Лъабжьэ быдэ зиIэ мурадышхуэхэр

Ди республикэм и туризм IэнатIэм и зэфIэкIхэр къащIэнтэкъым, щIыналъэм и лIыкIуэхэр дунейпсо, урысейпсо гъэлъэгъуэныгъэхэм илъэс къэс хэмыту щытамэ. Абыхэм ящыщ зыт «ЗыплъыхьакIуэ къэкIухь» фIэщыгъэр зэрихьэу туризмэм теухуауэ Мэзкуу къалэм и ВДНХ-м мы гъэм щекIуэкIа дунейпсо зэхуэсыр. Ди щIыналъэм и лIыкIуэхэм я пашэу абы щыIащ КъБР-м курортхэмрэ туризмэмкIэ и министр Быф Аскэр.

Къэбэрдей-Балъкъэрым а зэхуэсым нэхъыбэу зыщытригъэщIар щIыналъэм и турист кIуапIэхэр хэIущIыIу щIынырт, псом хуэмыдэу цIыху нэхъыбэ дызэрыт гъэмахуэм къыдахьэхыфын папщIэ.

«Зэхуэсыр Iуэхугъуэ щхьэпэхэмкIэ гъэнщIауэ икIи купщIафIэу щытащ. Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм я лIыкIуэхэр ди гупсысэхэмкIэ, Iуэху еплъыкIэхэмкIэ дызэхъуэжащ. Кърым Республикэм зэгурыIуэныгъэ етщIылIащ, «Discover Russia» пэхуэщIэм дызэрыхэтынум теухуа зэгурыIуэныгъэми Iэ щIэддзащ.     

Япэ дэфтэрым къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, мурад щыIэщ Кърымымрэ дэрэ турист, санаторэ, курорт IэнатIэхэм жыджэру дыщызэдэлэжьэну, зэпыщIэныгъэхэр едгъэфIэкIуэну. ЕтIуанэ зэгурыIуэныгъэм дунейпсо туризм утыкум дихьэну Iэмал къыдитынущ», - жиIат абы щыгъуэ Быф Аскэр.

Зэхыхьэм и лэжьыгъэм къыщаIэта Iуэхугъуэхэм щытепсэлъыхьат къэралым и ВВП-м туризм IэнатIэм хуищI хэлъхьэныгъэр зыхуэдэм, худэчых зыхэт кредит программэхэм, инфраструктурэм зегъэужьынымрэ турист лъагъуэщIэхэр къызэIухынымрэ. Апхуэдэуи хэплъащ туризмэр бжыгъэр зи лъабжьэ лэжьэкIэм хуэгъэкIуа хъуным, автомобиль, къуажэ, Iуэхугъуэ щхьэхуэхэм, махуэ хэха гуэрхэм епхауэ туризмэм зегъэужьыным.

Апхуэдэуи абы щекIуэкIа урысейпсо зэIущIэм щытепсэлъыхьащ туризм IэнатIэм зегъэужьыным ехьэлIа «Туризмэмрэ индустриемрэ» лъэпкъ пэхуэщIэм кърикIуахэм.

«Зыуэ щыт субсидиер тынымкIэ екIуэкIа къызэрыхах зэхьэзэхуэм ди щIыналъэм ехъулIэныгъэхэр щиIэщ. УФ-м Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм и лэжьакIуэхэм къыдгурагъэIуащ ди IэнатIэм ехьэлIауэ кIэлъыплъыныгъэ-къэпщытэныгъэ лэжьыгъэхэр зэредгъэкIуэкIынумрэ республикэм и рейтингыр зэрызэхэдгъэувэну щIыкIэмрэ. Шэч къытесхьэркъым, дызыхэта зэIущIэм и Iэужьу фIы куэд мы илъэсым зэрытлъагъунум, ди деж къакIуэ туристхэм я бжыгъэм зэрыхэхъуэнум, пэхуэщIэщIэхэр нэсу зэрылэжьэнум», - къыхигъэщащ министрым.

Лэжьыгъэ зэIущIэхэм къадэкIуэу, Къэбэрдей-Балъкъэрым и стендым деж махуэкIэ къыщызэхуэса хьэщIэхэм хабзэ щыкIэлъызэрахьащ, лъэпкъ макъамэхэмрэ уэрэдхэмкIэ ахэр кърагъэблэгъащ, мастер-классхэр щрагъэкIуэкIащ, зэхьэзэхуэ гъэщIэгъуэнхэр щызэхашащ, сабий джэгупIэхэр къыщызэрагъэпэщащ, ерыскъы хэплъыхьахэмрэ гуакIуэхэмрэ Iуагъэхуащ.

ХЬЭЩОКЪУЭ Алыдж.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

16.10.2026 - 09:03

ЩIыналъищыр зэпащIэ

УФ-м транспортымкIэ и министрым и япэ къуэдзэ Пашков Константинрэ Къэрал гъуэгу агентствэм и унафэщI Новиков Романрэ видеозэпыщIэныгъэкIэ я гъусэу, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ Къэбэрдей

16.10.2026 - 09:03

Тхыдэр щахъумэ, щIэблэр щагъасэ

Тэрч районым хыхьэ Курп Ипщэ къуажэм дэт курыт еджапIэм Iэщыж Лолэ и цIэр зэ­рихьэу хэт школ музейр «Зи Iуэху бгъэ­дыхьэкIэр нэхъыфI музей» урысейпсо зэпеуэм текIуэныгъэр къыщызыхьа 70-м ящыщ хъуащ

16.10.2026 - 09:03

Жэпуэгъуэм и махуэ гуауэхэр

Налшык дэт 5-нэ къалэ библиотекэм щекIуэкIащ «Жэпуэгъуэм и махуэ ­гуауэхэр» зыфIаща зэIущIэр, 2005 гъэм ди республикэм къыщыхъуам теу_хуар.

15.10.2026 - 09:19

Мыхьэнэшхуэ зиIэщ бжыгъэхэр

Ди республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хуэзащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ мы махуэхэм къэкIуауэ щыIэ, Къэрал статистикэмкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэм и уна­фэщIым и къуэдзэ

15.10.2026 - 09:18

Къалэным хуэпэжахэр ящыгъупщэркъым

Налшык щекIуэкIащ Хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэ­жьакIуэхэу зи къалэн зыгъэзащIэу хэ­кIуэ­­дахэм я фэеплъ пэкIу.