13 сентября, 2025 - 07:01
Шэджэм ЕтIуанэ - Булунгу гъуэгум хиубыдэ лъэмыжхэр зэгъэпэщыжыным епхауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым лэжьыгъэшхуэ щокIуэкI.
IэщIагъэлIхэм лъэмыжи 9 зэрагъэпэщыжыну къапэщылъти, 6-м лэжьыгъэр и кIэм щынагъэсащ. Псори зэхэту, абыхэм метр 215-рэ я кIыхьагъщ.
Нэхъ къаруушхуэ иджыпстукIэ зрахьэлIэр ухуэныгъищщ: псыежэххэу Шэджэмрэ Джунгу-Суурэ телъхэрщ. ЗэфIэгъэкIын хуей лэжьыгъэхэм я нэхъыбэр и кIэм нэсащ. Лъэмыжи 9-ри бжьыхьэм хьэзыр хъунущ.
Зи гугъу тщIы Iуэхур зэфIэкIмэ, абы иригъэфIэкIуэнур цIыхухэм я псэукIэм и закъуэкъым, атIэ туристхэми щIыпIэр нэхъ зекIуэгъуафIэ ящищIынущ.
ЧЭРИМ Марианнэ.