Хэхъуэр нэхъыбэщ

Кавказ Ищхъэрэм СтатистикэмкIэ и управленэм и къудамэу КъБР-м щыIэм къызэритамкIэ, Дызэрыт илъэсым и щIышылэм – бадзэуэгъуэм фэтэр куэду зэхэт унэу 21-рэ ящIащ, унагъуэхэм – 2380-рэ. Псори зэхэту псэупIэу яухуам метр зэбгъузэнатIэ мин 372,2-рэ яубыдащ. Нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ проценти 6,5-кIэ нэхъыбэщ ар. Къуажэдэсхэм псэупIэу яухуащ метр зэбгъузэнатIэ мин 210,3-рэ икIи 2024 гъэм и щIышылэм – бадзэуэгъуэм яхузэфIэкIам нэхърэ проценти 9,6-кIэ ар нэхъыбэщ.

Къапщытэж пIалъэм къриубыдэу республикэм къыщыщIагъэкIащ мэкъумэш продукцэу сом мелард 28,6-рэ и уасэ е нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм проценти 104,8-кIэ хуэкIуэу. Мэкъумэш IэнатIэм хьэцэпэцэр къыщрахьэлIэжащ, нартыхум, сахураным, кIэртIофым, хадэхэкIхэм иджыпсту йогугъу.

Дызэрыт илъэсым и шыщхьэуIум и 1-м ирихьэлIэу мэкъумэш, фермер, уней IуэхущIапIэхэм хьэцэпэцэмрэ джэш хъуреймрэ зэгъусэу (нартыхур хэмыту) гектар мин 29,9-м щыIуахыжащ. Ар процент 1,6-кIэ нэхъ мащIэщ нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм яхузэфIэкIам нэхърэ. Псори зэхэту къытрахащ тонн мини 107,5-рэ е нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ проценти 9,4-кIэ нэхъыбэ. Зы гектарым хуэзэу ику иту центнер 35,9-рэ къытрахащ, нэгъабэ а бжыгъэр зэрыхъуар центнер 32,3-рэщ.

2025 гъэм шыщхьэуIум и 1-м ирихьэлIэу республикэм и мэкъумэш, фермер, уней IуэхущIапIэхэм, унагъуэхэм зэхэту Iэщышхуэу мин 279,2-рэ яIащ. Нэгъабэ а бжыгъэр мин 272,9-рэ хъууэ щытащ. Абы щыщу мини 141,9-р жэму (мини 140,3-рэ). Кхъуэр мин 1,9-рэ (мини 4,1-рэ), мэлымрэ бжэнымрэ мин 443,7-рэ (мин 431,5-рэ), джэдкъазыр мелуани 5 (нэгъабэ щыIам хуэдизу къэнэжащ) хъуащ.

Республикэм Iэщышхуэу щаIыгъым и процент 72,2-р, жэмым и процент 68,2-р, кхъуэм и процент 99,5-р, мэлымрэ бжэнымрэ я процент 46,5-р, джэдкъазым и процент 35,2-р унагъуэхэм къалъос.

Къапщытэж пIалъэм къриубыдэу мэкъумэш, фермер, уней IуэхущIапIэхэмрэ унагъуэхэмрэ зэхэту лыуэ (псэууэ шэчауэ) къалэжьащ тонн мин 7I,4-рэ. 2024 гъэм и щIышылэм – бадзэуэгъуэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ ар проценти 10-кIэ нэхъыбэщ. Гъэшу къашащ тонн мин 304,4-рэ, нэгъабэрей бжыгъэхэм нэхърэ процент 0,4-кIэ нэхъыбэ. ДжэдыкIэу кърахащ мелуани 128,5-рэ е нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм яхузэфIэкIам нэхърэ проценти 2,3-кIэ нэхъыбэу.

Лырэ джэдкъазылу республикэм къыщалэжьам и процент 33,8-р, гъэшым и процент 69,2-р, джэдыкIэм и процент 79,7-р унагъуэхэм яйщ. Мэкъумэш, фермер, уней IуэхущIапIэхэм - процент 25,5-рэ, процент 18,2-рэ, проценти 2,6-рэ, зэрызэкIэлъыкIуэм хуэдэу къэгъэлъэгъуауэ.

Къыхэдгъэщынщи, 2025 гъэм и щIышылэм – бадзэуэгъуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и промышленнэ индексыр проценти 107-рэ хъуащ. Экономикэ унэтIыныгъэхэмкIэ зэпэщхьэхуэу къэдгъэлъагъуэмэ, щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэр къыщIэхынымкIэ – процент 95,5-рэ, продукцэхэр къыщIэзыгъэкIхэм, абыхэм елэжь IэнатIэхэм – проценти 111,2-рэ, электрокъарукIэ, газкIэ, хуабэкIэ къызэзыгъэпэщ, хьэуар зыгъэкъабзэ IэнатIэхэм - процент 91-рэ, псы яхуэзыутIыпщхэм, къагъэсэбэпар Iузышхэм, кIэрыхубжьэрыхухэр зэщIэзыкъуэхэм, уэрамхэр, пщIантIэхэр зэлъыIузыххэм - проценти 116,3-рэ мэхъу.

Къапщытэж пIалъэм къриубыдэу къыщIагъэкIа лым, пхъэщхьэмыщхьэ-хадэхэкI консервым, гъэшым, гъэшхэкIым, Iусыпхъэм, кислородым, пластмассэм, бетоным, гъущIым къыхэщIыкIа продукцэм, зэрылажьэ, полупроводник Iэмэпсымэхэм, автотранспортым и пкъыгъуэхэм, нэгъуэщIхэми я куэдагъым хэхъуащ.

Апхуэдэу щыхъукIи, нэкулъым, крупам, нарзаныпсхэм, зэрылажьэ щыгъыным, чырбышым, асфальтрэ бетонрэ зэхэщIам, рентген аппаратхэм, кабель лIэужьыгъуэхэм, медицинэм къыщагъэсэбэп Iэмэпсымэхэм я куэдагъым кIэрыхуащ. Электрокъарурэ хуабэу къалэжьари нэхъ мащIэ хъуащ а пIалъэм.

 

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

17.05.2026 - 09:03

Iэдэм и япэ лъэбакъуэхэр

Краснодар крайм хыхьэ ТIуапсы районым и Новомихайловскэ къуажэм иджыблагъэ щекIуэкIащ сабийхэм футболымкIэ я урысейпсо зэхьэзэхуэр, «MOLNIA CUP» фIэщыгъэр зезыхьэр.

16.05.2026 - 09:03

Наркотикым щахъумэ

КъБР-м щыIэ МВД-м къыщапщытэжащ «Ажалыр щащэр къыджеIэ» наркотикым пэщIэт урысейпсо акцэм и япэ Iыхьэм кърикIуахэр.

16.05.2026 - 09:03

Адыгэ цIыхубэ уэрэдыжьхэм я пшыхь

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым накъыгъэм и 14-м щекIуэкIащ адыгэ цIыхубэ уэрэдыжьхэм я фестиваль-зэпеуэ, КъБР-м и цIыхубэ артист, Адыгэ Республикэм щэнхабзэмкIэ щIы

15.05.2026 - 15:02

Къытхуэнащ и гуащIэр

УсакIуэ, зэдзэкIакIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ тхакIуэ, щэн­хабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэ­жьа­кIуэ Елгъэр Кашиф Мысост и къуэм и фэеплъ пхъэбгъу ар щыпсэуа, Лениным и цIэр зезыхьэ уэрамым тет 42

15.05.2026 - 09:03

Университетыр къыхызох

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэ­бэрдей-Балъкъэр къэрал университетым  и бжэхэр махуитIкIэ яхузэIуихащ школыр мы гъэм къэзыух ныбжьыщIэхэм.