Бэдрэжан бэгъуар кърахьэлIэж

Къэбэрдей-Балъкъэрым и губгъуэхэм мы махуэхэм къыщрахьэлIэж бэдрэжаныр. А лэжьыгъэхэм щоужьэрэкI Бахъсэн щIыналъэми. Дызэрыт илъэсым хадэхэкIхэм псори зэхэту гектар 1554-рэ щыхухахащ районым, абы щыщу бэдрэжаныр гектар 32-м нэблагъэм щащIащ, къитащ КъБР-м Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм.

Дунейм и щытыкIэмрэ мэкъумэшыщIэхэр хадэхэкIхэм   зэрегугъуамрэ я фIыгъэкIэ, илъэс къэси хуэдэу, мы гъэми ар яхуэбэгъуащ. НобэкIэ тонн 840-рэ бэдрэжану къыщIачыжащ, я фIагъым утемыгузэвыхьми хъуну.

Районым и мэкъумэшыщIэхэм я лэжьыгъэм жыджэру къыщагъэсэбэп иджырей технологиехэр, хасэри жылэ лъэпкъыфIхэрщ икIи абыхэм къагъэкIа хадэхэкIхэм, ди республикэм имызакъуэу, къэралым и адрей щIыналъэ куэдми щIэупщIэхэр щаIэщ.

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

15.05.2026 - 15:02

Къытхуэнащ и гуащIэр

УсакIуэ, зэдзэкIакIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ тхакIуэ, щэн­хабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэ­жьа­кIуэ Елгъэр Кашиф Мысост и къуэм и фэеплъ пхъэбгъу ар щыпсэуа, Лениным и цIэр зезыхьэ уэрамым тет 42

15.05.2026 - 09:03

Университетыр къыхызох

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэ­бэрдей-Балъкъэр къэрал университетым  и бжэхэр махуитIкIэ яхузэIуихащ школыр мы гъэм къэзыух ныбжьыщIэхэм.

15.05.2026 - 09:03

Дипломат ныбжьыщIэхэр ягъэхьэзыр

ООН-м къызэригъэпэщ «Мамырыгъэм    и жьэгу» джэгукIэм тращIыкIауэ Кавказ Ищхъэрэм щрагъэкIуэкI зэхыхьэр иджы­благъэ ди республикэм щызэхашащ.

14.05.2026 - 15:02

Гъу­кIэхэ я дамыгъэ лъапIэхэр

1941 - 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм хэтащ Гъу­кIэхэ Батэрэ Дисэрэ я щIалитI - Мусарэ Нахъуэрэ.

14.05.2026 - 09:03

Адыгэм и хьэщIэр быдапIэ исщ

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым менеджментымкIэ, туризмэмрэ хьэщIагъэм епха хуэIухуэщIэхэмкIэ и институтым иджыблагъэ пшыхь дахэ щызэхэтащ.