Афэрым, Iэюб!![]() Хъыбар гуапэ иджыблагъэ къытIэрыхьащ. Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир и унафэкIэ, «Хэкум и пащхьэм щиIэ фIыщIэхэм папщIэ» етIуанэ нэгъыщэ зиIэ орденым и медалыр къыхуагъэфэщащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и дзюдоист, спортсмен цIэрыуэ Блий Iэюб. Ди адыгэ щIалэм апхуэдэ щIыхь лъагэ игъуэтащ спортымрэ физкультурэмрэ щиIэ ехъулIэныгъэхэм, псэ хьэлэлу лэжьыгъэм зэрыбгъэдэтым, 2024 - 2025 гъэхэм къигъэлъэгъуа спорт ехъулIэныгъэшхуэхэм папщIэ, апхуэдэу ар трагъэхуащ Санкт-Петербург къалэм дзюдомкIэ и федерацэр мы гъэм илъэс 90 зэрырикъум. ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
| ||||||||||||||||









