|
|
МурадыфIхэр яIэщ
1 октября, 2025 - 06:03
2030 гъэм ирихьэлIэу Къэбэрдей-Балъкъэрым пхъэщхьэмыщхьэ жыгыщIэу мелуани 3-м щIигъу къыщагъэкIыну я мурадщ. Республикэм и мэкъумэш IэнатIэм и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ жыгыщIэхэр щагъэхъу питомникхэм ди щIыналъэм зыщегъэужьыныр. НобэкIэ нэхъыбэу зэгугъур мыIэрысейхэрщ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым илъэс къэс жыгыщIэу мелуани 2,8-рэ къыщагъэкI. Иджы жыг хадэ зыгъэкIхэм къалэн зыщащIыжащ 2030 гъэм ирихьэлIэу а бжыгъэр мелуани 3,1-м нагъэсыну. ЖыпIэнурамэ, ди республикэм и мызакъуэу, къэралым и адрей щIыналъэхэми щIэупщIэшхуэ щаIэщ абыхэм.
КъищынэмыщIауэ, пхъэщхьэмыщхьэ жыгыщIэхэр щIыналъэхэм зэрыщагъэтIысым и псынщIагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр УФ-м щынэхъыфIищым яхохьэ икIи къэралым ерыскъымкIэ и шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщыным хэлъхьэныгъэфI ар хуохъу, щыжаIащ КъБР-м Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм.
ХЬЭЩОКЪУЭ Алыдж.
|
|
17.03.2026 - 09:14 Къэбэрдей-Балъкъэрым СпортымкIэ и министерствэм щекIуэкIа зэIущIэм щытепсэлъыхьащ гъэ кIуам IэнатIэм и лэжьыгъэм кърикIуахэм, дызэрыт илъэсым къыпэщылъ къалэнхэмрэ нобэ зэлэжьыпхъэхэмрэ. |
|
|
17.03.2026 - 09:13 Дзэлыкъуэ щIыналъэм хыхьэ Малкэ къуажэм иджыблагъэ щекIуэкIащ КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм и зэIущIэ. Абы щытепсэлъыхьащ 2025 гъэм зэфIагъэкIахэмрэ мы илъэсым къапэщылъ къалэнхэмрэ. |
|
|
17.03.2026 - 09:03 Урысей Федерацэм и Жылагъуэ палатэм щекIуэкIащ «Адагъэ: Иджырей гугъуехьхэмрэ абыхэм я хэкIыпIэхэмрэ» урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм къызэригъэпэща «Адэхэм я зэгухьэныгъэ» форум иныр.
|
|
|
16.03.2026 - 14:57 Къэбэрдей-Балъкъэрым мыхьэнэ лъагэ яIэу щылажьэ лъэпкъ пэхуэщIэхэм я фIыгъэкIэ республикэм и автомобиль гъуэгухэр, уэрамхэр, лъэмыжхэр, курыт еджапIэхэр, сабий садхэр, сымаджэщхэр, ЩэнхабзэмкIэ унэ |
|
|
16.03.2026 - 09:14 Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и кафедрэм и унафэщI, филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат, Къардэн Мусэдин лъэпкъ щIэныгъэ дунейм къыщацIыху IэщIагъэлI щыпкъэу, к |
|