Адыгэ фащэр дызэрыгушхуэщ

Адыгэ фащэм и махуэм ирихьэлIэу тыдодзэ ­ЩIДАА-м и академик, Кавказым и республикэ псоми гъуазджэ­хэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, ЮНЕСКО-м щэнхабзэмрэ егъэджэныгъэмкIэ и къудамэхэм хэт, Дунейпсо Артийскэ комитетымрэ Урысейм и Артийскэ комитетым и къудамэу Кавказ ­Ищхъэрэм щыIэмрэ я вице-пре­зидент, уэрэдус Бейтыгъуэн Iэуес и тхыгъэр. 

Адыгэ цейр - лъэпкъыр зэрыгушхуэ, абы и лъэщагъыр къэзыгъэлъагъуэ, цIыхухъухэм я лIыгъэм щыхьэт техъуэ фэилъхьэгъуэщ. Ар фэилъхьэгъуэ къудейкъым, атIэ гъуэгуанэ кIыхь къэзыкIуа лъэпкъым и щэнхабзэм и тхыдэм щыщ Iыхьэщ. АбыкIэ къыдогъэлъагъуэ къыддекIуэкI хабзэ дахэхэм дызэрыхуэпэжымрэ дуней псом ди гур зэрыху­зэ­Iухамрэ. Цейм кIуэ пэтми, зэманым декIуу зэхъуэкIыныгъэхэр игъуэтами, и пкъыр ихъумэжащ. Ди лъэпкъым и хъугъуэфIыгъуэхэм ящыщу къалъытэ адыгэ фащэр Кавказым ис лъэпкъ псоми, къэзакъхэри хыхьэу, ягу дыхьэу къызэдащтащ. Абы дрипагэн, дригушхуэн хуейщ - ар и нэщэнэщ фащэм и дахагъымрэ фIагъымрэ нэгъуэщI лъэпкъхэри къызэрыдихьэхам. Ди фащэр екIут, сыт и лъэныкъуэкIи, тыншт икIи Iуэхугъуэ куэдым хуэщIат. Кавказым щыпсэу лъэпкъ куэдым я фэилъхьэгъуэ хъуа къудейм къыщымынэу, Урысейм и зауэлI къимыкIуэт куэдым я щыгъыныгъуэ хъуащ ар. Лермонтовым удихьэхыу итхыжат, фащэм и мызакъуэу, цей зезыхьэхэм яхуиIэ еплъы­кIэр: «ЗауэлIхэм я фащэ телъыджэм къигъэлъагъуэрт цIыхум и дуней тетыкIэр, хьэл-щэнхэр, и хъуэпсапIэхэр. Ар зезыхьэ псори а фэилъхьэгъуэм хуэфащэу щытын хуейщ. Адыгэ зауэлIхэм я цей зехьэкIэмрэ абы хуаIэ щытыкIэмрэ щыхьэт техъуэрт ар зауэлI фащэу, псом япэу ар и къалэн нэхъыщхьэу зэрыщытым. Iэпкълъэпкъыр имыкъузу, хуэ­фIу щытын хуейт ар». 
Кавказ зауэм и зэманым ятха тхыгъэрэ сурэту дэфтэрхэм къыхахыжахэр щыхьэт тохъуэ зауэлI цIэрыIуэхэмрэ дзэпщхэмрэ шэ зытехуа цей фаджэхэр ящыгъыу зэры­щытам. ЗауэлIхэм я апхуэдэ теплъэр щыхьэт техъуэрт я дуней тетыкIэм. ГъэщIэрэщIа цеищIэ зезыхьэ щIалэхэм фIы хужаIэртэкъым. Хъан-Джэрий итхыжат щыгъыныфI­кIэ ерыщу щытыныр адыгэхэм къемызэгъыу къалъытэу, къабзагъэмрэ зэкIэлъыкIуагъымрэ япэ ирагъэщу зэры­щытар. Уэркъхэм нэхърэ пщылIхэр нэхъыфIу щыхуэпа урихьэлIэрт. Абы и щхьэусыгъуэр Адыгэ хабзэмкIэ пщы­хэмрэ уэркъхэмрэ я хьэлэлагъыр къагъэлъэгъуэн хуейт, япэу лъаIуэм я фэилъхьэгъуэр иратт, псалъэм папщIэ. Адыгэхэм я щыгъынхэр плъыфэбэу, нэгъуэщIхэм къыхэщу щыттэкъым. ЦIыхухъу адыгэ фащэхэм я щэкIхэр зы плъыфэт, плъыфищым щIигъу щызэхаухуанэр зэзэ­мы­зэххэу. 
Лъэпкъым и зыхуэпэкIэр, и щэнхабзэр къэзыгъэлъа­гъуэ пкъыгъуэщ щыгъыныр. Абы кIэрылъ Iэмэпсымэхэм, ар зезыхьэм и зыIыгъыкIэм укIэлъыплъмэ, и дуней тетыкIэм, къызыхэкIам теухуа куэд «къыбжаIэ». ЦIыхухъу щыгъыныр - щIагъщIэлъ, хьэзырылъэхэр зыщIыгъу цей, къэптал, джанэ, гъуэншэдж, бгырыпх, хъурыфэ е упщIэ пыIэ, лъей, лъахъстэн вакъэ е шырыкъу лъапщэ кIыхьхэр, (щIымахуэм упщIэ лъей, Iэфэ вакъэ), лъейхэр е лъапэ фIэту ящIырт, е лъэгупскIэ ирагъэубыдырт, къыдэмы­кIуеин щхьэкIэ. ЯпэщIыкIэ хьэзырхэр фэм къыхэщIыкIа къэлътмакъ цIыкIухэм щахъумэу щытащ. Иужьым, и бгъи­тIым хуэзанщIэу цейм хуэщIауэ иIэ жып плъыжьхэм ­иралъхьэу хуежьащ, хуей щыхъукIэ псынщIэу къызэращ­тэным хуэдэу. Зэман дэкIри, хьэзырылъэхэр цейм и щэ­кIым къыхащIыкI хъуащ. ЩIымахуэ щыгъыну цIыхухъухэм хуадырт джэдыгу зэмылIэужьыгъуэхэр: тенджэдыгу, дыгъужыфэ джэдыгу (мыр зыхуащIым езым и зы гъащIэмкIэ игъэлэжьэфу къэхъутэкъым, зэман кIыхькIэ яхури­къурт, ­джэдыгу бгы-лалэ (тулуп). ЦIыхухъу фащэм тхыпхъэ ирахьэлIэртэкъым, кхъуакIэхэмрэ Iэщхьэхэмрэ уагъэ­кIэ къадыхьт армыхъумэ. ГъущIыкIэхэм къыхэщIыкIа щIыIу­хэр адыгэ цIыхухъухэм ядэртэкъым, дыгъэм е ма­зэм пэлыдмэ, нэщанэ зэрыхъум папщIэ. Апхуэдэхэр нэхъ зэзыхьэлIэр бзылъхугъэхэрат. ГъущIыкIэ щIыIу цIыхухъум хурадэн хуей хъуми, ар щэкIкIэ къадыхьыжырт е IуданэкIэ къаухьыжырт. 
Кавказымрэ КъуэкIыпIэ Гъунэгъумрэ исхэм я хъуэпсапIэт адыгэ Iэщэ-фащэрэ адыгэшрэ зэрагъэпэщыну, адыгэ пщащэ щхьэгъусэ ящIыну. Художник Iэзэхэу Дейк Ван, Врубель М., Рубо Ф., нэгъуэщI куэдми адыгэ бзылъхугъэхэм я дахагъэр къызэрыщ сурэтхэр ящIащ. Апхуэдэу, адыгэ цIыхубзхэм я дахагъэм теухуа усэхэр ятхащ Пуш­-кин А., Бальмонт К., Лермонтов М., Заблоцкий Н., Байрон Дж., Долматовский Е., нэгъуэщIхэми. Я дахагъэм къы­дэкIуэу, адыгэ пщащэхэм гъэсэныгъэ екIу, укIытэ, хабзэ яхэлът. КъызэралъытэмкIэ, тыркухэм адыгэ хъыджэбзхэр ящэхуурэ я лъэпкъыр ирагъэфIэкIуащ. Урыс пащтыхь Грозный Иван IV щхьэгъусэ хуэхъуат Къэбэрдеипщ Темрыкъуэ Идар ипхъу Гуащэней (Марие). 
XVI лIэщIыгъуэм адыгэхэм япэгъунэгъуу Тэрч Iуфэм щетIысэха къэзакъхэм къагъэсэбэпурэ, «черкеска» псалъэр урысыбзэм хыхьащ. Зэгъунэгъуу зэрыпсэум къыдэкIуэу, дзэм къулыкъу зэрыщызэдащIэр щхьэусыгъуэ хуэхъуащ абыхэм адыгэ фащэр къащтэным. Ди Iэщэ-фащэм щIыгъуу, адыгэ зауэлIым и лIыгъэри къэзакъхэм зыхалъхьэу къалъытэрт. XIX лIэщIыгъуэм и 40 гъэхэм цейр Кавказым щыпсэу къэзакъхэм я зауэлI фащэ хъуат. Абы и ужь иту ди лъэпкъ фащэр урыс зауэлIхэм, пащтыхь Романовхэ я унагъуэм къащтащ.
2012 гъэм Дунейпсо Адыгэ Хасэм фокIадэм и 28-р Адыгэ фащэм и махуэу игъэуващ. Дунейпсо Артийскэ комитетым 2018 гъэм дунейпсо щэнхабзэм и хъугъуэфIы­гъуэхэм хигъэхьащ адыгэ цIыхухъу, цIыхубз фащэхэр икIи реестрым щригъэтхащ. 2020 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэ­рым и лIыкIуэхэр Париж кIуащ Кавказым щыпсэу лъэпкъ­хэм я махуэхэр щрагъэкIуэкIа «Кавказыр Урысейм и налкъутналмэсщ» Iуэхум хыхьэу икIи Хъурей Жаннэ игъэ­хьэзыра адыгэ цIыхухъу, цIыхубз фащэхэр ЮНЕСКО-м и музейм тыгъэ хуащIащ, а IуэхущIапIэр илъэс 75-рэ щри­къум ирихьэлIэу. Артийскэ комитетым ирегъэкIуэкI «И ­хоть по мне черкеска сшита, всему Кавказу подошла» дунейпсо фестивалыр. Ар лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэм зезыгъэужь, зэпыщIэныгъэхэр зыгъэбыдэ Iуэху дахэ ­хъуащ. Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ иныр къызэрыщахь­рэ илъэс 80 зэрырикъур щыдгъэлъапIэм ирихьэлIэу мы фестивалым и пщIэр нэхъри хохъуэ, 115-нэ Къэбэрдей-­Балъкъэр шуудзэм и зауэлI щхьэмыгъазэхэр цей ящыгъыу Хэкум и къыщхьэщыжакIуэу абы зэрыхэтам папщIэ. Мы гъэм а дунейпсо фестивалыр щрагъэкIуэкIынущ Лэскэн щIыналъэм.
- ДэркIэ пщIэшхуэщ мыхьэнэ зиIэ мы фестивалыр ди щIыналъэм къызэрыхуагъэфэщар. ЩIалэгъуалэр шуу­дзэм щIыхь зыпылъ я гъуэгуанэм хэдгъэгъуэзэным къы­дэкIуэу, адыгэ фащэм и тхыдэ телъыджэр, дуней псом щалъытэ ди щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэр едгъэщIэнымкIэ IэмалыфIщ. Апхуэдэ зэхыхьэхэр зэныбжьэгъугъэр езыгъэфIакIуэщ, - жиIащ Лэскэн щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Насып Люсенэ. 
Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий къыхигъэщащ Кавказым, Урысейм щыпсэу лъэпкъхэр зэкъуэувэнымкIэ мы махуэшхуэр зэрыщхьэпэр, адыгэхэм я тхыдэм, щэнхабзэм, хабзэм, анэдэлъхубзэм я гупэр хуа­гъэзэж зэрыхъуар зэрыфIыр, лъэпкъ фащэм блэкIари, нобэри, къэкIуэнури зэрызэпищIэр. 
БЖЬЫХЬЭЛI  Розэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

16.10.2026 - 09:03

ЩIыналъищыр зэпащIэ

УФ-м транспортымкIэ и министрым и япэ къуэдзэ Пашков Константинрэ Къэрал гъуэгу агентствэм и унафэщI Новиков Романрэ видеозэпыщIэныгъэкIэ я гъусэу, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ Къэбэрдей

16.10.2026 - 09:03

Тхыдэр щахъумэ, щIэблэр щагъасэ

Тэрч районым хыхьэ Курп Ипщэ къуажэм дэт курыт еджапIэм Iэщыж Лолэ и цIэр зэ­рихьэу хэт школ музейр «Зи Iуэху бгъэ­дыхьэкIэр нэхъыфI музей» урысейпсо зэпеуэм текIуэныгъэр къыщызыхьа 70-м ящыщ хъуащ

16.10.2026 - 09:03

Жэпуэгъуэм и махуэ гуауэхэр

Налшык дэт 5-нэ къалэ библиотекэм щекIуэкIащ «Жэпуэгъуэм и махуэ ­гуауэхэр» зыфIаща зэIущIэр, 2005 гъэм ди республикэм къыщыхъуам теу_хуар.

15.10.2026 - 09:19

Мыхьэнэшхуэ зиIэщ бжыгъэхэр

Ди республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хуэзащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ мы махуэхэм къэкIуауэ щыIэ, Къэрал статистикэмкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэм и уна­фэщIым и къуэдзэ

15.10.2026 - 09:18

Къалэным хуэпэжахэр ящыгъупщэркъым

Налшык щекIуэкIащ Хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэ­жьакIуэхэу зи къалэн зыгъэзащIэу хэ­кIуэ­­дахэм я фэеплъ пэкIу.