ЩIыналъэ къудамэм и унафэщIыр хах

КъБР-м щыIэ МВД-м щекIуэкIащ «Динамо» урысейпсо ­физкультурэ-спорт жылагъуэ-къэрал зэгухьэныгъэм и щIыналъэ IуэхущIапIэм и лэжьыгъэм щриплъэжа зэIущIэ. Абы хэтащ Урысей МВД-м и республикэ, район къудамэхэм я унафэщIхэр. 

ЗэIущIэм къыщыпсэлъащ «Динамо»-м и щIыналъэ  Iуэ­ху­щIапIэм и унафэщIым и къуэдзэ Джэданэ Залым. Абы зэпкъ­рыхауэ утыку кърихьащ зэфIахахэмрэ ирагъэкIуэкIыну я мурад спорт Iуэхухэмрэ. Къызэрыхигъэщащи, зриплъэжа зэ-ма­ным «Динамо»-м иригъэкIуэкIащ щIалэгъуалэр узыншэу псэ­у­ным, ахэр хэкупсэу гъэсэным хуэунэтIа лэжьыгъэ. Абы  къыхилъхьэри, къызэхуэсахэм зэдэарэзыуэ даIыгъащ «Ди­намо» урысейпсо физкультурэ-спорт жылагъуэ-къэрал ­зэ­­гухьэныгъэм и щIыналэ IуэхущIапIэм и унафэщI къулы-къум къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру КъБР-м щыIэ, полицэм и генерал-лейтенант Крючков Вячеслав гъэувыныр.
Министрым къызэхуэсахэм фIыщIэ яхуищIащ икIи жиIащ «Динамо» зэщIэхъееныгъэм адэкIи зиужьыным и зэфIэкI  зэ­рырихьэлIэнур.  

УЭРДОКЪУЭ Женя.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

16.10.2026 - 09:03

ЩIыналъищыр зэпащIэ

УФ-м транспортымкIэ и министрым и япэ къуэдзэ Пашков Константинрэ Къэрал гъуэгу агентствэм и унафэщI Новиков Романрэ видеозэпыщIэныгъэкIэ я гъусэу, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ Къэбэрдей

16.10.2026 - 09:03

Тхыдэр щахъумэ, щIэблэр щагъасэ

Тэрч районым хыхьэ Курп Ипщэ къуажэм дэт курыт еджапIэм Iэщыж Лолэ и цIэр зэ­рихьэу хэт школ музейр «Зи Iуэху бгъэ­дыхьэкIэр нэхъыфI музей» урысейпсо зэпеуэм текIуэныгъэр къыщызыхьа 70-м ящыщ хъуащ

16.10.2026 - 09:03

Жэпуэгъуэм и махуэ гуауэхэр

Налшык дэт 5-нэ къалэ библиотекэм щекIуэкIащ «Жэпуэгъуэм и махуэ ­гуауэхэр» зыфIаща зэIущIэр, 2005 гъэм ди республикэм къыщыхъуам теу_хуар.

15.10.2026 - 09:19

Мыхьэнэшхуэ зиIэщ бжыгъэхэр

Ди республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хуэзащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ мы махуэхэм къэкIуауэ щыIэ, Къэрал статистикэмкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэм и уна­фэщIым и къуэдзэ

15.10.2026 - 09:18

Къалэным хуэпэжахэр ящыгъупщэркъым

Налшык щекIуэкIащ Хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэ­жьакIуэхэу зи къалэн зыгъэзащIэу хэ­кIуэ­­дахэм я фэеплъ пэкIу.