ЕкIуу зыкъагъэлъагъуэ

«Дубовкэ къалэм и Кубок» фIэщыгъэр зэрихьэу Волгоград областым и Дубовкэ къалэм щекIуэкIащ щIыналъэхэм кикбоксингымкIэ я зэхьэзэхуэ. Дзэ Iуэху хэхам хэкIуэдахэм я фэеплъу щытащ ар. Абы щызэпеуащ УФ-м и щIыналъэхэм ящыщу I7-м я спортсмен 400-м щIигъу.
Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу зэхьэзэхуэм хэтащ Аруан районым хыхьэ Джэрмэншык къуажэм и командэр.
ЗэIущIэхэм къарикIуахэр зэхалъхьэжа нэужь наIуэ къызэрыхъуамкIэ, илъэс I7 - I8 зи ныбжьхэм я деж, я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм, япэ увыпIэр къыщахьащ Джыназ Ахьмэдрэ (кг 54-рэ) Махуэ Имранрэ (кг 60). ЕтIуанэ хъуащ Джыназ Алихъан (кг 57-рэ), Молэ Мурат (кг 67-рэ), Бекъазий СулътIан (кг 75-рэ) сымэ.
Илъэс I5 - I6 зи ныбжьхэм я деж япэ увыпIэр къыщахьащ Вэрокъуэ Залым (кг 47-рэ), Къулым Элинэ (кг 33-рэ), Иуан Ролан (кг 54-рэ) сымэ. Алиханов Русланрэ (кг 45-рэ) КIэш Имранрэ (кг 5I-рэ) етIуанэ хъуащ. Гъащтэ Нурланрэ (кг 48-рэ) Бэждыгъу Темырланрэ (кг 45-рэ) домбеякъ медалхэр къахьащ.
Командэм и тренерыр КъБР-м КикбоксингымкIэ и федерацэм и унафэщIым и къуэдзэ Апажэ Рашидщ.
КЪУЭЖЕЙ Iэмин.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

10.08.2026 - 14:25

Темыркъаным и пшыхьхэр

КъБР-м и Музыкэ къэрал театрым мы махуэхэм щызэхуащIыжащ симфоние музыкэмкIэ «Темыркъаным и пшыхьхэр» фестивалыр.

10.08.2026 - 10:57

ХъугъуэфIыгъуэ куэ­дым я гъэтIылъыпIэ

Ди фIыр дымыгъэпудыну, ди Iейр дымыгъэпщкIуну илъэс пщIы бжыгъэ зыбжанэ хъуауэ дыкъыхуезыджэ икIи къыдэущие «Адыгэ псалъэ» газетым и мин 25-нэ къыдэкIыгъуэр ­дунейм къытехьакIэщ.

10.08.2026 - 09:30

Къэбэрдей-Балъкъэрым и ТекIуэныгъэ лъагъуэхэмкIэ

Тэрч районым хыхьэ Акъбащ Ищхъэрэ къуажэм иджы­благъэ щызэхэтащ «КъБР-м и ТекIуэныгъэ лъагъуэхэмкIэ» хэкупсэ лагерыр.

09.08.2026 - 11:22

Жылагъуэм хагъэзэгъэж

АДЫГЕЙ. «Адыгэ хасэ - Шэрджэс парламент» жылагъуэ IуэхущIапIэм щекIуэкIащ Хэкум къэзыгъэзэжахэм я махуэм хуэгъэпса стIол хъурей. 

08.08.2026 - 12:46

ЩIыналъэм еджапIэщIэ къыщызэIуах

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ хуэзащ КъБР-м щыIэ МВД-м и министр Крючков Вячеславрэ Урысейм и МВД-м и Кавказ-Ищхъэрэ институтым и унафэщIым и къалэнхэр пIалъэкIэ