ПсынщIэу зеужь, зэманым докIу

Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и махуэмрэ Черкесск къалэр илъэс 200 зэрырикъуамрэ щагъэлъэпIа дауэдапщэхэм хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек. 

«Зи юбилейр зыгъэлъапIэ къалэм сыщыIэу, Къэбэрдей-Балъкъэрым къыб­гъэдэкIыуи, си щхьэкIи къуэш ­щIыналъэм и унафэщI Темрезов Рашид ­Бориспий и къуэмрэ КъШР-м щыщхэм­рэ сехъуэхъуащ тхыдэ гъуэгуанэ къэ­зыкIуа а махуэ лъапIэхэмкIэ, - щетх Iэтащхьэм и напэкIуэцIым. - Къэрэшей-Шэрджэ­сыр псынщIэу зызыужь, зэманым декIу, ди къэралым и щIыпIэ дахэ дыдэхэм ящыщщ, я щэнхабзэ къызэ­рымыкIуэри, гъунэгъу хабзэри, зэныбжьэгъугъэри щахъумауэ. А псори республикэм ис цIыхубэр я къару емыблэжу зэрыла­жьэм, фIымрэ ехъулIэныгъэмрэ зэры­хуеIэм и фIыгъэщ. 
КъШР-м и къалащхьэм и махуэшхуэр ирихьэлIащ ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 80 щрикъу илъэсым. ЦIыхубэм ягу къагъэкIыж Гитлер и пыхъуэпышэхэм яте­кIуа я нэхъыжьхэм зэрахьа лIыгъэр. Иджыпсту ди къэралыр къахъумэу, щIыналъэ псоми къикIахэр зэкъуэту щызауэ дзэ Iуэху хэхам и губгъуэм итхэм я дежкIэ щапхъэшхуэщ абыхэм я зауэлI тхьэрыIуэмрэ Хэкумрэ зэрагъэпэжар. 
Къэрэшей-Шэрджэсым и цIыхубэм гурэ псэкIэ сохъуэхъу ехъулIэныгъэ, ефIэкIуэныгъэ яIэу, дэтхэнэ махуэми фIыгъуэ къыхуздахьу псэуну!»

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

09.09.2026 - 09:03

ЩIалэгъуалэм я упщIэхэм нэхъыжьхэм жэуап ират

Дзэлыкъуэ районым щекIуэкIащ эктремизмэмрэ терроризмэмрэ щIа­лэгъуалэр пэIэщIэ щIыным теу­хуа зэIущIэхэр.

08.09.2026 - 09:13

ЕрыскъыхэкIхэм я къалащхьэщ Налшык

Налшык къалэр, ЗэгурыIуэныгъэм и утыр, мы махуэхэм Урысейм и ерыскъыхэкIхэм я къалащхьэхэм ящыщ зы ­хъуащ.

08.09.2026 - 09:12

Гъагъэ, си республикэ!

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэралыгъуэм и махуэр Театр щхъуантIэм щагъэлъэпIащ «Гъагъэ, си щIыналъэ!» гуфIэгъуэ концерт инымкIэ. 

08.09.2026 - 09:10

«Кавказым - мамырыгъэ»

КъБР-м и Музыкэ къэрал театрым фокIадэм и 6-м щызэхуащIыжащ гъуаз­джэхэмкIэ «Кавказым - мамы­рыгъэ» XV лъэпкъхэм зэдай фес­тива­лыр.

08.09.2026 - 09:07

Къыщыуджащ Ищхъэрэ Мылылъэ хым

Налшык къалэм дэт лицей №2-м физикэмрэ астрономиемкIэ и егъэджа­кIуэ Къэшэж Аслъэн «Рос­атом»-м иригъэкIуэкI «Ледокол знаний» VII дунейпсо щIэныгъэ-узэ­щIакIуэ зе­кIуэм хэтахэм ящыщ зы ­хъуащ.