«Дэ Урысейм дрицIыхущ»

А фIэщыгъэм щIэту Налшык,   ХьэтIохъущокъуэм и  жыг хадэм, дыгъуасэ Iуэху дахэ щекIуэкIащ. УФ-м и къэрал ныпым и махуэм къызэрагъэпэща дауэдапщэм хэтащ школакIуэхэр, волонтёрхэр, студентхэр, нэгъуэщI къалэдэсхэри.

Ди къэралым и дамыгъэ нэхъыщхьэм и зэхэлъы­-кIэм, абы и мыхьэнэм, и тхы­дэм теухуа псалъэмакъ щхьэпэ къызэхуэсахэм ­ира­­гъэкIуэкIащ. Ныбжьы­щIэхэм яхутепсэ­лъы­хьащ къэрал ныпым пщIэ хуэ­щIын,  хъумэн зэры­хуейм, хэкупсэу дызэрыщы­тыпхъэм.
А махуэм щхьэкIэ метрипщI и кIыхьагърэ метриплI и бгъуагъыу ирагъэщIа нып абрагъуэр щIалэгъуалэм зэпаIыгъыу Лермонтовым и цIэр зезыхьэ уэрамым нэс ирикIуащ, а Iуэхум кърихьэлIахэмрэ ­зы­­гъэпсэхупIэ паркым итхэмрэ нып цIыкIухэр хуагуэшащ.

 

 

Щомахуэ Залинэ. Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

10.09.2026 - 09:19

Щапхъэу щIэблэхэм къахуэнэнущ МэшбащIэр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ Адыгэ Республикэм и къалащхьэ Мей­къуапэ щызэхаша, тхакIуэ цIэрыIуэу, жылагъуэ лэжьакIуэ емызэшу щыта, Урысей Федерацэм ЛэжьыгъэмкIэ и ЛIыхъужь МэшбащIэ Исхь

10.09.2026 - 09:14

Ди адэхэм я щIыналъэр

СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм Ткаченкэ Анд­рей и цIэр зезыхьэм, гъэ­лъэ­гъуэныгъэ телъы­джэ щокIуэкI.

09.09.2026 - 09:03

ЩIалэгъуалэм я упщIэхэм нэхъыжьхэм жэуап ират

Дзэлыкъуэ районым щекIуэкIащ эктремизмэмрэ терроризмэмрэ щIа­лэгъуалэр пэIэщIэ щIыным теу­хуа зэIущIэхэр.

08.09.2026 - 09:13

ЕрыскъыхэкIхэм я къалащхьэщ Налшык

Налшык къалэр, ЗэгурыIуэныгъэм и утыр, мы махуэхэм Урысейм и ерыскъыхэкIхэм я къалащхьэхэм ящыщ зы ­хъуащ.

08.09.2026 - 09:12

Гъагъэ, си республикэ!

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэралыгъуэм и махуэр Театр щхъуантIэм щагъэлъэпIащ «Гъагъэ, си щIыналъэ!» гуфIэгъуэ концерт инымкIэ.