащIэм ехьэлIауэ шынагъуэ щымыIэу зыщагъэпсэхуну,.
20I9 гъэм къыщыщIэдзауэ «ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ республикэм и турист щIыпIэхэм: Шэджэм псыкъелъэхэм, Тэмбукъан гуэлым, Джылы-Су, Безенги аузым ухуэзышэ автомобиль гъуэгуу псори зэхэту километри I00-м щIигъу щыIэ мардэхэм кърагъэтIэсащ. Хущхъуэпс къызыщIэж «Янтарнэ» щIыпIэм ухуэзышэ гъуэгур зэIузэпэщ ящIащ, Налшык къалэм и «Долинск» курортым хуэкIуэ Балкарскэ, Къуэныкъуеймрэ ЩоджэныцIыкIумрэ я цIэкIэ щыIэ уэрамхэр зэрагъэпэщыжащ.
ШЭДЖЭМОКЪУЭ Щауей.