|
|
115-нэ шуудзэ дивизэр къыщызэрагъэпэщауэ щыта махуэм и щIыхькIэ.
25 ноября, 2019 - 06:51
ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 75-рэ зэрырикъур гъэлъэпIэным теухуауэ ирагъэкIуэкIыну Iуэхухэм хиубыдэу Бахъсэн районым исхэм ягу къагъэкIыжащ 115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шуудзэ дивизэм хэтахэм зэрахьа лIыхъужьыгъэр.
Дивизэр 1941 гъэм щэкIуэгъуэм и 25-м къызэрагъэпэщауэ щытащ ЗыхъумэжыныгъэмкIэ къэрал комитетым къыдигъэкIа унафэ №894-м ипкъ иткIэ. Абы хэтахэр псори республикэм щыщт икIи ахэр ди деж щызэхуашэсри щагъэсат.
ПэкIум хэта шууейхэр 910-нэ лъагапIэм деж къыщызэхуэсащ, апхуэдэу республикэм и муниципалитетхэм я унафэщIхэр, министерствэ, ведомствэ зэмылIэужьыгъуэхэм я лIыкIуэхэри къекIуэлIащ. Абыхэм зауэм хэта лIыхъужьхэм я фэеплъым удз гъэгъахэр тралъхьащ.
ПэкIум къыщыпсэлъахэу КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм Къэрал кIуэцI политикэмкIэ и управленэм и унафэщI Къуэжей Артём, КъБР-м граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ КIурашын Анзор, Бахъсэн районым, Бахъсэн къалэм, Iуащхьэмахуэ районым, Прохладнэ къалэм я щIыналъэ администрацэхэм я Iэтащхьэхэм жаIащ дивизэм хэтахэм лIыгъэшхуэ къызэрагъэлъэгъуар, абыхэм ящыщ куэдым я гъащIэр Хэкур хъумэным зэрыщIатар.
Дивизэм цIыху 5500-рэ хэтащ. Ди республикэ мыиным и дежкIэ ар мащIэтэкъым, псом хуэмыдэу а зэманым ирихьэлIэу цIыхухъухэм я нэхъыбапIэр фронтым зэрыIутар къэплъытэмэ. Шуудзэ дивизэр Донрэ Индылрэ я тIуащIэхэм щекIуэкIа лъыгъажэ зауэхэм хэтащ, Сталинград яхъумэу. Нэхъ шынагъуэ дыдэу щытащ шууейхэр нэмыцэ танкхэм щапэщIэува зауэ гуащIэр. Абы гузэвэгъуэшхуэ къихьащ - ди республикэм и къуэ нэ-хъыфI дыдэхэм ящыщу 4000-м нэблагъэ Сальск и губгъуэхэм щыхэкIуэдащ.
|
|
08.10.2026 - 09:03 Хабзэ зэрыхъуауэ, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Къэбэрдей-Балъкъэрым и егъэджакIуэхэмрэ гъэсакIуэхэмрэ яхуэзащ. |
|
|
08.10.2026 - 09:02 Къэбэрдей-Балъкъэрыр илъэси 100 зэрырикъум и цIэр зезыхьэ паркым ит галереем мы махуэхэм щагъэлъагъуэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ сурэтыщI, ХудожествэхэмкIэ Урысей академием и академик, философ |
|
|
08.10.2026 - 09:00 Лъэпкъ библиотекэм и лъахэхутэ къудамэм щекIуэкIащ КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ, тхакIуэ ЩоджэнцIыкIу Iэдэм къызэралъхурэ мы гъэм илъэси 100 зэрырикъум теухуа пшыхь. |
|
|
07.10.2026 - 09:03 Бзылъхугъэ гуащIафIэ, илъэс 45-м нэблэгъауэ химиемрэ биологиемкIэ егъэджакIуэ, Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Кыщпэк (Тыжьей) къуажэм къыщалъхуа, республикэм ЕгъэджэныгъэмкIэ и министерствэм |
|
|
07.10.2026 - 09:03 Зи гуащIэдэкIым щыгуфIыкI цIыхум и насыпщ. |
|