Къэралым щынэхъыфIхэм хабжэ

Урысейм нэхъыфIу къыщалъытахэм хагъэхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щызэтраубла проектитI. Ахэр Кавказ Ищхъэрэм и студентхэм я зэгухьэныгъэм игъэзащIэ «ЛIыхъужьхэм я щIэблэр», Май къалэм Сабий творчествэмрэ щIалэгъуалэ жэрдэмхэмкIэ и центрым зэхилъхьа «Ди зэманым и лIыхъужьхэр» жыхуиIэхэрщ.

«Ди Президент Путин Владимир ­Владимир и къуэм мызэ-мытIэу къы­хигъэщащ дзэ Iуэху хэхам и лIыхъужьхэр щIалэгъуалэм ядэлэжьэн Iуэхум къы­хэшэным къызэрымыкIуэу мыхьэнэшхуэ зэриIэр, «зыдэплъеипхъэхэр ныбжьы­щIэхэм ящIэн папщIэ», - къыхигъэщащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.
«ЛIыхъужьхэм я щIэблэ» проектыр щIыналъэм и Iэтащхьэм пщэрылъ зэ­ращищIам ипкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым илъэситI хъуауэ щагъэзащIэ. Абы и къалэныр дзэ Iуэху хэхам хэтхэм я бынхэм я нэIэ трагъэтынырщ, я гъащIэ гъуэгур, IэщIагъэр къыхахынымкIэ защIэгъэкъуэнырщ, щIалэгъуалэм папщIэ ирагъэкIуэкIхэм драгъэхьэхынырщ, къу­лыкъущIапIэхэм щылэжьэфынухэр ап­хуэдэ щIыкIэкIи къагъэнэIуэн хуэдэу.
«Ди зэманым и лIыхъужьхэр» муниципальнэ проектыр дзэ Iуэху хэхам хэтхэр щIалэгъуалэ зэIущIэхэм къыхэшэным, щIэблэм хэкупсэ гъэсэныгъэ етыным, ди тхыдэм и пэжыр хъумэнымрэ щIэб­лэхэм я зэпыщIэныгъэр гъэбы­дэнымрэ хуэгъэпсащ.
Сэбэпынагъ нэхъыбэ къэзышэ Iуэху­хэм халъытауэ, а проектитIыр Урысейм и щIыналъэ псоми щагъэзэщIэну хуа­гъэлъагъуэ икIи абы теухуа хъыбаре­гъащIэхэр зэбграгъэхынущ. АНО-м и «Лъэпкъым дежкIэ нэхъыщхьэхэр» и жэрдэмыр ягъэзащIэ Урысей Федерацэм и щIыналъэхэм я гъэзэщIакIуэ органхэм ящIыгъуу.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

16.10.2026 - 09:03

ЩIыналъищыр зэпащIэ

УФ-м транспортымкIэ и министрым и япэ къуэдзэ Пашков Константинрэ Къэрал гъуэгу агентствэм и унафэщI Новиков Романрэ видеозэпыщIэныгъэкIэ я гъусэу, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ Къэбэрдей

16.10.2026 - 09:03

Тхыдэр щахъумэ, щIэблэр щагъасэ

Тэрч районым хыхьэ Курп Ипщэ къуажэм дэт курыт еджапIэм Iэщыж Лолэ и цIэр зэ­рихьэу хэт школ музейр «Зи Iуэху бгъэ­дыхьэкIэр нэхъыфI музей» урысейпсо зэпеуэм текIуэныгъэр къыщызыхьа 70-м ящыщ хъуащ

16.10.2026 - 09:03

Жэпуэгъуэм и махуэ гуауэхэр

Налшык дэт 5-нэ къалэ библиотекэм щекIуэкIащ «Жэпуэгъуэм и махуэ ­гуауэхэр» зыфIаща зэIущIэр, 2005 гъэм ди республикэм къыщыхъуам теу_хуар.

15.10.2026 - 09:19

Мыхьэнэшхуэ зиIэщ бжыгъэхэр

Ди республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хуэзащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ мы махуэхэм къэкIуауэ щыIэ, Къэрал статистикэмкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэм и уна­фэщIым и къуэдзэ

15.10.2026 - 09:18

Къалэным хуэпэжахэр ящыгъупщэркъым

Налшык щекIуэкIащ Хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэ­жьакIуэхэу зи къалэн зыгъэзащIэу хэ­кIуэ­­дахэм я фэеплъ пэкIу.