УФ-м хьэрычэт IэнатIэ мащIэмрэ курытымрэ хыхьэ и IуэхущIапIэхэм ящыщу школ хьэпшыпхэмрэ Iэмэпсымэхэмрэ къыщIэзыгъэкIхэм я бжыгъэм процент 60-м нэблагъэкIэ хэхъуащ. ЖыпIэнурамэ, апхуэдэу мини 4,6-рэ къэралым нобэкIэ щолажьэ. Иужьрей илъэсищым къриубыдэу абыхэм я бжыгъэм 200-кIэ хэхъуащ.
МСП Корпорацэм къызэритамкIэ, бжыгъэ лъабжьэ зиIэ лабораторэхэр, интерактив экспонатхэр, нэгъуэщI технологие пашэхэр къыщIэзыгъэкIхэм къахэхъуэ зэпытщ. Ар къызыхэкIыр курыт еджапIэхэм я инфраструктурэр иджырей мардэм зэрыхуагъакIуэмрэ бжыгъэ лъабжьэ зиIэ егъэджэныгъэ IэмалыщIэхэр жыджэру абы къыхашэ зэрыхъуамрэщ.
Къэбэрдей-Балъкъэрыр къэдгъэлъагъуэмэ, хьэрычэт IэнатIэ мащIэмрэ курытымрэ хыхьэу, егъэджэныгъэм пыщIа хуэIухуэщIэхэм хэт IуэхущIапIэу 6 ди республикэм щатхащ. Абыхэм ящыщу 2-м пластикым къыхэщIыкIа ручкэхэр, тетрадхэр, пеналхэр, линейкэхэр, тхылътелъхьэхэр, н. къ. къыщIагъэкI, 2-м – тхылъымпIэм тедза тхылъхэмрэ тетрадхэмрэ, 2-м – тхылъылъэхэмрэ плIэидзэхэмрэ.
«Хьэрычэт IэнатIэ мащIэмрэ курытымрэ хыхьэу еджакIуэхэм я школ хьэпшыпхэр къыщIэзыгъэкI IуэхущIапIэхэм я бжыгъэм хэмыхъуэмэ, хэщIыркъым. Ар къызыхэкIри, абыхэм я продукцэхэм щIэупщIэ зэраIэрщ. Псом хуэмыдэу бжыгъэ лъабжьэ зиIэ лабораторэхэм, глобусхэм, нэгъуэщI технологие пэрытхэм. И щхьэусыгъуэри, къэралым и егъэджэныгъэ IэнатIэр иджырей мардэм жыджэру зэрыхуэкIуэрщ икIи апхуэдэ Iэмэпсымэхэр къыщIэзыгъэкIхэм я бжыгъэм процент 59-кIэ хэхъуащ. Апхуэдэуи, щIэупщIэ зиIэхэм хохьэ пхъуантэхэр, плIэидзэхэр, тхылъылъэхэр, сумкэхэр, сабий шхыныгъуэхэр къыщIэзыгъэкI IуэхущIапIэхэр», - жиIащ МСП Корпорацэм и унафэщI Исаевич Александр.
УФ-м хьэрычэт IэнатIэ мащIэмрэ курытымрэ хыхьэу, школ хьэпшыпхэм щыщу тхылъылъэхэмрэ сумкэхэмрэ къыщIэзыгъэкI IуэхущIапIэхэм я бжыгъэр мин I,7-рэ, пластикым къыхэщIыкIа егъэджэныгъэ Iэмэпсымэхэр зыщIхэр мин I,3-м нэблагъэ, тхылъхэмрэ тетрадхэмрэ - 800-м щIигъу мэхъу.
ЩАУЕЙ Башир.