КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий дыгъуасэ иригъэкIуэкIа зи чэзу зэIущIэм Iуэхугъуэ 21-м щы-хэплъащ.
Абыхэм язщ Къэбэрдей-Балъкъэрым инвестицэ Iуэхухэм 2034 гъэ пщIондэ зэрызыщрагъэужьынум теухуауэ КъБР-м и Правительствэм и унафэм и проект къащтар.
КъБР-м щIымрэ мылъкумрэ я Iуэху-хэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Уянаев Таймураз тепсэлъыхьащ «АльпинизмэмкIэ, бгым дэкIынымрэ спорт туризмэмкIэ федерацэ» щIына- лъэ жылагъуэ зэгухьэныгъэмрэ Дзэлыкъуэ районымрэ къэрал мылъкум щыщу иратыр къыщыгъэлъэгъуа проектхэм. Жылагъуэ IуэхущIапIэм и хэщIапIэу пэш щхьэхуэ пщIэншэу къигъэсэбэпыну иратащ (Налшык къалэм ЩоджэнцIыкIум и уэрамым хуэзэу). Дзэлыкъуэ щIыналъэм и мылъкум щыщ хъуащ километр 27,4-рэ зи кIыхьагъ гидротехникэ ухуэныгъэр. Къэпсэлъам къызэрыхигъэщамкIэ, псы зэрыжэ бжьамийр сом мелуан 822-рэ и уасэщ.
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ерыскъыхэкIхэм я шынагъуэншагъэм теухуауэ» КъБР-м и Хабзэм и Iыхьэ щхьэхуэхэм къару ямыIэжу къэлъытэным тепсэлъыхьащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэ - мэкъумэш IэнатIэмкIэ министр Говоров Сергей. Абы жиIащ республикэм ерыскъыпхъэхэмкIэ фонд къыщызэгъэпэщыныр тэмэму къызэримылъытэр. «Къэрал фонд мэлажьэ, абы дэтхэнэ щIыналъэми зыхуигъэзэну Iэмал иIэщ. Къэбгъэлъагъуэмэ, апхуэдэ фонд къызэригъэпэщын пап- щIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр сом мелуан 62-рэ хуеинущ. Абы щыгъуэми, долъагъу ди гъунэгъу щIыналъэхэм, псалъэм папщIэ, Краснодар, Ставрополь крайхэм, зи гугъу тщIы фондхэр зэрыщымыIэр, абы дызэрыхуэмыныкъуэр», - къыхигъэщащ Говоровым.
КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин жиIащ Урысейм 2019 гъэр театрым и илъэсу зэрыщагъэувам къыхэкIыу, абы епха Iуэхухэр къызэзыгъэпэщыну комитет яубзыхун зэры- хуейр. Апхуэдэуи, республикэ унафэщI-хэм ягъэбелджылащ 2019 гъэ пщIондэ лъэпкъхэм я IэпщIэлъапщIагъэхэр къагъэщIэрэщIэжынымрэ зрагъэужьыным-рэ ятеухуауэ ирагъэкIуэкIыну Iуэхухэр.
ЗэIущIэм къыщащтащ «Пенсэм социальнэ ахъшэ дыщIагъун папщIэ, 2019 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу пенсионерым нэхъ мащIэ дыдэу къихьым хэгъэхъуэным и IуэхукIэ» КъБР-м и хабзэм и проектым теухуауэ КъБР-м и Правительствэм ищIа унафэмрэ «Ныкъуэдыкъуэхэмрэ зи узыншагъэм сэкъат иIэхэмрэ папщIэ ирагъэкIуэкI «Абилимпикс» зэхьэзэхуэхэм щытекIуэхэмрэ къыщыхэжаныкIхэмрэ зэрагъэлъапIэ щIыкIэр гъэбелджылыным теухуауэ» проектымрэ. КъБР-м и Правительствэм и комиссэ щхьэхуэхэм, КъБР-м и Пра- вительствэм щIэныгъэ-техникэ зыужьыныгъэмкIэ и Жылагъуэ советым хэтхэм щыщ гуэрхэр зэрахъуэкIащ.