Дзэлыкъуэ районыр щапхъэу къагъэлъагъуэ

КъБР-м и Парламентым и Президиумым и зэIущIэ иджыблагъэ щекIуэкIащ Дзэлыкъуэ районым. «Правительствэм хухах сыхьэтым» хыхьэу, депутатхэр тепсэлъыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къуажэхэм физическэ щэнхабзэмрэ спортымрэ зэрызыщрагъэужьым.

Iуэхур я жэрдэмщ республикэм и хабзэубзыху IуэхущIапIэм и комитетитIым - ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмкIэ, физическэ щэнхабзэмкIэ, спортымрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ, Законодательствэмрэ щIыпIэ унафэр зехьэным и IуэхухэмкIэ. ЗэIущIэм хэтащ ­КъБР-м и Парламентым и Президиумыр, КъБР-м СпортымкIэ и министерствэм и унафэщIхэр, Дзэлыкъуэ районым и къэрал IуэхущIапIэхэм, къалэ округхэмрэ районхэмрэ я щIыпIэ администрацэхэм я лIыкIуэхэр. 
Псом ипэ къихуэу хьэщIэхэм удз гъэгъахэр тралъхьащ Дзэлыкъуэкъуажэ Хэкум и хъумакIуэхэм я утым ит «Фэ­еплъ блын» ухуэныгъэм икIи дакъикъэкIэ яхуэщыгъуащ щIыналъэм щыщу хэкIуэдахэм.
КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ къыхигъэщащ хабзэубзыху IуэхущIапIэм физическэ щэнхабзэмрэ спортымрэ зегъэужьыным епха Iуэхухэр мызэ-мытIэу къызэрыщаIэтар, ауэ къуажэхэм щхьэхуэ-щхьэхуэу щызэфIагъэкIым зыщагъэгъуэзэным теу­хуауэ иджы япэу къызэрежьар. Абы жиIащ цIыху гъащIэм къыгуэхыпIэ имыIэу зэрепхар физическэ щэнхабзэмрэ спортымрэ, къапщтэмэ, узыншагъэр хъумэнымкIэ абыхэм мыхьэнэшхуэ зэраIэр. 
- Ди къэралым и зыужьыныгъэм дыщытепсэлъыхькIэ, шэч хэмылъу, зи гугъу тщIыр цIыхум и узыншагъэмрэ абы зэрызедгъэузэщIынымрэщ. Сыт хуэдэ зэманми мыхьэнэ ин яIащ физическэ щэнхабзэмрэ спортымрэ. Нобэщи, ахэр сэбэп мэхъу цIыхум и Iэпкълъэпкъым зригъэужьынымкIэ, зэраныгъэ къыхуэзыхь, жылагъуэ псэукIэм къытекI хьэлхэр зыхригъэнынымкIэ. УФ-м и Президент Путин Владимир гъэ къэс Федеральнэ Зэхуэсым Зэрызыхуигъазэм къыщыхегъэщхьэхукI ­физическэ щэнхабзэмрэ спортымрэ зегъэужьыным, къуажэхэм спорт ухуэныгъэхэр дэщIыхьыным гулъытэ хэха ягъуэтын зэрыхуейр, - жиIащ Егоровэм. Абы къызэхуэсахэм ягу къигъэкIыжащ къэралым и Iэтащхьэм и пщэрылъкIэ зэраубзыхуар Урысей Федерацэм физическэ щэнхабзэмрэ спортымрэ 2030 гъэ пщIондэ зэрызрагъэужьыным теухуа лэжьыгъэр. 
Егоровэ Татьянэ жиIащ, къалащхьэм зэрыпэжыжьэми емылъытауэ, зытепсэлъыхь Iуэхур нэхъ щефIакIуэ щIыналъэхэм Дзэлыкъуэ районыр зэращыщыр, абы лъэныкъуэ куэдкIэ зэрызиужьыр. ЩIыналъэм и ехъу­лIэныгъэхэми, республикэм и спорт IуэхущIапIэхэм зы­хуагъэувыж къалэнхэми, лъэпощхьэпохэми, нэгъуэщI куэдми зэIущIэм щытепсэлъыхьащ. Абыхэм нэхъ убгъуа­уэ дыщыфхутепсэлъыхьынущ ди газетым и къыкIэлъыкIуэ къыдэкIыгъуэм.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

16.10.2026 - 09:03

ЩIыналъищыр зэпащIэ

УФ-м транспортымкIэ и министрым и япэ къуэдзэ Пашков Константинрэ Къэрал гъуэгу агентствэм и унафэщI Новиков Романрэ видеозэпыщIэныгъэкIэ я гъусэу, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ Къэбэрдей

16.10.2026 - 09:03

Тхыдэр щахъумэ, щIэблэр щагъасэ

Тэрч районым хыхьэ Курп Ипщэ къуажэм дэт курыт еджапIэм Iэщыж Лолэ и цIэр зэ­рихьэу хэт школ музейр «Зи Iуэху бгъэ­дыхьэкIэр нэхъыфI музей» урысейпсо зэпеуэм текIуэныгъэр къыщызыхьа 70-м ящыщ хъуащ

16.10.2026 - 09:03

Жэпуэгъуэм и махуэ гуауэхэр

Налшык дэт 5-нэ къалэ библиотекэм щекIуэкIащ «Жэпуэгъуэм и махуэ ­гуауэхэр» зыфIаща зэIущIэр, 2005 гъэм ди республикэм къыщыхъуам теу_хуар.

15.10.2026 - 09:19

Мыхьэнэшхуэ зиIэщ бжыгъэхэр

Ди республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хуэзащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ мы махуэхэм къэкIуауэ щыIэ, Къэрал статистикэмкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэм и уна­фэщIым и къуэдзэ

15.10.2026 - 09:18

Къалэным хуэпэжахэр ящыгъупщэркъым

Налшык щекIуэкIащ Хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэ­жьакIуэхэу зи къалэн зыгъэзащIэу хэ­кIуэ­­дахэм я фэеплъ пэкIу.