Бжьыхьэм и теплъэ зызыхъуэжыр

КъБР-м и Лъэпкъ музейм и пэшышхуэм  «Бжьыхьэ. Фэеплъ» зыфIаща гъэлъэ­гъуэныгъэ щокIуэкI. Хабзэ ­хъуауэ, ар къы­зэрагъэпэщ КъБР-м и Къэ­ралыгъуэмрэ къалэм и махуэмрэ ирихьэлIэу.

Музейм щагъэлъагъуэ сурэтыщI 52-м я лэжьыгъи 100-м щIигъу (живопись, графикэ, скульптурэ, монументаль­нэ гъуазджэ, уп­щIэм, ятIэ гъэжьам, пхъэм къы­хэщIыкIа хьэпшыпхэр, Iэщэхэр, дыщэ-ды­жьын­хэкIхэр). Лэжьыгъэхэр я теплъэкIи, плъы­фэкIи, инагъ-цIыкIуагъкIи зэщхьэщокI. Мы­хэр сурэтыщI Iэзэхэмрэ иджы дыдэ IэщIагъэм япэ лъэбакъуэ хэзычахэмрэ я IэдакъэщIэкIщ. 
Хэку зауэшхуэм хэкIуэда зауэлIхэм, нарт эпо­сым къыхэщ лIыхъужьхэм, адыгэ пща­щэхэм,Iуащхьэмахуэ, гъэм и зэманхэм, удз гъэгъахэм, нэгъуэщIхэми траухуа сурэтхэр ящIащ Ездэч Владимир, Бгъэжьнокъуэ ­Заурбэч, Тхьэзэплъыж Руслан, Иванниковэ Ольгэ, Иевлевэ Оксанэ, Ваниевэ Раисэ, Сорокин Сергей, Куп Эльмирэ, Ермолаевэ Аннэ, Палецкая Евгение, Жылэ Анатолэ, Джанкишиев Алий, Мазло Руслан, Маргъущ ­Анатолэ, Дзэгъэл Iэуес, Янин Александр, Акъ­­сы­рэ Викторие сымэ. Лэжьыгъэхэм къ­ы­­щы­гъэлъэгъуэжащ псыежэхым хуэдэ гъа­щIэм и теплъэгъуэхэр, цIыхухэм я сурэтхэр.
Гъэлъэгъуэныгъэм хуэфащэ увыпIэ щаубыдащ иджырей гъуазджэм и унэтIыныгъэхэми. ХьэцIыкIу Милэ ятIэ гъэжьам къыхищIыкIа и хьэкъущыкъухэмрэ ГъукIапщэ Арсен и скульптурэмрэ сыт и лъэныкъуэкIи удэзыхьэхщ.
Нэхъыщхьэу мы гъэлъэгъуэныгъэр зытеу­хуар бжьыхьэм и теплъэ зызыхъуэжырщ. Аращи, сурэтхэм щынэрылъагъущ республи­кэм и щIыуэпсыр гъэм и сыт хуэдэ зэманми, махуэми жэщми зэрыдахэр. ГъэщIэгъуэнракъэ, ахэр плъэгъуа иужь, «къытезгъэзэжу сеплъащэрэт» жыуагъэIэу малъхъэдисым хуэдэу узэщIашэ. СурэтыщIхэм Къэ­бэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэмрэ и щIы­уэпсымрэ хуаIэ лъагъуныгъэ иныр уздеплъ­ къудейм къыппкърыхьэу къыщIэ­кIынущ. 
ЗэрыжытIащи, мыбдеж щагъэлъагъуэ лъэпкъым къыдэгъуэгурыкIуэ щэнхабзэ ­хъугъуэфIыгъуэхэми щыщ. Ар адыгэм зэрихьэ Iэщэ-фащэхэрщ, хьэзырхэрщ, дыщэ, ды­жьын бгырыпххэрщ, бгъэIулъхэрщ, бзылъ­ху­гъэ­хэм зэрызагъэдахэ цIуугъэнэхэрщ, ар­джэн­хэрщ. Дыщэ IуданэкIэ хэдыкIа, ды­щэи­дэ­ щIа къэлътмакъхэм, хъыджэбз ­хьэ­п­шып­хэм къыпхузэIуах лъэпкъым къы­дэ­гъуэгурыкIуэ тхыпхъэхэм я дахагъэр. Абыхэм къахощ адыгэм и блэкIар, и тхыдэ гъуэ­гуа­нэр, и щэнхабзэ, гъуазджэ хъугъуэфIы­гъуэр.
Гъэлъэгъуэныгъэр къыщызэIуахым зрагъэхьэлIащ республикэм и сурэтыщIхэм, ­гъуазджэр фIыуэ зылъагъухэм, къалэм и хьэ­щIэхэм. Лэжьыгъэхэр фокIадэм и 17 пщIондэ ягъэлъэгъуэнущ. 
ТЕКIУЖЬ Заретэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

07.06.2026 - 15:02

ТекIуэныгъэр къыхуагъэфащэ

КъБКъУ-м ПравэмкIэ, экономикэмрэ финансхэмкIэ и институтым и «Юриспруденцэ» унэтIыныгъэм и 4-нэ курсым щеджэ Шыгъушэ ФатIимэ илъэс къэс екIуэкI ЩIэныгъэ лэжьыгъэхэмкIэ урысейпсо зэпеуэм и федеральн

07.06.2026 - 10:01

Сурэттеххэм дагъэлъагъу дахагъэр

«Свой стиль» зэгухьэныгъэм хэтхэм я къыкIэлъыкIуэ гъэлъэгъуэныгъэр Налшык къалэм, ХьэтIохъущокъуэм и хадэм ит розэхэм я хьэсэхэм деж къыщызэIуахащ.

06.06.2026 - 09:03

Гъуэгу насыпыншагъэхэм хохъуэж

КъБР-м и Парламентым иджыблагъэ щытепсэлъыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъуэгухэм шынагъуэншагъэр къызэрыщызэгъэпэщамрэ транспорт зэжьэхэуэхэм я бжыгъэр гъэмэщIэ­нымкIэ къагъэсэбэп Iэмалхэмрэ. 

05.06.2026 - 09:03

Саугъэтхэмрэ фэеплъ тыгъэхэмрэ хуагъэфащэ

КъБР-м щыIэ МВД-м ­щагъэлъэпIащ сабийхэм твор­чествэмкIэ я урысей­псо зэпеуэм, «Полицейский дядя Стёпа» фIэщыгъэр зезыхьэм, и республикэ Iыхьэм щытекIуахэр. 

05.06.2026 - 09:03

ДэIэпыкъуныгъэ хуэныкъуэу зыхуагъазэ

«Урысей зэкъуэт» политикэ партым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и Iуэху­щIапIэм лъэIукIэ зы­хуэ­зы­гъэ­захэм яIущIащ УФ-м и Къэрал Думэм и депутат Щхьэгуэш Адэлбий.