Адыгэхэм я махуэр ягъэлъапIэу

Налшык къалэм и «Гладиатор» спорт комплексым щекIуэкIащ дзюдомкIэ зэхьэзэхуэ зэIуха. Ар къызэрагъэпэщат Адыгэхэм я махуэм и щIыхькIэ. Абы щызэпеуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Ставрополь крайм, Къэрэшей-Шэрджэсым, Осетие Ищхъэрэ – Аланием я бэнакIуи 150-м щIигъу, я ныбжькIэ илъэс 15 - 16 хъууэ. 
Ди командэм щыщу я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм япэ увыпIэхэр къыщахьащ Биттиров Алихъан, Къуэн Алим, Теммоев Алан, Нэгъуей Амир, Хъуран Къантемыр, Кокоев Георгий, Шыкъ Эльнур, Ныр Ахьмэдхъан, ШэрыIужь Айдэмыр сымэ.
НыбжьыщIэхэр зыгъасэр Дзухэ Беслъэнрэ Залымрэ, Ким Руслан, Соблыр Рустам, Махуэ Олег, Куп Эдуард, Тау Азэмэт, ГъуаплъащIэ Астемыр, Къамбий Мартин, Джэданэ Залым, Емкъуж Рустам, Шаваев Хьэнэфий, Мырзэ Казбек, Бунятов Алий, ГъущIапщэ Самир, Жангоразов Хьэким, ХьэхъупащIэ Беслъэн сымэщ. 

 

КЪУЭЖЕЙ Iэмин.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

13.02.2026 - 17:23

МурадыфIхэм хуэгъэпса зэхуэсыпIэщIэ

Урысейм щыяпэу ди республикэм щы­зэхэтащ социальнэ архитектурэм, жылагъуэм дежкIэ мыхьэнэ хэха зиIэ Iуэхухэр щIэм тету зэтеухуэным, мурадышхуэхэм хуэгъэпса щIыналъэ сессиер.

13.02.2026 - 09:13

Я нэIэ зытетыпхъэхэр

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и прокуратурэм къыщапщытэжащ блэкIа илъэсым я лэжьыгъэм кърикIуахэр, яубзыхуащ законымрэ хабзэмрэ гъэбыдэным ехьэлIауэ 2026 гъэм зэфIахыпхъэхэр.

13.02.2026 - 09:12

ЩIэныгъэмрэ унагъуэмрэ

«Урысейм и егъэджа­кIуэ­хэр» урысейпсо форумым жыджэру хэтахэм ящыщщ ди университетыр.

13.02.2026 - 09:10

ГъэпцIакIуэхэм япэщIоувэ

ГъэпцIакIуэхэр куэд хъуащ ди зэманым. Псом хуэмыдэу телефонкIэ апхуэдэ мыхъу­мыщIагъэ зезыхьэ щIэпхъаджащIэхэм махуэ къэс япэщIохуэ цIыхубэр. 

12.02.2026 - 09:03

Хэкум и хъумакIуэхэм я фэеплъ пхъэбгъухэр

Дзэлыкъуэ щIыналъэм и къуажэ курыт еджапIэхэм фэеплъ пхъэбгъухэр щыхуфIадзащ Хэкум и хъума­кIуэхэм.