IэщIагъэм, щIэныгъэм, IэнатIэм зэхуишахэр

Кэнжэ дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм иджыблагъэ зэхуэс  дахэ  щекIуэ­кIащ. Абы щызэIущIащ ди республикэм хуабжьу зыщиубгъуауэ нобэр къы­здэсым щекIуэкI «Си бзэ – си псэ, си дуней» фестиваль-зэпеуэм жэр­дэм­щIакIуэ хуэхъуахэр, къызэ­зы­гъэ­пэщахэр, езыгъэкIуэкIахэр, ноби зи ­гуащIэ, чэнджэщ абы и щы­Iэныгъэм­рэ зыужьыныгъэмрэ хэ­зылъ­хьэ­хэр. 
Мы гъэм илъэс 25-рэ ирокъу «Си бзэ-си псэ, си дуней» зэпеуэр зэры­рагъа­жьэрэ. Абы и лъабжьэр зыгъэ­тIылъа къэпщытакIуэхэмрэ къызэгъэ­пэщакIуэхэмрэ зэхуэзэну мурад ща­щIым, ЩэнхабзэмкIэ унэм и уна­фэщI Мамий Заретэ IуэхущIапIэм къригъэб­лэгъащ адыгэбзэмрэ литературэмрэ зигурэ зи псэрэ етауэ хуэ­ла­жьэхэмрэ хуэлэжьахэмрэ. 
Ди республикэм и егъэджакIуэ нэхъыжьыIуэхэмрэ нэхъыфIхэмрэ зэхуэ­зышэсар «Си бзэ – си псэ, си дуней» зэпеуэр илъэс 20-м нэс езыгъэкIуэкIа, а зэманым къриубыдэу КъБР-м Егъэ­джэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм лъэпкъыбзэхэмкIэ и къудамэм адыгэбзэмрэ литературэмрэ и нэIэ щIэту лэжьа, УФ-м егъэджэны­гъэм­кIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Балэ Людмилэщ.
Зэхуэсым хэтащ Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэу илъэс 20-м щIигъукIэ лэжьа ХьэфIыцIэ ­Му­хьэмэд, композитор цIэрыIуэ Хьэ­IупIэ ДжэбрэIил, «Эльбрус» тхылъ­тедзапIэм и унафэщI Ацкъан Руслан, а Iуэху­щIапIэм и лэжьакIуэ Джэры- джэ Арсен, «Къэбэрдей-Балъкъэр» КъТРК-м и унафэщIу лэжьа, журналист цIэрыIуэ Къэзанш Людмилэ, КъБКъУ-м и Социально-гуманитарнэ институтым Адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и кафедрэм и егъэджакIуэ УнэлIокъуэ Вячеслав, Кэнжэ къуажэ администрацэм и Iэтащхьэ Стэпан Эдуард, егъэджакIуэхэр, къэпщыта­кIуахэр, къызэгъэпэщакIуэхэр, журналистхэр. 
Лэжьыгъэм, щIэныгъэм, IэщIагъэм зэныбжьэгъу зэхуищIа гуп дахэр гуа­пэу зэбгъэдэсащ а махуэм, лъэпкъым нэхъ лъапIэ дыдэу иIэ и анэдэлъхубзэр хъума зэрыхъунум, зэрызегъэу­жьыпхъэм, щIэблэм зэрыIурылъхьапхъэм теухуа гупсысэ куэд къыхалъхьэу, «Си бзэ – си псэ, си дуней» зэпеуэм и къежьапIэмрэ нобэ зытет гъуэгу дахэмрэ тепсэлъыхьыжу. 
Ар езышэжьа ХьэфIыцIэ Мухьэмэд жиIащ 1999 гъэм республикэ Iуэхуу ира­гъэжьа «Си бзэ – си псэ, си дунейр» къызэрыгуэкI зэпеуэм и жыпхъэм икIыу, республикэпсо фести­валь­-зэпеуэ хъуауэ иджыри зэре­кIуэ­кIым ущымыгуфIыкIынкIэ Iэмал зэ­римы­Iэр. 
- КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэны­гъэм­кIэ и министерствэмрэ «Адыгэ псалъэ» газетымрэ зэгъусэу къетхьэ­жьауэ щыта зэпеуэм и къалэн нэ­хъыщ­хьэр адыгэбзэр хъумэнырщ, ар щIэблэм яIурылъу къэгъэтэджынырщ, курыт еджапIэхэм гулъытэ нэхъыбэ щегъэгъуэтынырщ. 
Зы гъэ еджэгъуэм къриубыдэу еджа­кIуэ 1500-м нэблагъэ, школ 20-м щIигъу щыхэт щыIэт абы. Апхуэдэу IуэхуфIыр къыддащтащ Адыгэ Республикэми, Къэрэшей-Шэрджэсми, Шапсыгъми. 
Сэ жысIэркъым, «Си бзэ – си псэ, си дуней» республикэпсо зэпеуэм бзэм зригъэужьу. Ауэ сабийхэр анэдэлъхубзэм хуэгъэушынымкIэ, адыгэ къа­фэм, макъамэм щIэпIыкIынымкIэ, хабзэр, тхыдэр егъэщIэнымкIэ, адыгэ­хэм зэрахьэу щыта Iэщэ-фащэхэр, хьэп­шыпхэр, Iэмэпсымэхэр егъэцIы­хунымкIэ зэхьэзэхуэм иIэ мыхьэнэр къыпхуэмылъытэным хуэдизщ. 
КъищынэмыщIауэ, адыгэбзэр ку­рыт школхэм зэрыщрагъэдж щIы­кIэр егъэфIэкIуэныр, егъэджакIуэфIхэм я лэжьыгъэр гъэлъэпIэныр, ди бзэм и пщIэр къэIэтыжыныр ди мурад нэхъыщхьэти, хъарзынэу къыдэхъулIэрт. Иджыпсту ар КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерст­вэм езым и пщэ дилъхьэжауэ ирегъэ­кIуэкIри, дакIэлъоплъ, дащогуфIыкI.
Зэпеуэу къежьэу фестивалым хуэ­кIуа Iуэху иныр зигу къэкIар Къэзанш Людмилэу зэрыщытар къыхагъэщащ псоми а махуэм. Людмилэ сыт хуэдэ утыку къихьэми жеIэ «Адыгэ псалъэр» и «дыщ жьантIэу» зэрыщытыр. Мис а дыщым къыщрихьэжьа Iуэху дахэт фестиваль-зэпеуэр. 
- Апхуэдиз илъэскIэ а Iуэхур зи пщэ дэлъа, къэпщытэныгъэр жэуаплыныгъэшхуэ пылъу езыгъэкIуэкIа мы бзылъхугъэхэм фIыщIэшхуэ яхуэфащэщ. Сэ къызэрыслъытэмкIэ, адыгэр щыIэн, лъэпкъыбзэр, лъэпкъ щэнхабзэр, тхыдэр, хабзэр хъума хъун папщIэ къалэн нэхъ ин дыдэр зыгъэзащIэр егъэджакIуэхэращ. 
Дэри, телевиденэм, газетым, ра­диом­ щылажьэхэм бзэр хъумэным, зегъэужьыным теухуауэ къалэн куэд зэфIыдогъэкI, ауэ егъэджакIуэм и гуа­щIэм егъэпщэгъуейщ. А зэманым етхьэжьа Iуэхур иджыри нэхъри зиубгъуурэ къызэрыгъуэгурыкIуэм ущы­мыгуфIыкIынкIэ Iэмал иIэкъым. 

И лъабжьэри и купщIэри инщ
Зэпеуэр егъэкIуэкIыныр и пэм къыщыщIэдзауэ и кIэм нэс зи пщэ дэлъу щыта Балэ Людмилэ игу къегъэкIыж: 
1999 -2000 гъэ еджэгъуэм щыщIэ­дзауэ адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэхэм пап­щIэ «Си бзэ – си псэ, си дуней» рес­публикэпсо зэпеуэ егъэкIуэкIын жэрдэмыр «Адыгэ псалъэ» газетэм и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Му­хьэмэд къыхелъхьэ, Къэзанш Людмилэ и чэнджэщкIэ. Людэ сэрэ еджапIэм дыщызэдэлэжьат, ап­хуэдэ зэпеуэм и къызэгъэпэщыкIэм дыщыгъуазэт. ЩIэ­ныгъэ IуэхухэмкIэ а зэманым министру лэжьа Балъкъыз Михаилрэ абы и къуэдзэу щыта Къанкъул Людмилэрэ «Адыгэ псалъэ» газетым ­кърихьэжьа IуэхуфIыр даIыгъри, зэпеуэр ежьащ. Мыр псори къы­щIэс­Iуэтэжыр, ЛюдитIри дяпэ иту зэпеуэр еджапIэм къыщезыхьэжьахэм я фIы­щIэр сымыгъэкIуэдыну аращ. Псыпэр чэнжу къызэрыщIидзэм ­ещ­хьу, «Си бзэ - си псэ, си дуней» зэпеуэми щIэ­дзапIэу иIар еджапIэрщ, адэ­кIэ инрэ куууэ зиубгъуамэ, ар зи фIы­щIэр куэд мэхъу. 
Япэ гъэ еджэгъуэм зэпеуэм хэтахэр адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэхэрщ. «Учительская газета»-м «Илъэсым и егъэджакIуэ» зэпеуэр зэрыригъэкIуэкIым хуэдэу. Ауэ министрым и къуэдзэ Къан­къул Людмилэ и чэнджэщкIэ къы­кIэлъыкIуэ гъэ еджэгъуэхэм «Си бзэ - си псэ, си дуней» зэпеуэр фестивалым хуэкIуащ, абы хыхьа зэпеуэ зэмылIэужьыгъуэхэм фестивалым зрагъэубгъуащ. Иджы фестивалым хэтт еджакIуэхэм я зэпеуэ зэмы­лIэужьыгъуэхэри, псалъэм папщIэ, «Акъыл жан» зэхьэзэхуэр, «Си бзэ - си псэ, си дуней» творческэ лэжьыгъэр, «Зэрыдахащэ мы дунейр» - еджакIуэ сурэтыщIхэмрэ сурэттеххэмрэ зы­хэтыр, «Мыр псори зытеухуар аращ» и фIэщыгъэу адыгэ лъэпкъым и цIэр фIыкIэ жыжьэ зыгъэIуа цIыху цIэ­рыIуэхэм ятеухуа конференцхэр, «Си бзэ - си псэ» усэ зэпеуэхэр, нэгъуэщI­хэри.
ЕгъэджакIуэхэм папщIэ зэпеуэхэр мащIэтэкъым, ауэ нэхъыщхьэр егъэ­джэныгъэмкIэ къэрал стандарт щIэх-щIэхыурэ зызыхъуэжым къигъэув Iуэхугъуэхэм езэгъыу урокхэр егъэджакIуэхэм зэраухуэфым и фIагъыр къэпщытэнырт. Абы щыгъуэми IэмалыщIэу егъэджэныгъэм къыхыхьахэм егъэджакIуэхэм хащIыкIым, ахэр къызэрагъэсэбэпыфым, еджакIуэхэр ирагъэджым зэрыдрагъэхьэхыфым, езы сабийхэм я лэжьыгъэхэр къызэ­ры­зэрагъэпэщыфым, методикэм ехьэ­­лIауэ нэгъуэщI щэху куэди къызэ­рызэкъуахыфым зыщыгъэгъуэзэ­нырт.
ЕгъэджакIуэхэри гуп-гупу зэпеуэхэм щыгуэшыжат: сабий садым щы­ла­жьэхэр, пIэщIэдзэ классхэм щезы­гъаджэхэр, адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмкIэ егъэджакIуэхэр, адыгэ щэнхабзэмкIэ, хабзэмкIэ, гъуазджэмкIэ гупжьейхэр къызэзыгъэпэщ егъэ­джа­кIуэхэр, нэгъуэщI щIэныгъэхэр щра­гъэ­джкIэ, адыгэ лъэпкъым теухуа Iуэху­гъуэхэр езыхьэлIэ егъэджа­кIуэ­хэр. 
Фестивалым унэтIыныгъэ куэд иIэт, ар псори зытелэжьэжыр адыгэ щIэныгъэр лъэпкъ щIэблэм егъэщIэнырт, адыгэ хабзэр зи лъабжьэ гъэсэныгъэ лэ­жьыгъэр еджапIэ къэс щегъэфIэ­кIуэнырт, еджапIэхэр я лэжьыгъэфI­хэмкIэ зэдэгъэгуэшэнырт. 
Мы зэпеуэм къыщылъытат псори. Къапщтэмэ, еджапIэхэр адэ-анэхэм зэрадэлажьэри, къуажэм дэс нэхъыжьыфIхэм я деж сабийхэм ща­гъуэт дерсхэри, ахэр я IэпщIэлъэпщIагъымкIэ, я щIэныгъэмкIэ щIэблэм зэ­рыдэгуашэхэри. 
«Си бзэ - си псэ, си дуней» зэпеуэм и къызэгъэпэщакIуэхэм яхэтт адыгэ лъэпкъым и зыужьыныгъэмкIэ жэуап зыхь IуэхущIапIэхэр: Егъэджэныгэмрэ щIэ­ныгъэмкIэ министерствэр, Къэ­бэрдей-Балъкъэрым и Парламентым ЕгъэджэныгъэмкIэ и комитетыр, «Адыгэ псалъэ» газетыр, Къэбэрдей Адыгэ Хасэр, Дунейпсо Адыгэ Хасэр, ЕгъэджакIуэхэм я щIэныгъэр щы­хагъа­хъуэ институтыр, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр, Педколледжыр, Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр щIэ­ныгъэ институтыр, «Адыгэ унэ» ты­куэн-музейр, «Эльбрус» тхылъте­дза­пIэр, ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэр, Композиторхэм я зэгухьэныгъэр, Къэ­бэрдей-Балъкъэр радиор, Къэбэрдей-Балъкъэр телевиденэр, Що­джэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ фондыр. 
 Мы IуэхущIапIэ псоми я лIыкIуэхэр къэпщытакIуэхэм яхэтт, зэпеуэр къэ­рал Iуэху хъуат. Ар щекIуэкI къуа­жэм районым и унафэщIхэр, я нэхъыжьхэр, абы къыдэкIа цIыху цIэрыIуэхэр, ­къуажэдэсхэр, адэ-анэхэр хэтт.
Ауэ а Iуэхугъуэхэм я нэхъыщхьэр сабийхэмрэ егъэджакIуэхэмрэт. Абыхэм я зэдэлэжьэныгъэр, абыхэм я зэхуаку дэлъ пщIэмрэ лъагъуныгъэмрэт, адыгэб­зэр, адыгэ хабзэр зэра­хъумэным зэгъусэу зэрызэдекъурт. 
Сэ си къалэныр си чэнджэщ хуэныкъуэхэм садэIэпыкъунырт, къэпщы­такIуэхэмрэ къызэгъэпэщакIуэхэмрэ я лэжьыгъэр зэзгъэуIунырт, къызэзгъэпэщынырт, зэпеуэхэр иуха нэужь, дэфтэрхэр зэгъэпэщауэ текIуахэр щагъэлъапIэ зэIущIэхэр егъэкIуэкIынырт.
Зыри зыми къыдэхъулIэну къыщIэ­кIынтэкъым, къэпщытакIуэ гупым хэтахэр жэуаплъыныгъэ ин яхэлъу гу­мызагъэу мылэжьамэ. Уэшх къешх­ми, щIыIэ уаер етами, пщэдджы­жьым щыщIэдзауэ жэщ хъуху, уна­гъуэ Iуэхухэри къагъэнарэ, езыхэм я сомкIэ гъуэгу къытеувэу лэжьа гупым сыт хуэдэ фIыщIэри яхуэфащэщ. Гупым яхэтакъым дзыхь зыхуэзмыщI, зи щIэныгъэрэ IэзагъкIэ адрей псоми емыфIэкI егъэджакIуэ. Абы щыгъуэми гупыр инт, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, район къэс къикIырт сабий садхэм адыгэбзэ щезыгъэдж, пэщIэдзэ клас­схэр езыгъаджэ, адыгэбзэмкIэ егъэ­джакIуэ. Абыхэм я къалэным хыхьэр къэпщытакIуэхэм я лэжьыгъэм хэтыным и закъуэтэкъым, здэ­щыIам ща­лъэгъуа фIы псомкIи районым къыщыдэлажьэхэм дэгуэ­шэжын ­хуейт. 
Сэ нэхърэ нэхъыфI, нэхъ губзыгъэ, нэхъ Iущ цIыхущ дэтхэнэ зыри, ахэр си дамэт, си лэжьыгъэм и псэт, си къаруми, си щIэныгъэми, си лъэкIыныгъэми хагъахъуэу си гъусащ, сыт хуэдэ IуэхуфIхэри къыздаIыгъыу, сыткIи щIэ­гъэкъуэн къысхуэхъуу. 
ГъащIэр цIыхуфI куэдкIэ къысхуэуп­сат. Абыхэм ящыщу фIыщIэ ин яхуэфащэщ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм щы­лажьэу ди гъуса журналистхэми. Хэт газеткIэ, хэт радиокIэ, хэти телевиде­нэмкIэ дэнэ щекIуэкIари къатыжащ е тетхыхьыжащ. Апхуэдэ щIы­кIэкIэ зэпеуэр егъэджакIуэхэм я щIэ­ныгъэм щыхагъахъуэ институт хъуащ. Дэтхэнэ Iуэхугъуэри гуимыхужу екIуэ­кIырт, ­са­бийхэри, я адэ-анэхэри, ­егъэ­джа­кIуэхэри зэхьэзэхуэр щекIуэкI махуэм актер Iэзэхэт, режиссер те­лъы­джэхэт, къэфакIуэ бэлыхьхэт, IэпщIэ­лъэп­щIагъкIэ нэхъыфI узы­гъэ­лъыхъуэнхэт.
ЕгъэджакIуэфIым тхылъкIэкъым зэрыригъаджэр сабийхэр, гукIэщ, жаIэ. Гурэ псэкIэ зи щIэблэр зыгъэ­сэ­фын егъэджакIуэхэмрэ адэ-анэхэмрэ куэду тхьэм къыдит. 
ЖыIапхъэщ, зэпеуэм и лэжьыгъэм си гъусэу хэта егъэджакIуэхэр ноби къызэрыздекIуэкIыр, ЩэнхабзэмкIэ унэм щетхьэкI «Бзэрабзэ, си адыгэбзэ», «Анэбзэ», «Си бзэ - си псэ», «Акъыл жан», «Уи къежьапIэхэр», нэгъуэщI проект куэди къыддаIыгъыу къызэрытхэтыр. 
Лъэпкъыр зэпызыщIэ
Кэнжэ щекIуэкIа зэхуэсым кърихьэлIат Тыркум и Къайсэр къалэм дэт Эрджиес университетым щылажьэ ди лъэпкъэгъухэу, зэпеуэм и къэп­щытакIуэу щытахэм ящыщу Инчы Иринэрэ Тэнащ Тамарэрэ. 
Иринэ къэпщытакIуэ гупым къы­зэрыхэкIыжрэ илъэсийм щIигъуащ, ауэ адыгэбзэм ирилэжьэн къигъэнакъым. Эрджиес университетым Адыгэб­зэмрэ щэнхабзэмкIэ и кафедрэм доценту щолажьэ, адыгэбзэр хамэ къэралыбзэу щрегъэдж. Тырку университетым дерс зыбжанэ щрегъэдж, абыхэм ящыщщ адыгэ сабий литературэр. 
- Адыгэ сабий литературэмкIэ ез­гъаджэхэм нэхъ ягу дыхьэр, мы зэпеуэм и къэпщытакIуэхэм жыджэру яхэта, радиожурналист, тхакIуэ Вындыжь Марие и IэдакъэщIэкIхэрщ. Абы и сабий уэрэд цIыкIухэм нэмыщI, «Бзу анэм и уэрэд» япэ адыгэ мюзиклыр ядогъэцIыху хамэ къэралым щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм я щIэблэм. Ар хуабжьу ягу ирохь ди еджакIуэхэм, уеблэмэ дзапэ уэрэду зрагъэщIауэ жаIэ. 
Сэ езгъэджа, университетыр къызэ­риухрэ илъэс зыбжанэ хъу Беслъэней Хьэлимэ, колледжым адыгэбзэмкIэ щрегъаджэ, абы нэмыщI Адыгэ хасэм къе­кIуалIэхэми ядолажьэ. Ар апхуэдизкIэ дихьэхат а мюзиклми, Адыгэ Хасэм илъэсыр икIа нэужь ялэжьар къыщызэщIакъуэжу ягъэхьэзыр пшы­хьым щигъэуват. Абы къемыкIуэлIа зы адыгэ Къайсэр къыдэна хъунтэкъым. Мюзиклым сабий 30-м нэс хэтащ, ныбжькIэ зыщхьэщыкIыу. Абы­хэм фащэ дахэхэр хурагъэдри, екIуу утыку кърагъэхьат. 
Дэ ди къалэн нэхъыщхьэр хэкумрэ хамэ къэралхэм щыпсэу ди лъэп­къэгъу­хэмрэ зэпытщIэнырщ. «Си бзэ - си псэ, си дуней» фестиваль-зэпеуэр республикэм икIри, адыгэ щыпсэу хэгъэгухэми нэсащ. Сэ сыхуейт ар дя­пэкIэ нэгъуэщI къэралхэми къащтэу, дэнэ щыпсэу адыгэри зэпищIэу, программэ лъэрызехьэ хъуну.
2011 гъэхэм зэпеуэм сэ сыщыхыхьам федеральнэ стандартхэм зэхъуэкIы­ныгъэхэр халъхьэу хуежьа къудейт. Совет методикэм къыщхьэщыкIыу, егъэджакIуэр и закъуэу псалъэу дерсым щIэмыту, еджакIуэхэри жыджэру дерсым хэтыну къыщыгъэлъэгъуат стандартыщIэм. Ар егъэджэныгъэм хэпщэнымкIэ зэпеуэр хуабжьу сэбэп хъуауэ схужыIэнущ. 
А жыпхъэм къызэщIиубыдэ Iэмал гъуэ­зэджэ куэд щытлъэгъуащ дызы­щIэса дерсхэм. СтандартыщIэм къигъэув къалэнхэр адыгэбзэр егъэ­джы­ным хэзыпщар лъэпкъ егъэджакIуэхэращ. Ар щытлъэгъуащ зи гугъу тщIы фестивалым. Бзэр, хабзэр хъумэныр зэпеуэм и къалэн нэхъыщхьэу щытамэ, щIэныгъэ ухуэкIэм зыщихъуэжым нэхъыбэж хъуащ абы и пщэ къыдэхуэр. 
Мы зэIущIэм ди лэжьыгъэ Iыхьэ куэд сигу къигъэкIыжащ. Егъэджа­кIуэфIхэр, IэщIагъэлI цIэрыIуэхэр нобэ зэрыслъэгъуам папщIэ фIыщIэр зейр сыт щыгъуи ди пашэ Балэ Людмилэщ. Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд и нэIэ щIэту, дэтхэнэ зэпеуэри абы къы­дэлажьэхэм ятхыжурэ «Адыгэ псалъэм» етIуанэ махуэм къытехуэжу, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъу­рокъуэ Хьэутий, КъБКъУ-м и ректор Къарэмырзэ Барэсбий, КъБР-м егъэ­джэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм щылажьэу, ар зи IэмыщIэ илъа Балэ Людмилэ сымэ лэжьыгъэшхуэ ирагъэкIуэкIащ. Зэхьэзэхуэм щытекIуахэрат дэ Москва лъэпкъыбзэхэмкIэ щекIуэкI зэпеуэм тшэхэр икIи увыпIэ хъарзынэхэр къыщахьырт. Сэ хуитыныгъэ сиIэщ жысIэну: «Си бзэ – си псэ, си дуней» фестиваль-зэпеуэм адыгэбзэмрэ литературэмрэ зэрадж методикэщIэр зэхигъэуващ. 
Илъэсих хъуауэ Эрджиес университетым ЛитературэмкIэ и факультетым урысыбзэмрэ литературэмкIэ щре­гъаджэ Тэнащ Тамарэ: 
- Ди факультетым щеджэ тыркухэми нэгъуэщI лъэпкъхэм къыхэкIахэми яфIэгъэщIэгъуэну ядж ди къэралыбзэр икIи ар къэзыухахэр тырку-урыс фирмэшхуэхэм щолажьэ, щIэныгъэ IуэхущIапIэхэм егъэджакIуэу макIуэ, зэдзэкIакIуэу мэлажьэ. Адрей IэщIагъэхэм къащхьэщыкIыу, Тыркум щIэуп­щIэшхуэ щиIэщ урысыбзэр зыджа IэщIагъэлIхэм. Зы илъэсым студент 80-90 идогъаджэ.
«Си бзэ - си псэ, си дуней» зэпеуэм нэхърэ нэхъыфI Iуэху кърагъэжьэну къыщIэкIынкъым. Сыт хуэдэ къуажэ дыкIуами, сыт хуэдэ щIыналъэ дихьами жытIэрт: «Апхуэдэ щIэблэ диIэху, адыгэр дыкIуэдыжынукъым». Ирэ сэрэ дыкъэкIуэжауэ техуати, ди гуапэ дыдэу зыкъредгъэхьэлIащ мы зэхуэ­сым. Дэтхэнэ зы бзылъхугъэми гуа­щIэшхуэ къызэринэкIащ, ноби емы­тIысэхауэ мэлажьэ. 
А зэхьэзэхуэм хэтахэм ящыщу зы егъэджакIуи, зы сабии ягу ихужынукъым абы щыгъуэм екIуэкIар. Мис апхуэдэ Iуэхухэрщ щIэныгъэм, IэщIагъэм, Iэзагъым лъабжьэ хуэхъури, къызэтемыувыIэу егъэкIуэкIын хуей зэпеуэщ. 

Тхыгъэри сурэтри
НэщIэпыджэ Замирэ ейщ. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

12.11.2025 - 15:59

И щхьэпагъыр наIуэ ящI

Узыфэ зэрыцIалэхэм зэрапэщIэт вакцинэр зыхрагъэлъхьэн зэрамыдэм къишэ гугъуехьхэм теухуа зэIущIэ Налшык къалэ щекIуэкIащ.

12.11.2025 - 09:13

ЩIалэгъуалэм ягъуэт гулъытэм хохъуэ

Ди республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек яхуэзащ щIалэгъуалэ политикэм зегъэужьынымкIэ егъэджэныгъэ курсхэу «Къуэдзэхэм я школ» фIэщыгъэр зиIэ зэхыхьэм кърихьэлIахэм.

12.11.2025 - 09:11

Илъэс 90-р ягъэлъапIэ

Шэрэдж районыр бжыгъэ дахэ зэрырикъум теухуа зэхыхьэшхуэ щекIуэкIащ Къэщкъэтау. Абы хэтыну зэхуэсахэм псом япэу удз гъэгъахэр тралъхьащ Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэм я фэеплъым. 

12.11.2025 - 09:10

Миланэ и щIыхькIэ

Кэнжэ къуажэм дэт «Пять колец» спорт академием тхьэмахуэ кIуам щагъэ­лъэпIащ Китайм и Уси къалэм тхэквондомкIэ (ВТФ, Олимп джэгухэм хыхьэ лIэужьыгъуэмкIэ) щекIуэкIа дунейпсо чемпионатым и дыжьын ме

11.11.2025 - 12:00

КъыщIагъэкIым и куэдагъым хохъуэ

Кавказ Ищхъэрэм статистикэмкIэ и управленэм къызэритамкIэ, 2025 гъэм и мазибгъум къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым ерыскъыхэкIхэмкIэ и промышленнэ индексыр проценти 102,2-рэ хъуащ.